Лъэтеувэ

Сабийр къызыхэхъуа унагъуэм ящI тхьэлъэIухэм ящыщщ лъэтеувэр. Ар щащIыр сабийм къикIухьыф хъуа нэужьщ. Мэли щыни яукI, хьэлыуэ Iэнэ яубэ, хьэблэ фызыр ирагъэблагъэ, ягъашхэ, ягъэхъуахъуэ. Апхуэдэу мыбы кърохьэлIэ хамэ къуажэ щыпсэу я благъэ-Iыхьлы фызхэр. Ауэ апхуэдэм цIыхухъу хыхьэ хабзэкъым.

Хьэлыуэ Iэнэр щаупщIатэкIэ сабийр къашэ, утыкум ирагъэувэри йохъуэхъу, лъэтеувэ уэрэд жаIэ:

Мимэ, мимэ щIы, си дыгъэ,

Мимэ, мимэ щIы, си нэху.

Лъэтеувэр тхьэлъэIупIэщ.

Мимэ пщIырэ уи пIэм уикIмэ,

БэкIэ пащIэу, мес, ди дадэ

Фадэ пIащIэр и хьэзырщ.

Мимэ, мимэ щIы, си дыгъэ

Мимэ, мимэ щIы си фо.

Фадэ пIащIэм и нэмыщIу,

ГъэлъэхъущIэр пхау кIэрытщ…

Мы къебжэкIыр кIыхьу, зэхуэмыдэу, щIалэ цIыкIуми хъыджэбз цIыкIуми яхуэгъэзауэ хужаIэрт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей лъэтеувэм а къебжэкI дахэхэр кIэрыхужащ къанэ щIагъуэ щымыIэу.

Сабийр утыкум ирагъэувэрти, лъэпкъым я нэхъыжь фызыжьыр къыхашырт, сабийм и лъэхъур зэпиупщIын хуейуэ абы елъэIурт. Фызыжьыр сабийм бгъэдохьэ, и щхьэм Iэ делъэ, псалъэ IэфI куэд жреIэ, итIанэ и лъакъуэ цIыкIуитIым доIэбэри, иIыгъ сэмкIэ унэ лъэгур захуэу (сабийм и лъакъуэ зэхуакум дэкIыу) иребзэ, мыхэр жиIэурэ: «Лъэхъу цIыкIур изоуд, ялыхь фIыкIэ зегъакIуэ».

Лъэхъу-пщэхъу зэпыупщIым и къежьапIэр гурыIуэгъуэщ. Сабий зекIуагъащIэр лъэпэрапэу, джалэу зыгуэр къыщымыщIын щхьэкIэ жаIэрти, «зэпамыупщIынкIэ» Iэмал имыIэу ябжырт. Абы щыхьэт тохъуэ лъэхъу зэпыупщIыр лъэтеувэм и пэ къихуэу ящIу зэрыщытар. Сабийр къызэфIэувэу лъэбакъуэ тIэкIу ичу зэралъагъуу, асыхьэтым сэми лэныстэми зыгуэр къащтэри зэпаупщIырт.

Лъэтеувэр IэнэтеIэбэ хэмыту ящI хабзэкъым. «И насып зыхэлъыр, IэщIагъэ хуэхъунур зэдгъэщIэнщ», - жаIэри, сабийм и пащхьэм ит Iэнэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр хутралъхьэ.

Сабийр яутIыпщри Iэнэм бгъэдагъэхьэ, ар абы телъ хьэпшыпхэм дехьэх, тоIэбэри зыгуэр къытрепхъуэтыкI. Къищтар IэщIагъэ хуэхъуну, абы и насып хэлъу жаIэу фыз къызэхуэсахэр мэгуфIэ, сабийм йохъуэхъу:

Лъапэ махуэ ичауэ,

Узыншагъэ иIэну,

Тэмакъ къачэ имыIэу

Къэзылъхуам зэдапIыжыну

Тхьэм жиIэ!

Лъэтеувэм кърихьэлIахэм гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтэ. Псом хуэмыдэу гулъытэ зыхуащIыр сабийхэрщ. Ахэр ягъашхэ, хьэлыуэ яупщIэтам щыщи ират, ягъэджэгу.

Лъэтеувэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэ дахэщ, Iыхьлыхэр зэрызыгъэлъагъущ, сабийхэр зыгъэгуфIэщ. Унагъуэм узыншэу къихъуа дэтхэнэ сабийми ар хуащIу щытащ, ноби а хабзэр щыIэщ.

Поделиться: