Адыгэ лIакъуэхэр

Абазэхэхэр

Абазэхэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщ зыуэ щытащ, иджы адыгейкIэ (кIахэ адыгэкIэ) дызэджэм хыхьэ зы гупщ. Пасэ зэманым лъэпкъым и цIыхухэр нэхъыбэу зэлэжьу щытар гъавэ щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэщ, апхуэдэу абыхэм яIэт жыг хадэ хъарзынэхэри. ЩIым къытрах, Iэщым къыпах хъерымкIэ сату дащIырт я гъунэгъу лъэпкъхэм.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм Кавказыр къэгъэIурыщIэным хуэунэтIауэ урысей пащтыхьхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм я зэранкIэ абазэхэхэм ящыщу я лъахэм къинэжыгъар цIыхуу исам и Iыхьэ пщIанэрщ. 1863 гъэм генерал Евдокимовым а лъэпкъым ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ахэр Псыжь Iуфэ и тафэ щIыпIэхэм итIысхьэн е 1864 гъэм и мазаем и 1 пщIондэ Тыркум Iэпхъуэн хуейт. Унафэр зымыдахэр хэкум икIыжащ, адрейхэр къуршым ихьэжыгъащ, ауэ бгыхэми ахэр къахъумэфакъым: щIыIэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ икIуэдыкIащ. 1901 гъэм абазэхэ адыгэу Кубань областым къинэжар цIыху мини 5-м щIигъуртэкъым.
Абазэхэ адыгэхэр нобэ куэд хъужыркъым. Ахэр щопсэу Хьэкуринэхьэблэ, Мамхэгъ жылэхэм (Адыгэ Республикэ). А жылэхэр тIысауэ щытащ 1862-1863 гъэхэм, Хуарзэ псыр яку дэжу. 1958 гъэм Хьэкуринэхьэблэрэ Мамхэгърэ зэгуагъэхьэжри Щоджэнхьэблэ къуажэ къызэрагъэпэщащ. Адыгэ Республикэр къэунэхуа нэужь ахэр зэгуагъэкIыжри, япэм яIа цIэхэр иратыжащ. А жылэхэм щыпсэухэрщ адыгэбзэм и абазэхэ диалектым ирипсалъэхэр.

Беслъэнейхэр

 «Беслъэней» фIэщыгъэцIэр къэбэрдеипщхэр къызытепщIыкIыжа Инал и къуэ Къэсей и къуэ Беслъэн деж къыщежьэу тхыдэтххэм хуагъэфащэ.
Курыт лIэщIыгъуэхэм беслъэнейхэр Псыжь и адрыщI Лабэ и Iуфэ щIыпIэхэм щыпсэуащ. Беслъэней пщыхэм я къежьапIэр Инал и лIакъуэ Къанокъуэщ, ауэ ахэри унагъуитIу гуэшыжащ – Щолэхъухэрэ Бэчмырзэхэрэ. А унагъуитIым яIэщIэлъащ щIышхуэ, БеслъэнейкIэ еджэу. Беслъэнейхэр къэбэрдейхэм къакIэлъыкIуэу адыгэ лъахэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыпсэурт. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм беслъэнейхэр я бжыгъэкIи, я псэукIэкIи адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ лъэщхэм ящыщ хъуат. Ауэ абы и цIыху куэд Кавказ зауэм хэкIуэдащ, нэхъыбэж Тыркум Iэпхъуащ. Къэбэрдейхэмрэ кIэмыргуейхэмрэ яку дэса беслъэнейхэр хэкум икIыжа нэужь, зэпыча хъуащ къуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэм я зэпыщIэныгъэр, къэбэрдей адыгэбзэр адрей адыгэхэм я бзэм къыгуэщхьэхукIащ.
Мы зэманым беслъэнейхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Беслъэней, ВакIуэжылэ къуажэхэм, Адыгэ Республикэм хыхьэ Блашэпсынэрэ Улапрэ, Краснодар крайм щыщ Успен районым и Кургъуокъуейрэ Къанокъуейрэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, беслъэнейхэр цIыху мини 8-м ноблагъэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и беслъэней диалектым иропсалъэхэр. 

Бжьэдыгъухэр

Ижь-ижьыж лъандэрэ бжьэдыгъухэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм – ТIуапсырэ Шачэрэ (Сочирэ) я зэхуакум щыпсэуащ. Ахэр къэгъуэгурыкIуащ тIууэ гуэшауэ – хъымыщейхэмрэ чэчэнейхэмрэ. XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм бжьэдыгъухэм тенджыз Iуфэр ябгынэри Кавказ къуршхэм я ищхъэрэ лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. XVII лIэщIыгъуэм икIэхэм абыхэм яIыгъащ IэфIыпс псыхъуэм къыщегъэжьауэ Пшышэ нэс.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм я щхьэхуитыныгъэм папщIэ бжьэдыгъу мэкъумэшыщIэхэм бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. 1796 гъэм щыIа Бзиикъуэ зауэм къыщыщIэдзауэ 1856 гъэ пщIондэ ар екIуэкIащ, зэм гъэпщылIакIуэхэр зэми лэжьакIуэбэр текIуэу. Уэркъ-мэкъумэшыщIэ зауэр 1856 гъэм иухащ, пщы-уэркъхэр хэкум ирахуауэ, республикэ псэукIэ лъахэм щагъэпсауэ. Абы и унафэр цIыху 18 зыхэт тхьэрыIуэ хасэм и IэмыщIэ илът. Бжьэдыгъухэм я республикэр зэрыщыIар илъэсищ къудейщ – 1859 гъэм лъахэр урыс пащтыхьыдзэм иубыдри адыгэхэм я демократ псэукIэр икъутэжащ.
Иджыпсту бжьэдыгъухэр зэуIуу щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум. Бжьэдыгъухэр адыгеибзэм (кIахэ адыгэбзэм) иропсалъэ.
 

Думэн Хьэсэн.
Поделиться: