Адыгэ лIакъуэхэр

Мамхэгъхэр

И цIэр къанэу кIуэдыжа адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ.
Мамхэгъхэр Щхьэгуащэрэ Куржыпсымрэ я зэхуаку щимэу дэлъ щIы Iыхьэм щыпсэуащ. Языныкъуэхэм ахэр абазэхэхэм ящыщу ябжырт, ауэ езы мамхэгъхэм апхуэдэу къалъытэртэкъым. Мамхэгъхэр, абазэхэхэм, натыхъуейхэм, нэгъуэщI адыгэ лъэпкъхэм хуэдэу, пщырэ-пщылIрэ ямыIэу псэуащ; адыгэ лъахэр яубыдыну къыхуеIэ бийхэм ахэр лъэщу езэуащ.
Кавказ зауэр Мамхэгъхэм я щIыналъэм 1822 гъэм къэсащ. Урыс генералхэм Мамхэгъ адыгэ унагъуэу зы мин хуэдиз залымыгъэкIэ Прочный окоп быдапIэм и Iэхэлъахэм ягъэIэпхъуащ. Мейкъуапэ верстихкIэ пэжыжьэу тIысащ Пэтыкъуейр, Куржыпс станицэм ищхьэIуэкIэ зы версткIэ удэкIуеймэ – Дыгъухьэблэр, ХьэщIэмырзейр иджырей Тульскэ станицэр здэщыс щIыпIэм, Къуралыр – Щхьэгуащэрэ Куржыпсымрэ я тIуащIэм. Мамхэгъхэр ямыгъэIэпхъуэ щIыкIэ унагъуэ 1500-рэ хъууэ щытащ.
Адрей адыгэ лъэпкъхэм, псом хуэмыдэу абазэхэхэм я нэгу щIэкIам хуэдэ Мамхэгъхэми ялъэгъуащ. Зауэ кIыхьхэм, уз зэрыцIалэ Iейхэм, ИстамбылакIуэм а лъэпкъ цIыкIум и цIыху бжыгъэр ягъэкIуэщIащ, къэнар хуэмурэ зыхэс адрей адыгэ лъэпкъхэм (п.п., абазэхэхэм) хэшыпсыхьыжащ.

Мэхъуэшхэр

Я бжыгъэкIи, щIыналъэкIи мэхъуэшхэр адрей адыгэ лъэпкъхэм нэхърэ нэхъ мащIэщ. Ахэр беслъэнейхэм я гъунэгъуу къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэуащ, Хуарзэ, Псыхур, Iэл псыхэм я тIуащIэхэр яIыгъыу. Я лъэпкъыцIэр къызыхэкIар нахуэкъым.
Мэхъуэшхэм я псэлъэкIэр кIахэ адыгэхэм ейм нэхъ ещхьщ, ауэ зи гъунэгъу беслъэнейхэр зэрыпсалъэми мащIэу тохуэ. Я гъунэгъухэм зрагъэзэгъыу, зауэ-банэ хэмыту, ауэ я щхьэхуитыныгъэхэр мэхъуэшхэм яхъумэжыфу къэгъуэгурыкIуащ. КъухьэпIэмкIэ щыIэ адыгэхэм къащхьэщыкIыу абыхэм пщы яIащ – Бэгъэрсокъуэхэ. Абы хуэжыIэщIэу зэрыщытым и фIыгъэкIэ мэхъуэшхэр зэгурыIуэхэу икIи хуэщIауэ псэуащ. Нэхъыбэу ахэр Iэщ гъэхъуным елэжьхэрт, апхуэдэу я щIыр пшэрти, гъавэ бэви къытекIырт.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм адрей адыгэ лъэпкъ псоми я щхьэм кърикIуам хуэдэ мэхъуэшхэр хъуащ: Кавказ зауэм и цIыхуу куэд хэкIуэдащ, куэдми адэжь лъахэр ябгынэри Тыркум Iэпхъуащ.
Мэхъуэшхэри адыгейуэ ятх, адыгей литературэбзэм иропсалъэ. Абыхэм уащыхуозэ адыгэ диаспорэ здэщыIэ къэралхэми.

Натыхъуейхэр

XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм я бжыгъэкIэ натыхъуейхэр (натхъуаджэхэр) адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм я бжыгъэр мин 240-м нэсырт. Натыхъуейхэм я щIыналъэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Пщызэ псым, къуэкIыпIэмкIэ – Адэгум нэсырт, я щIыбымкIэ абазэхэхэр къыщыст. Ахэр щIым телэжьыхьырт, Iэщ, бжьэ ягъэхъурт; сату дащIырт Тыркум, Кърымым, Урысейм. Иужьрейм къыщащэхурт шыгъу, гын, щэкI, гъущIхэкI Iэмэпсымэхэр. Езыхэм ящэрт фо, шэху, тхъу, гуэдз, цы, нэгъуэщIхэри.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм пщырэ пщылIрэ щымыIэу, демократ жылагъуэ зэхэтыкIэм тету натыхъуейхэр псэуащ. ЩIыналъэм лъэпкъ унафэхэр щызезыгъакIуэр хасэрт. Натыхъуей адыгэхэр ерыщу щIэбэнащ я щхьэхуитыныгъэм. Кавказ зауэр иуха нэужь, адрей адыгэ лъэпкъхэми хуэдэу, абыхэм я нэхъыбэр залымыгъэкIэ Тыркум ягъэIэпхъуащ. Хэкужьым къинэжар мащIэ дыдэщ. Иджы Адыгэ Республикэм Натыхъуей фIэщыгъэцIэр зэрихьэу зы къуажэ закъуэщ щыIэр.
Натыхъуейхэр «адыгей» жиIэу ятх, адыгей литературэбзэм иропсалъэ.

Убыххэр

И цIэр къанэу кIуэдыжа адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ.
УбыхкIэ зэджэ адыгэ лъэпкъ мыиныр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуащ, иджырей Сочи къалэм и Iэгъуэблагъэхэм. XIX лIэщIыгъуэм абыхэм я щIыналъэм хыхьэрт Шахэ, Шачэ, Хъуэст псыхъуэхэр. Я гъунэгъу адыгэ, абазэ лъэпкъхэм убыххэр зэрахэзэрыхьыжам къыхэкIыу, абыхэм я лъахэр здынэсу щытар нобэ къэхутэжыгъуейщ. Убыххэм езыхэм я бзэ къыпыщхьэхукIауэ, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ яку дэту, яIэжт. Языныкъуэ дэфтэр тхыгъэжьхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, абыхэм я бжыгъэр 9.600-12.000 хъурт.
Убыххэр жылагъуэ щхьэхуит зыбжанэу зэхэтащ: абыхэм я унафэщIхэр лIакъуэлIэшхэрт е Iэ IэткIэ хаха тхьэмадэхэрт. 1864 гъэм, Кавказ зауэр иуха нэужь, убыххэм, къэмынэIауэ, заIэтри Тыркум Iэпхъуащ. Абыхэм я щIэблэ иджыри хамэ къэралхэм уащрохьэлIэ, ауэ я бзэр зыщIэж яхэткъым. Убыххэр ящыщщ тхыдэ къэхъугъэхэм дунейм трагъэкъэбзыкIыжа лъэпкъхэм.
XIX лIэщIыгъуэхэм убыххэр муслъымэн диным итахэщ, ауэ абы ящигъэгъупщэфакъым я пасэрей мажуси хабзэхэри. Абыхэм тхьэ пэлъытэу, ягъэлъапIэу яIащ жыгхэр, мэз гуэрэнхэр. Апхуэдэ щIыпIэхэм тхьэ щелъэIурт, къурмэн Iэщыр щаукIырт.
 

Думэн Хьэсэн.
Поделиться: