Къалэдэсхэм я нэгузыужьыпIэщIэхэр

Творческэ зэIущIэхэмрэ лекцэхэмрэ папщIэ амфитеатр, студентхэмрэ гъунэгъу унэхэм щыпсэухэмрэ папщIэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэ къыщызэрагъэпэщынущ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым пэмыжыжьэу щыт скверым. Ар хохьэ «Жильё и городская среда» лъэпкъ проектым.

«Формирование комфортной городской среды» федеральнэ проектым къызэщIиубыдэу 2022 гъэм Налшык зыхуей щыхуагъэзэнущ цIыхубэр нэхъыбэу зэкIуалIэ щIыпIи 7. Абыхэм ящыщу 3-р - КъБКъУ-мрэ Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет скверхэр, Гагарин-скверыр - щIэупщIэныгъэхэм нэхъ проект нэхъыфIу къыщалъытащ. Республикэм и унафэщIхэм зэрытраухуам ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ щрикъу гъэм къриубыдэу адрей щIыпIиплIри зыхуей хуагъэзэнущ.

Къалэм зегъэужьынымкIэ институтым и «Арт зал «Платформа» проектхэм ящыщ зыр щагъэзащIэ студент къалэ цIыкIум гъатхэпэм лъэжьыгъэхэм щыщIадзэнущ. Авторхэм къызэрыхалъхьамкIэ, КъБКъУ-м и скверыр IыхьитIу гуэшауэ щытынущ - жыджэррэ студентхэм папщIэ, щэхурэ - гъунэгъуу щыт фэтэр куэду зэхэт унэхэм щыпсэухэмрэ папщIэ. Жыджэр Iыхьэм газон удзыфэ щаубгъунущ. Абы еджакIуэхэм зыщагъэпсэхуфынущ е дерсхэм зыщыхуагъэхьэзырыфынущ, я ныбжьэгъухэм щахуэзэфынущ, зыгуэрхэр щашхыфынущ, нэгъуэщIхэри. КъыщынэмыщIауэ, абы къыщызэIуахынущ творческэ зэIущIэхэм, лекцэхэмрэ семинархэмрэ папщIэ амфитеатр, лъэс лъагъуэхэр, архитектурэ теплъэщIэ цIыкIухэр.  

ЩIыпIэ щэхур хуэгъэпсащ адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ. Абы итынущ джэгупIэ плIанэпэхэр, тетIысхьэпIэ тыншхэр.

«Формирование комфортной городской среды» федеральнэ проектыр хохьэ «Жильё и городская среда» лъэпкъ проектым. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ къалэ гъащIэм тыншыгъуэ къыщызэгъэпэщыныр. Я къалэхэр егъэфIакIуэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэфIагъэкIын папщIэ лъэпкъ проектым жыджэру цIыхухэр къыхешэ.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: