КъБР-м и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек республикэм и щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ Урысей студентхэм я махуэмкIэ

 «Студент илъэсхэр – дэтхэнэ цIыхуми куэдрэ и гум имыхуж лъэхъэнэщ. Ар балигъ хъугъуэм, лъэ быдэкIэ увыным, гугъапIэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным, мурад инхэмрэ гупсысэ къызэрымыкIуэхэмрэ я зэман хьэлэмэтщ, - щыжеIэ КIуэкIуэ Казбек социальнэ сетым щиIэ напэкIуэцIым.
 Къэбэрдей-Балъкъэрыр иропагэ и студент щIалэгъуалэм, абыхэм еджэным, щIэныгъэм, творчествэмрэ спортымрэ щызыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэ лъагэхэм. Фэ, зи щIалэгъуэхэм, вбгъэдэлъ жыджэрагъыр сэбэпышхуэ щохъу гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым. А псоми папщIэ фIыщIэ фхузощI икIи фызогъэгугъэ къывбгъэдэкI дэтхэнэ жэрдэм дахэми къэралым, жылагъуэм я гулъытэрэ дэIыгъыныгъэрэ зэрагъуэтынумкIэ.
 Ди къэралым и къэкIуэнумкIэ, Урысей Федерацэр ехъулIэныгъэ, зэIузэпэщыныгъэ зэзыгъэгъуэт къэрал къарууфIэу дапщэщи щытынымкIэ зи щIалэгъуэхэм жэуаплыныгъэ хэха фи пщэ къыдохуэ. Быдэу си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм вбгъэдэлъ зэфIэкIхэр нэсу къызэрызэкъуэфхынур, фи щIэныгъэр, къарур фыщалъхуа щIыналъэмрэ Урысей Федерацэмрэ я ехъулIэныгъэхэм зэрахуэвгъэпсынур, а псомкIи гугъапIэу фхудиIэр куууэ зыхэфщIыкIыу.
 Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, еджэнымрэ творческэ зыужьыныгъэмрэ ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну, фи мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ нахуапIэ хъуну».

Поделиться: