Сабиигъуэм и дуней щэху

«Дыщэнэ», «Данэ»… апхуэдэ адыгэцIэ дахэхэр зи фIэщыгъэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ сабий усэхэр зэ­рыт тхылъитI. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар куэ­дым фIыуэ ялъагъу усакIуэ Нэгъуей (Архэст) Радимэщ.

Тхылъыр къыщызэтепхкIэ, усэхэм уанэмыджыса щIыкIэу, ар зэрагъэщIэрэщIа сурэт къудейхэм удахьэх - сабийм и дунеймрэ абы и нэкъы­фIэщIхэмрэ я плъыфэу щхъуэкIэплъыкIэщ ахэр, узыгъэгупсысэ усэхэмрэ абыхэмрэ я зэпэджэр макъамэ даха­щэм хуэкIуэжу.
Сабиигъуэр, дыгъэр, лэгъупыкъур щызэкIэ­лъыхьащ усэ куэдым, хуабагъэмрэ гуапагъэмрэ я нэгъыщэу. Абыхэм я дэтхэнэри дыгъэпсу къы­щызэрытIэпIыкIкIэ, цIыкIухэр нэхъыбэ сыт ­хуей?...
Сабий усэ щыхъукIэ, ахэр гъэнщIауэ щытын хуейщ­ псэр зыхьэху лIыхъужьхэмрэ абыхэм я щапхъэ дахэхэмкIэ. Радимэ ар къехъулIащ: зи ­къуэрылъху-пхъурылъхухэр фIыщэу зылъагъу анэшхуэ-адэшхуэхэм цIыкIухэр ягъэIущ, яущий. Абыхэм я щапхъэфIымрэ унагъуэм щызекIуэ хабзэхэмрэ мыкIуэдыжын гъуазэ яхуэхъун хуэдэу, иджыри зэрымыубыда сабий акъылыр жыру япсыхь.
Персонажхэращи… ахэр сыт - дунейм и щэхухэм я лъыхъуакIуэщ икIи ахэр сыт щыгъуи къыщагъуэт нанэрэ дадэрэ я таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ. Абы и щапхъэу къокIуэ «Дадэрэ сэрэ» зыфIища усэр: дадэ иригъэцIыхуащ Самир цIыкIум жыг куэд. АрщхьэкIэ, ари фIэмащIэу, адэш­хуэм мэзым ишэу, абы къыщыкI жыгейр иригъэлъагъуну йолъэIу. Дади нэм хуихь къуэрылъхур игъэщIэхъуркъым - нэху здэщым мэзым зэгъусэу кIуэ­нущ…
Iэдыщэ, Айзанэ, Алия… усэхэр къулейщ ди гъащIэм куууэ къыхыхьа цIэ къызэрымыгуэкIхэмкIэ. Тхылъыр щIэзыджыкI сабийхэм я цIэджэгъуи къыхэкIыни. Апхуэдэ гъэпсыкIэми мыхьэнэ иIэщ - нэхъыбэм ягу дыхьэнущ.
Сабийхэм я дунейр зыгъэдахэ, зыгъэкуу зы лъэныкъуи къигъэнакъым усакIуэм. Тхылъым ­ихуащ цIыкIухэр гуапагъэрэ гулъытэкIэ нэхъ ­гъунэгъу зыхуэзыщI «Джэду шыр», «Хьэндыраб­гъуэ», «Бабыщ бын», гъащIэмрэ псэуныгъэмрэ хуэзыущий «Хьэлыуэ Iэнэ», «ДощI псэупIэ» усэхэр. Радимэ и лIыхъужьхэр йоджэ,матхэ,анэ-адэм доIэпыкъу, псэущ­хьэхэр фIыуэ ялъагъу - псори дерс къызыхахын защIэщ.
Псом ящхьэращи, «Дыщэнэрэ» «Данэрэ»­ ­щIэ­зыджыкIхэм усэ къэс къыхагъуэтэжынущ я дадэрэ нанэрэ, я кхъужьеижьыр, я псыхъуэр. Тхы­лъым ихуа сабий уэрэд цIыкIухэри пэщIэдзэ класс­хэмрэ классщIыб лэжьыгъэхэмрэ къыщысэбэпынущ.
 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: