Адыгэ лIакъуэхэр

Хьэтыкъуейхэр

Хьэтыкъуейхэр адыгэ нэхъ лъэпкъышхуэхэм ящыщащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ ныкъуэм абыхэм я бжыгъэр мини 160-рэ хъурт. Хьэтыкъуейхэр Псыжьрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэсащ, къуэкIыпIэмкIэ кIэмыргуейхэр, къухьэпIэмкIэ бжьэдыгъухэр, къаблэмкIэ абазэхэхэр къабгъурысу. Хьэтыкъуейхэр нэхъыбэу Лабэ, Псыжь, Пщызэ, Щхьэгуащэ псыхэм я аузхэм щыпсэуащ: къулейуэ, зыхуей ягъуэту къэгъуэгурыкIуащ.

КъухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм къащхьэщыкIыу хьэтыкъуейхэм пщыхэр яIащ; ахэр къэбэрдейхэм быдэу япыщIауэ щытащ. Къэбэрдеипщ Беслъэн ПцIапцIэ я пашэу адыгэхэр Астырхъан (Астрахань) щытеуам щыгъуэ Хьэтыкъуейхэр ягъусащ. А лъэпкъым хъаныкъуэхэри яIэт. Псалъэм папщIэ, кърым хъан Джэрийхэм ящыщхэм я лъахэр къагъанэрти адыгэхэм къахэтIысхьэрт. Я пщыхэм хуэдэу хьэтыкъуейхэм абыхэм пщIэ хуащIырт.

Кавказыр къэгъэIурыщIэным теухуауэ XIX лIэщIыгъуэм екIуэкIа Iуэхугъуэшхуэм яужь хьэтыкъуей адыгэхэм  ящыщу хэкужьым къинэжар мащIэт: 1858 гъэм ахэр зэрыхъужыр мин 40-т. Ахэр нэхъ мащIэж хъуащ ИстамбылакIуэм иужькIэ.

Иджыпсту хьэтыкъуейхэр нэхъ зэуIуу щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум.

Хьэтыкъуейхэр адыгейуэ ятх, адыгей литературэбзэм иропсалъэхэр.

Шапсыгъэхэр

ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, VIII лIэщIыгъуэм шапсыгъхэри, къэбэрдейхэри, натыхъуейхэри къызытехъукIыжахэр Кърымым - Къэбартэ псым деж щыпсэуащ. ИужькIэ а щIыпIэр къагъанэри ахэр Кавказ къурш лъапэм къэIэпхъуащ. XVIII лIэщIыгъуэм Шапсыгъхэр псэуащ Псыжь (Кубань) и Iуфэр зи лъахэ абазэхэхэмрэ кIэмыргуейхэмрэ я гъунэгъуу. XIX лIэщIыгъуэм шапсыгъэхэм я лъахэр зыуэ щытыжакъым - ар Шапсыгъышхуэ, Шапсыгъ ЦIыкIу жиIэу зэгуэкIащ. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэми Псыжь и Iэгъуэблагъэми ахэр щыпсэуащ. Я бжыгъэкIэ шапсыгъэхэр адыгэ псоми я Iыхьэ ханэ хуэдиз хъурт - мин 300.

Шапсыгъхэр щIым телэжьыхьыным, гъавэшхуэ къытехыным нэгъэсауэ хуэIэзэт. Тхыдэ дэфтэрхэм къазэрыхэщымкIэ, егугъуу зэрамыхьэу зы щIапэ къагъанэртэкъым, зы дестынэм нартыхуу пути 150-рэ, гуэдзу пути 175-рэ, мэшу пут 80 - 120-рэ къытрахырт. Абыхэм Iэщи я куэдт.

Шапсыгъхэм IэщIагъэ яIэт: гъущIыкIэ эзэмылIэужьыгъуэхэм Iэмэпсымэ, Iэщэ къыхащIыкIырт, я упщIэхэр, щIакIуэхэр фIыти, я гъунэгъу лъэпкъхэм ящэхурт. Зы илъэсым къриубыдэу абыхэм я лъахэм дыщэ сом мин 400 и уасэ хьэпшып кърашэрт, езыхэм нэгъуэщI щIыпIэхэм ирагъашэрт сом мелуани 2-м щIигъу.

XVIII лIэщIыгъуэм шапсыгъ, абазэхэ, натыхъуей мэкъумэшыщIэхэм бэнэныгъэ гуащIэ драгъэкIуэкIащ лIакъуэлIэшхэм. 1796 гъэм Бзиикъуэ деж щекIуэкIа зауэм пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я тепщэныгъэм кIэ щратащ. ЦIыхухэр демократие псэукIэм и хабзэхэм теуващ, унафэщIхэр езыхэм хахыжу хуежьащ.

Ауэ апхуэдэу куэдрэ екIуэкIакъым - Урысей пащтыхьым щIидзакIэт Кавказыр къэзэуным хуэнэтIа Iуэхухэм. 1827 гъэм къухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэр (шапсыгъхэр, абазэхэр, натыхъуейхэр) хэтащ Урысейм къуэувэну, зауэр гъэувыIэным теухуа Iуэхур абыхэм къаIэтат. Адыгэхэм я процент 80-р абыкIэ арэзыт, ауэ пащтыхьыр хуейтэкъым шэрджэс щхьэхуиту апхуэдиз.

Шэрджэсхэр тенджыз Iуфэм IугъэкъэбзыкIыныр щIэгъэхуэбжьауэ ирагъэкIуэкIащ XIX лIэщIыгъуэм икухэм. 1861 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м Мамырыкъуэ-гъуей аузым адыгэхэм я лIыкIуэхэр урыс император Александр II щыIущIащ. Пащтыхьым и унафэкIэ шапсыгъхэр Псыжь и сэмэгурабгъу шэдылъэ щIыпIэм ирагъэтIысхьэну хуежьащ. Ар зымыдэхэм Тыркум Iэпхъуэну хуагъэуващ. Кавказ зауэм и кIэухым  ирихьэлIэу тенджыз Iуфэм Iуса шапсыгъ мин 300-м щыщу къэнэжар I983-рэт, адрейхэр зэтраукIат е Тыркум залымыгъэкIэ яхуат.

Октябрь революцэм иужькIэ тенджыз Iуфэм шапысгъхэм иджырей ТIуапсы и Iэгъуэблагъэм лъэпкъ район къыщратауэ щытащ. Абы хыхьэрт адыгэ къуажэ 14, цIыху мини 8-м нэс щыпсэууэ. Ауэ щIыналъэхэр  зэхагъэхьэжурэ нэхъ ин щащI зэманым лъэпкъ районыр Краснодар крайм хагъэхьэжащ. Нобэ а щIыпIэм шапсыгъ  адыгэу мин 11-м щIигъу щопсэу. Апхуэдэу ахэр щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыпIэхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэми.

Шапсыгъхэр адыгейуэ ятх, адыгей литературэбзэм иропсалъэ.

ДУМЭН Хьэсэн.
Поделиться:

Читать также: