Гуащэмрэ нысэмрэ зэрызэтехьэр

Иужь зэманым унэишэри щауэишыжри зрагъэхьэлIэу зы пщыхьэщхьэм зэфIагъэкI зэрыхъурэ унэишэ цIыкIур абы къыкIэлъыкIуэ махуэм ящIу къаублащ. Мыбы нэхъыбэу хэтыр бзылъхугъэщ. НысащIэм и гуащэм Iэнэ къещтэ. Гъунэгъу, благъэ, Iыхьлы фызхэр Iэнэм бгъэдэсу, унэишэшхуэм ещхьу, ауэ уэредадэ хэмыту, нысащIэр фызхэм я пащхьэ кърашэри, гуащэмрэ нысэмрэ зэтохьэ. Гуащэм къищта Iэнэр техьэпщIэу арат. Иджы Iэнэ къудейкIэ щызэфIэмыкIыр нэхъыбэщ. КъищынэмыщIауэ, япэм техьэпщIэмрэ псалъапщIэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу гуащэм ищIу щытамэ, иджы а тIури зэтрагъахуэ. ПсалъапщIэм щыгъуэ нысащIэ цIыкIум фыз гуэр (и нысэгъу нэхъыжь, гуащэм и шыпхъу нэхъыщIэ) псы фалъэ иIыгъыу бгъэдыхьэрти еупщIырт: «Мыр сыт зищIысыр?» - жиIэрти. НысащIэм, дауи жиIэрт: «Псыщ». Арати, я нысэр псэлъат. Абы щхьэкIэ хъуахъуэрт, нысащIэри хуит хъужырти, и лэгъунэм яшэжырт.

Гуащэмрэ нысэмрэ зэрызэтехьам къикIыртэкъым а тIур щIэсу щауэр унэм къыщIыхьэ хъуну, ахэр щыри зэтехьэну. Абы иджыри зэман хуейт икIи псори зэхьэлIар гуащэр арат. Ар хуеймэ, и къуэри, и нысэри зэтригъэхьэрт, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, езыр ятехьэрт. ЩIалэмрэ и нысэмрэ унэм я закъуэу зэрыщIэсыр ищIэу гуащэр ялъихьэрт. Абы щыгъуэми нысэр е щIалэр унэм къыщIэкIыну къежажьэмэ, гуащэм зэтригъэувыIэрт, ар ягъэ мыкIыну жиIэурэ. НэгъуэщI Iуэху лей, хьэмэрэ щыхьэт гуэрхэр абы хуейтэкъым. Ахэр щызэтехьэм и деж дыхьэшхэнхэри къэхъурт. Ди зы нэхъыжь, Куэшмэн Къарэ, зэрыжиIэжамкIэ, абы я хьэгъуэлIыгъуэр дахри илъэс нэблагъи дэкIыжат, ахэр зэтемыхьэурэ. ЛIым Iуэху иIэу е шхэну унэшхуэм къыщIыхьэжынумэ, япэщIыкIэ бжэр дамэдазэ ищIырти къыщIэплъэрт, итIанэ нысащIэр унэм къыщIэкIа иужькIэ лIыр и анэр зыщIэс унэм щIыхьэжырт. Зэгуэрым зэщхьэгъусэхэр унэм зэрыщIэсыр ищIэу фызыжьыр къыщIыхьэжащ. Арати, лIым ищIэнур имыщIэжу гъуэлъыпIэ щIагъым щIэпщхьат. Абдежым гуащэм жиIащ: «Хъунщ ар, лIышхуэ абрагъуэ, гъуэлъыпIэ щIагъым ущIэмыс, къыщIэкI». Абы яужькIэ щыри зэтехьэ хъуат.

Абы нэхърэ нэхъ гугъут икIи нэхъ кIыхьлIыхьт нысэмрэ тхьэмадэмрэ я зэтехьэныр, зэпсэлъэныр. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, ар зи Iуэхур тхьэмадэр арат. А нысэр игу ирихьмэ, хабзэ хэлъу къилъытэмэ, илъэс ныкъуэ, илъэс нэхъ димыхыу ахэр зэтехьэрт, техьэпщIэ, псалъапщIэ ищIу, и ныбжьэгъухэм еджэу игъэхъуэхъуа иужькIэ. Ауэ и нысэр тIэкIу фIэпсынщIэу, зыгуэрхэр игу иримыхь нэужькIэ тхьэмадэм гупыж ищIыртэкъым и нысэм техьэну. Ар ерыщт, и нысэм абы игу иримыхьу къилъытэ хьэл зыхуэмейхэр зыхиныхункIэ. Абы щыгъуэми игу иримыхьхэр зэуэ жрыригъэIэртэкъым. АтIэ къыщIэупщIэху мыр зыхинапхъэщ, жыхуиIэр и нысэм и деж нагъэсыжыну яжриIэу арат нысащIэм и дзыхь иригъэзу и тхьэмадэм иригъэупщIхэм. Апхуэдэу фIыуэ зэрыIуэта иужькIэ, тхьэмадэр и нысэм епсалъэрт икIи техьэрт.

Пасэм щыгъуэ хабзэтэкъым унэм къихьа бзылъхугъэ цIыкIур илъэс ирикъухункIэ лэгъуп, жьэгу мафIэ сытхэм ирагъэIусэу. И нэхъыбэм ар зи ужь итыр уагъэ-щагъэ, дэн-бзэн хуэдэхэрт. НысащIэм и IэпщIэлъапщIагъэр ягъэунэхун щхьэкIэ абы гъунэгъухэм, благъэхэм дын гуэрхэр къыхурагъэхьырт, уагъэ ирырагъадэрт, къамышы Iэпэпс зэрырагъадзэрт. Адыгейхэм дэн-бзэным щхьэкIэ дынхэу жаIэрт.

КIахэ адыгэхэм унэишэ цIыкIум къищынэмыщIауэ, Iэнэгъэуджи ящIу щытащ. Абы и деж нысащIэр пщэфIапIэм къашэрти, Iэнэгъэудж уэрэд жаIэурэ жьэгу мафIэ ужьыхыжа зыдэлъым Iэнэ щагъэуджырт. Зэрыхабзэти, Iэнэм ахъшэ жьгъей, IэфIыкIэ гуэрхэр тралъхьэрт. Ахэр Iэнэр щагъэсыскIэ, щагъэуджкIэ къехуэхыурэ жьэгу мафIэм, яжьэм хэхуэрт. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар жьэгу мафIэм и тхьэм, жьэгу пащхьэм и тхьэм хухах Iыхьэу къыщIэкIынут, Iэнэгъэуджыр щIащIу нэхъыжьхэм жаIэр нэгъуэщI щхьэусыгъуэми. Ар щIалэм куэдрэ къимышамэ, абы и анэм е и анэшхуэм триIуэу щытауэ аращ нэхъыжьхэм трагъакIуэр: къишэмэ, Iэнэгъэудж си нысэм хуезгъэщIынущ.

Унэишэ цIыкIури Iэнэгъэуджри зэфIэкIа иужькIэ, махуэкIэрэ и щауапIэм щыIэ щауэм щауэегъэсэж, шэттегуэж хуащIырт. Абы щхьэкIэ щауэр и ныбжьэгъухэм пшынауэ, IэгуауэкIэ къашэжырти, шэт гуэрым трагуэ хуэдэу ящIырт, абы къыхэкIыу щIалэм и анэм гъафIэшхын кърагъащтэрт. А пщыхьэщхьэм, хьэгъуэлIыгъуэм къыдэхуауэ махъсымэ щыIэ нэужькIэ, щIалэгъуалэм шынакъ гъэкIэрахъуэ жыхуаIэ джэгур зэхаублэрт, а унагъуэм ящыщу щIалэм шыпхъу балигъ иIэмэ, абы хъыджэбз Iэнэ къиухуэрт. Шынакъ гъэкIэрахъуэм иригушыIэу арат. Махъсымэр пэгуным иракIэрти, абы къу тету шынакъ халъхьэжырт. ИтIанэ утыкум ит пэгуным хэлъ шынакъыр ягъэкIэрахъуэрт. Ар къыщыувыIэкIэ и кIыр зыхуэзэм махъсымэ фалъэ ирифырт. Хъыджэбзхэм яхуэзамэ, зыхуэгушхуэ щIалэм иратурэ ирырагъэфырт, ауэ хэгъэзыхь лъэпкъ щыIэтэкъым.

МАФIЭДЗ Сэрэбий.
Поделиться: