Андемыркъан и джатэ

Ди республикэм Гуманитар къэхутэныгъэмкIэ и институтым щIэлъ тхыгъэхэм зэрыжаIэмкIэ, Андемыркъан и джатэр зыщIар Хьэщэхэ ящыщ IэщIагъэлIщ. А гъукIэ унэцIэр XX лIэщIыгъуэ пщIондэ къоIу. Ауэ нэгъуэщI хъыбари щыIэщ, джатэр езы Лъэпщ и Iэдакъэ къыщIэкIауэ жиIэу. Ещанэ хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Андемыркъан и джатэр кърым хъан Долэтджэрий ейуэ щытащ, лIыхъужьым и лъэпкъэгъу гъэрхэр къригъэутIыпщыжыну абы деж щыкIуам щыгъуэ, хъаным и хэкум пэрыуэншэу изыгъэт ихьэпщIэ хуэдэу къритауэ.

    КъыкIэлъыкIуэ хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Андемыркъан и джатэр зыхъумар Шыпшхэщ. Къэбэрдейм Дондук-Омбэ къалмыкъ хъанымрэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ ипхъу Жанрэ я къуэ хъанышхуэ Дондуков Ион хьэщIэу къащыхуеблэгъам, а джатэр къэбэрдеипщхэм Шыпшхэ я деж къыщащэхуу хьэщIэм тыгъэ хуащIауэ яIуэтэж. Ауэ дауэ хъуа а джатэм и Iуэхур а псом иужькIэ? Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнращи – дауэ абы Къэбэрдейм къызэригъэзэжар?
    Дондук Омбэ дунейм ехыжа нэужь, хъаныгъуэр абы и къуэ Дондук Тайшэ Iэрыхьауэ щытащ. Пасэрей урыс тхыгъэхэм ущрохьэлIэ щIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым гу зылъамыта Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн. Зи гугъу тщIыр къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэтрэ Дондук Тайшэ къалмыкъ хъанымрэ хьэпшып гуэр зэпаубыдауэ зэрыщытам тепсэлъыхь тхыгъэхэрщ. А тIур щIызэдауэр зы джатэ закъуэщ. Дондук Тайшэ хъаныр урыс тетым губжьауэ хуотхьэусыхэ Къэбэрдейм къэна и мылъкум щыщу афэ джаниплI, фочитI, зы джатэ кърамытыжу. Ар къыщыхъуар I743 гъэрщ, илъэс 20-кIэ къалмыкъ хъаным и щхьэгъусэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Жан и дыщым къэкIуэжу зы илъэс дэкIа нэужь. I744 гъэм урыс къулыкъущIэ Спицын Никитэ Дондук Тайшэ деж щыIэу щыхьэт тохъуэ абы афэ джанэхэмрэ фочитIрэ зэрыратыжам, ауэ, гъэщIэгъуэнкъэ, джатэр иратыжауэ жиIэркъым. Дондук Тайшэми урысхэр хегъэзыхь, Индыл хъанхэм я пашэу щыта и адэшхуэм урысхэм я щIыхуэ зэрытелъыр къыдригъэжеижурэ. Ауэ сыт хуэдиз сабэ дримыпхъейми, хъаным зыхуейр Iэрыхьэркъым. I744 гъэм мэлыжьыхьым и I3-м хъаным деж Iуэхур зэхагъэкIыну урыс тепщэгъуэм къыбгъэдэкIыу Кольцов бригадирымрэ зи гугъу тщIа полковник Спицын Никитэрэ макIуэ, Къэбэрдейм къыбгъэдэкIыу - ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт. Хъаным аргуэру ткIийуэ къапеубыд I742 гъэм и хэкум ираха джатэр къратыжыну. Хъанхэм я бзаджагъэм щыгъуазэ ХьэтIохъущокъуэм иджы ибзыщIыркъым джатэр Къэбэрдейм зэрыщыIэр, ауэ ар зыIыгъри здэщыIэ щIыпIэри и жэуапым къыхимыгъахуэу, къаугъэи къимыIэту хъаным и гугъэр джатэм хрегъэхыж. Дондук Тайшэри сыт имыщIэми зыхуейр зэрыIэрымыхьэнур къыщыгурыIуэм, мэбэяуж.
    Сыт иджы а джатэм лъэпкъитIым зэпаубыдын хуэдизу хэлъар? XVIII лIэщIыгъуэм фочхэр куэдкIэ нэхъ лъапIэт джатэм нэхърэ. Сыт икIи хъаным афэ джанэхэмрэ фочхэмрэ иратыжу джатэр къыщIагъэнар? Андемыркъан и джатэр армырауэ пIэрэ зи гугъу ящIыр? ХьэтIохъущокъуэ Жан Къэбэрдейм щыкIуэжым игу къэмыкIауэ пIэрэ и хэкум апхуэдизу фIыуэ щалъагъу лIыхъужьым и фэеплъыр здихьыжыну?
Аращ Андемыркъан и джатэм и хъыбару дэфтэрхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ къыхэщыр. Абы и ужькIэ лIэщIыгъуэ псо дэкIауэ, XIX лIэщIыгъуэм, Хъан-Джэрий джатэ лъапIэ гуэрым топсэлъыхь, ари Андемыркъан и джатэрауэ уригъэгупсысу:
«Шумнокъуэхэ я унагъуэм пасэрей джатэ гуэр илъщ, тхьэпэлъытэу ябж гъукIэм и IэдакъэщIэкIыу ябжу. Ар хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм Шумнокъуэхэ я лъапсэр щызэтракъутэм щыгъуэ къагъуэтати, цIыху цIэрыIуэ гуэрым и фIыгъэкIэ зейм иратыжащ иужькIэ. СощIэж абы пыщIа зэхуэсышхуэр. Шумнокъуэхэ я унафэ щIэт уэркъ щитI къуажэм къэкIуауэ, зым и ужьым зыр иту лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэр къахуэзыхьыжам и цей къуащIэм ба хуащIхэурэ зэблэкIхэрт. А джатэм теухуауэ хъыбар куэд щыIэщ, зэгуэр стхыжын си мураду».
   Ехъутэныдж Хьэсэн,
«Фэплъхэр щыхьэт тохъуэ», 1984 гъэ.
 
 

 

ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ.
Поделиться: