Тхыдэм и лъагъуэхэр

«Тхыдэм и лъагъуэхэр» – аращ зэреджэр «Антарес» щIыналъэ центрым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэмрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ зэщIыгъуу ягъэхьэзыра литературэ-лъахэхутэ программэм.
КъБР-м и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу ягъэхьэзыра мы Iуэхур щIышылэм и 17-29-хэм къриубыдэу екIуэкIынущ, ди щIыналъэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэмя 9-11-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэ 20-м нэблагъи хэтынущ. Проектым хыхьа щIалэгъуалэр туризмэм пыщIа IэнатIэхэм хуеплъэкI, абыкIэ IэщIагъэр зэрызыгъэгъуэтыну щIэхъуэпсхэращ.
Программэм унэтIыныгъитху иIэщ: лъахэхутэр, IэщIагъэрыеплъыр, PR-технологиехэр, шынагъуэншагъэр, Soft-skills есэныгъэхэр.
Прогрммэм ипкъ иткIэ сабийхэм Iэмал яIэнущ щалъхуа хэкум и географием, тхыдэм, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зыхуэдэм зыщагъэгъуэзэну, зыплъыхьакIуэ программэхэм щIэуэ халъхьэ технологиещIэхэр зрагъэщIэну, псэлъэкIэмрэ цIыху къыдэхьэхыкIэмрэ епха есэныгъэхэм я щэхухэм зрагъэужьыну, япэ медицинэ дэIэпыкъуэгъумрэ шынагъэшагъэмкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну. Абы къищынэмыщIауэ, еджакIуэхэм IэнатIэмкIэ хъыбарыщIэхэр зэрызэхалъхьэм, блогхэр зэрызэхагъэувэм, PR-технологиехэр зэрагъэхьэзырым теухуа лекцэхэм ирагъэдэIуэнущ.
Лекцэхэр КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэм, Урысей географие зэгухьэныгъэм, КъБКъУ-м, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ академием КъБР-м щиIэ щIэныгъэ центрым, сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэм», «Антарес» щIыналъэ центрым я IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкIынущ. Апхуэдэу Iуэхум къыхашэнущ тхакIуэхэр, журналистхэр, туризмэм епха IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: