Хьэ­тIохъущокъуэхэ зэрагъэкIуэдам теухуауэ

 Илъэсищэм нэскIэ щыпсэуащ ХьэтIохъущокъуэхэ иджырей ХьэтIохъущыкъуейм. Иужьым, 1925 гъэм Нартсанэ къалэм Iэпхъуэжауэ щытахэщ. Абы икIри, борэным ирихьэжьа жьуджалэхэм хуэдэу, ахэр хэт Азербайджаным, хэти Куржым, хэти Тыркумэным, хэти нэ­гъуэщI щIыпIэхэм Iэпхъуауэ щы­тащ, я щхьэм щышы­нэжу, я псэм тегузэ­выхьыжу.

Я гъащIэр гугъу-тыншми, Iей-фIыми, хьэлъэ-псынщIэми ХьэтIохъущокъуэхэ псэурт. Лажьэрт. Еджэрт. Шхэжырт. Ауэ…

1937  гъэр екIуэкIырт. Бжьыхьэ лъэхъэнэт. Жэпуэгъуэ мазэр иухырт, щэкIуэгъуэр къихьэрт, Ягодэ Генрих и пIэм иува Ежов Николай (тIури СССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ коми­ссару лэжьащ, репрессие Iуэхур гуащIэ дыдэу ирагъэкIуэкIащ, социалис­т хабзэр я лэжьыгъэм къы­зэры­щызэпаудам икIи хейуэ цIыху куэд зэрагъэкIуэдам къы­хэкIыу тIури яукIыжащ: зыр - I938-м, адрейр - 1940 гъэм) и «Iэщ­хьэ­лъащхьэр» дэгъэджэрэзеяуэ ла­жьэрт, къэ­ралым и дежкIэ «мы­дурыс» цIыху­хэр къилъыхъуэу, игъэтIысу, игъэ­кIуэду.

А зэман ткIыбжьым Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комисса­риатри и Iэр зэтедзауэ щысакъым. Къапщтэмэ, абы иригъэкIуэкIа оперативно-следственнэ хуэIухуэ­щIэхэм япкъ иткIэ, Баку къалэм къыщагъуэтри, Налшык къашэ­жауэ икIи ягъэтIысауэ щытащ ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущы­къуэ Аслъэнбэч и къуэр и къуэхэмрэ и къуэшым и къуэхэмрэ щIыгъуу.

Iуэхухэм къызэрыхэщымкIэ, мыхэр яубыдыным лъабжьэ хуэхъуар Зеикъуэ къуажэм щыщ колхозхэт гуп  1935 - 1936 гъэхэм сэхуран дагъэ ящэну Баку щыкIуам, ХьэтIохъущокъуэхэ ящыщ гуэрхэм яхуэзауэ икIи Совет властымрэ зэгухьагъащIэ колхозхэмрэ яхуэ­гъэзауэ абыхэм ирагъэкIуэкIа псалъэмакъырщ, гурыIуэгъуэу зэрыщытщи, щхьэусыгъуэр нэ­гъуэщI­хэми.

ФIэщщIыгъуейщ колхозхэт гупым (зыбгъупщIым зэрыщхьэдэх щIагъуэ щыIэтэкъым) гужьгъэжь гуэр хуаIэу ХьэтIохъущокъуэхэ яхуэпсэлъауэ. Псалъэмакъ гуэр абыхэм я Iыхьлы, я ныбжьэгъу, я хэгъэрей, я къуажэгъу гуэрхэм я деж щрагъэкIуэкIами, шэч хэ­мылъу, ар зытеухуауэ щытар ХьэтIохъущокъуэхэ зэрыпсэу икIи абыхэм зэрыхуэзар зэрафIэгъэщIэ­гъуэнырт. Ауэ щыхьэт хьисэпу органхэм щраджэм, абыхэм къаIуэтэн хуей хъуащ я хуэзэныгъэмрэ зэдрагъэкIуэкIа пса­лъэмакъхэмрэ «цырыцу» зэпкъры­хауэ.

«Жыджэру пащтыхьым игъэува хабзэхэмрэ муслъымэн динымрэ зэрыщытхъум, властымрэ колхоз строймрэ яхуэгъэзауэ контрре­волюционнэ къызэпыудыныгъэ лэжьыгъэ зэрыригъэкIуэкIым къыхэкIыу ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ Аслъэнбэч и къуэм и унафэр укIкIэ щIэн»…

Апхуэдэ унафэ а махуэ дыдэм тращIыхьауэ щытащ абы и къуитIми: Мысострэ Исмэхьилрэ. Унафэр етIуанэ махуэм жэщым сыхьэт 21-м ягъэзэщIащ.

ХьэтIохъущокъуэ Хьэсэн Алджэрий и къуэмрэ ХьэтIохъу­щокъуэ-Къаплъэн Жамболэт Алджэрий и къуэмрэ я гугъу пщIыуэ щытмэ, япэрейм и унафэр а гъэ дыдэм дыгъэгъазэм и 9-м, етIуанэм ейр - 1938 гъэм щIышылэм и I5-м ящIауэ щытащ. Унафэр жэщыбгым (сыхьэт 23.00, сыхьэт 21.00-м) ягъэзэщIауэ щытащ, зэрызэкIэ­лъыкIуэм хуэдэу.

Мис апхуэдэу кIуэдыжащ Измаил-бей и лъэпкъыр. Ар гуузщ. ГущIыхьэщ. Псом хуэмыдэжу гущIыхьэщ зи дуней тетыгъуэ, зи дахэгъуэ щIалэхэр. Ахэр революцэр къыщы­хъуам хэт илъэс зытхух, хэт мазэ бжыгъэ фIэкIа хъуатэкъым, хэти къалъхухатэкъым. Я адэхэр къуаншами, мыбыхэм щIэпхъа­джагъэ ялэжьатэкъым къэралым хуэгъэзауэ, жьэкIэ зыгуэр жаIами.

ЩэщI гъэхэм я напэкIуэцIхэм ящыщ зы къызэб­гъэдзэкIыжмэ... ПцIы хэмылъу, а напэкIуэцIым лъы бжьыгъэ телъщ. Ауэ тIощI, щэщI, плIыщI гъэхэм я тхыдэм и напэ­кIуэцI псори бжьыгъэ зэфэзэщу икIи фIыцIэ защIэу щыткъым, языныкъуэ тхыдэтххэм, философ­хэм, тхакIуэхэм, журна­листхэм, юристхэм, политикэ унафэщI­хэм (гъэщIэгъуэнракъэ, зэман щIагъэлъэлъым икIи пхъэн­кIийм хакухьым и фIыщIэкIэ, абыхэм гъуэгу ягъуэтащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зыIэрагъэхьащ, къулыкъу хъарзынэхэри къыIэ­щIалъхьащ) зэрыжаIэ, зэратхым хуэдэу.

Хьэуэ! НапэкIуэцI хужь икIи къабзэ куэд а гъэхэм яхэтащ. Къэралым и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм (Зеикъуэм) ар щынэрылъагъущ. Iэ тедзэжыкIэ зымыщIэу, тхы­лъымпIэм Iэпхъуамбэр тезыгъауэу щытахэр еджэфу икIи тхэфу есауэ щытащ. ИужькIэ абыхэм я щIэб­лэхэм щIэныгъэлI, IэщIагъэлI, къэрал лэжьакIуэ, дзэзешэ хьэлэ­мэтхэр къахэкIахэщ. Абыхэм куэду яхэтщ щIэныгъэхэм я кандидатхэр, докторхэр, генерал цIэрыIуэ, дохутыр, егъэджакIуэ Iэзэхэр, тхакIуэ зыкъом, инженер куэд, нэгъуэщIхэри.

Экономикэм ину зиужьауэ щытащ а лъэхъэнэм. Пхъэ ласкIэкIэ зи жьэгупащхьэхэр къэзыгъэнэхуу щыта къуажэдэсхэм я унагъуэхэм электроуэздыгъэ къыщызэщIэнащ, Бахъсэн ГЭС-р яухуэри. Абыхэм я бгъэныщхьэ унэхэр кхъуэщы­ныщхьэ дахэкIэ, къэнжал цIуукIэ зэрахъуэкIащ. Шыгумрэ выгумрэ къикIри, машинэ псынщIэхэм цIыхухэр итIысхьащ.

Iуэхушхуэщ ахэр псори. ИкъукIэ Iуэхушхуэщ, зыхащIыкI-зыхамыщIыкIми. Абыхэм нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэжщ, хэкIуэдэж адыгэ тIэкIур, нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIухэр революцэм и фIыщIэкIэ къегъэла зэрыхъуар (пащтыхьыжьхэм ира­гъэкIуэкIа зэрыпхъуакIуэ икIи дэкъузэныгъэ политикэ гущIэгъун­шэм мащIэу нэхъ мыхъуми щы­гъуазэ, Кавказ зауэ лъапсэрыхым и тхыдэ фIыцIэр щIэзыджыкIа дэтхэнэ зым и дежкIи гурыIуэгъуэщ дыкъызыхэкIа лъэпкъыр хэкIуэ­дэжыну зэрыщытар, къанэ щы­мыIэу), къегъэла къудейм къыщы­мынэу, я щэнхабзэм, бзэм, зэфIэ­кIым ину зэрызиужьар. Ахэр къэрал, уеблэмэ дуней утыкум зэрихьар къыжыпIэну ирикъунщ. Къэралыгъуэ диIэ зэрыхъуар сыт хуэдиз и уасэ?.. Ахэр зыщыбгъэ­гъупщэ хъунукъым. Дыджагъ, Iеягъ щыIам къыдэкIуэу фIыри ди гум илъын хуейщ. Нэ лъэныкъуэкIэ мыхъуу, зэман блэкIам нитIымкIи хэплъэн хуейщ: зым - Iейр, адрейм - фIыр ялъагъуу. Аращ тэмэмыр. Захуагъэр аращ.

ХЬэтIохъущокъуэхэ пщIэ хуащIыжкIэрэ, Къэбэр­дей-Балъкъэр     Правительствэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ жэрдэмыфI къыхалъхьэри, Налшык паркым «ХьэтIохъу­що­къуэхэ я хадэ»  цIэр фIэщыжащ.  Зи гугъу тщIы лъэпкъым паркым и щIыналъэр зэрыIэщIэлъар, абы ит жыгхэр зэрыхисар икIи зэрызэрихьар къэплъытэу щытмэ, ар икъукIэ Iуэху дахэщ.

 

ЛIыгъур Чэрим.
Поделиться:

Читать также: