Артистхэм езым я нэщэнэхэр яIэжщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мысостышхуэ Маринэ ди псэлъэгъущ.
- Маринэ, уи сабиигъуэм щегъэжьауэ театрыр къызэрыпцIыхуам шэч къытесхьэркъым, Пщызэбийрэ КIунэрэ я дунейр арати. Театрыр дауэ къыпщыхъурэт абы щыгъуэм?
- Театрыр ди унэ етIуанэ хуэдэт. Спектаклхэм сеплъ зэпытт, лъэпкъ театрыр нэгъуэщI щIыналъэхэм щежьэкIэ, сэри срагъусэт. Уеблэмэ сыцIыкIу дыдэуи спектакль зыбжанэм зыкъыщызгъэлъэгъуэну къысхуихуащ. Илъэситху сыхъуми арагъэнт, «Медея» спектаклым сыщыхэтам. ГъэщIэгъуэн къысщыщIат абы щыгъуэм. Медея и бынхэр щеукIыж а спектаклым, аращи, дылIа хуэдэу зыкъэдгъэлъэгъуэн хуейти, и мычэзууэ сыкъыкъуэплъри, псори зэIызгъыхьэ пэтащ.
    Актерхэм махуэ къэс уащыIущIэкIэ, дауи, уесэнтэкъэ?! Уеблэмэ хьэщIапIэ хэт деж дымыкIуами, зыгуэр хамэу зэи къысщыхъуакъым. Болэ Мурат, Сонэ Мухьэрбий, ДыщэкI КIунэ, а зэманым театрым зи гуащIэ хэзылъхьа нэхъыжьыфIхэр икъукIэ я лэжьыгъэкIи цIыху хэтыкIэкIи узыщIэхъуэпсынт, щапхъэт.
- Маринэ, зэуэ къыбгурыIуа гъащIэ IэщIагъэ пхуэхъунур?
- Къыхэсхыну IэщIагъэм сегупсысу, курыт еджапIэр къыщызух гъэ дыдэм Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр институтым (Москва къалэм) ягъэкIуэнухэр къыхахыу ирихьэлIащ. Сэ абы сыщIэтIысхьэну сызэрыхуейр занщIэу жысIащ, арщхьэкIэ мамэ арэзытэкъым. Ерыскъыхэр щагъэхьэзыр еджапIэм сыщIэтIысхьэныр нэхъ фIэтэмэмт абы. Сэ сыпщэфIэну сфIэфIт, хъарзынэуи а Iуэхур къызэхъулIэрти, арагъэнт абы щIытригъэчыныхьыр. Актерым и улахуэр зэрымащIэр, щыщIыIи щыхуаби къуажэхэм кIуэн хуей зэрыхъур - сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ сыхущIригъэгъуэжыну ар хэмытами: «Сэри уэ уэщхьу утыкум ситыну сыхуейщ», - жысIэри сыукъуэдиящ икIи 1984-1988 гъэхэм ди щыхьэрым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ.
- Уи япэ ролхэр сыт хуэдэт?
- 1986 гъэм япэ дыдэу Фырэ Руслан игъэувауэ щытащ Толстой Алексей и тхыгъэм къытращIыкIа «Бгъэмрэ бгъэ анэмрэ» спектаклыр. Абы еджапIэ нэужьым къикIыжахэр дыхагъэхьауэ щытащ. Псалъэ сиIакъым, ауэ абы пащтыхь гуащэ Старицкая Ефросинье и пхъурылъху цIыкIуу сыщыджэгуат. Абы къыкIэлъыкIуэу, Хугаевым и пьесэм Къубатий Мухьэмэд къытрищIыкIа «Си щхьэгъусэм и щхьэгъусэ» спектаклым сыхагъэхьэри, илъэситIым и кIуэцIкIэ ар дгъэлъагъуэу Къэбэрдейр къызэхэткIухьащ. БжэIумых Бэллэрэ сэрэ Заретэ и ролыр дгъэзащIэрти, чэзуурэ къуажэхэм дыкIуэрт. АдэкIэ къыкIэлъыкIуащ «Уафэгъуагъуэ макъ», «Тыргъэтауэ» (ГущIасэ и ролыр) лэжьыгъэхэр.
Спектакль къэс сыт щыгъуи артистыр мэгузавэ, къызэхъулIэну, си джэгукIэр ягу ирихьыну пIэрэ, жиIэу. Апхуэдэу щымытамэ, ди зэфIэкIым тхухэгъэхъуэну къыщIэкIынтэкъым. СпектаклыщIэр щыдгъэлъагъуэ япэ пщыхьэщхьэр ар псоми ди зэхуэдэ гъэунэхуныгъэщ. Умыгузавэмэ, умыартисту аращ.
    - Уи ролыр зэрыбгъэзэщIам теухуауэ КIунэ уи критик нэхъыщхьэр?
    -  КIунэ критик къудей мыхъуу, икъукIэ критик ткIийщ (мэдыхьэшх-Б.Л.). Пщызэбий дадэ, арат абы дызэреджэу щытар, нэхъ гумащIэт. Абы зыгуэр игу иримыхьамэ, махуэ зыбжанэкIэ езым ар игъэвынути, итIанэ убгъэдэсу и чэнджэщ къуихьэлIэну арат. Нэхъыбэрэ абы гу зылъызигъатэр си бзэр зэрезгъэфIэкIуэнырт.
   - Сыт хуэдэ роль ущIэхъуэпсрэ, Маринэ?
   - ЖысIэну тIэкIу емыкIуми сщIэркъым, ауэ си анэм ищIа образыр си щапхъэщ. Тыргъэтауэ хуэдэу зэфIэкI, къару зиIэ цIыхубз ролщ зи гугъу сщIыр. Ауэ згъэзэщIарэт жысIэу сиIэ хъуэпсапIэр - ар щэхущ. Артистхэм, дызэрыпщIэщи, езыхэм я нэщэнэ гуэрхэр я фIэщ хъужу яIэщ. Псалъэм папщIэ, театр утыкум щIыбкIэ зыхуэбгъазэ хъунукъым. Абы ещхьщ уи хъуэпсапIэр жыпIэмэ, къыдэмыхъулIэну къызэрытщыхъури, нэгъуэщI куэди. Артистыр, къапщтэмэ, сабийм хуэдэщ. Апхуэдэу щымытамэ, апхуэдиз хьэл-щэн зэхуэмыдэм дихьэфынутэкъым. Си анэ шыпхъур «Тыргъэтауэ» спектаклым щеплъам щыгъуэ, КIунэ къыжриIауэ щытат: «Апхуэдиз къарурэ узыншагъэрэ щхьэ бгъэкIуэдын хуей?!», - жиIэри. Артистым и къару химылъхьэмэ, ищIэр къехъулIэнукъым.
   - Маринэ, уи анэм и гъусэу утыкум ущыджэгуныр тынш хьэмэ гугъу?
   - «Гуащэ ябгэ» спектаклым илъэс куэд хъуауэ дыщызэдоджэгу гуащэрэ нысэу, къищынэмыщIауэ, «Уахътыншэ хъуахэр» лэжьыгъэм зэанэзэпхъуу дыхэтщ. Си дежкIэ сыт щыгъуи тыншщ КIунэ сыдэджэгуну, ауэ езыр гугъу езмыгъэхьу пIэрэ, жызоIэ (мэдыхьэшх). Къапщтэмэ, хьэл-щэнкIэ апхуэдэу гъунэгъуу ущызэрыцIыхум деж, утыкум псалъэншэуи ущызэгурыIуэфынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ ар сэбэп къытхуэхъуу къысщохъу.     
КъызгуроIуэ КIунэ сызэрырагъапщэр, абы къыхэкIыу си лэжьыгъэм нэхъ жэуаплыныгъэ схэлъын хуейуэ къысхуегъэув.

 

Епсэлъар Багъэтыр Луизэщ
Поделиться: