Нарт Ерокъуэ хьэщІапІэ ихьауэ здисым хэгъэрейм я пщащэм зы щауэ къылъыхъуащ. Пщащэр арэзы щыхъум, щауэм пІалъэ иритащ.
ПІалъэр къэсмэ, пщащэр иратыну зэгурыІуэри, щауэр дэкІыжащ, нысашэм зыхуищІын хуейти.
Нарт Ерокъуи дихьэхащ пщащэм. Дихьэхри, яфІихьыну триубыдащ.
И хьэщІэгъуэр зэфІэкІати, нарт Ерокъуэ къежьэжащ. Къежьэжа щхьэкІэ, жыжьэ къыІукІакъым - псыхъуэ чыцэм хэуващ:
- Пщащэр зэ мыхъуми зэ псыхьэ къэкІуэнкъэ, - жиІэри.
ЗэрыжиІауэ, псыхьэ къежьащ пщащэр, и дамащхьэм гуэгуэн тригъэувэри. Псы къыщригъахъуэм, нарт Ерокъуэ пщащэр къипхъуатэщ, шыплІэм къыдидзэри - макІуэ-мэлъей!
Махуэ гъуэгу къикІуауэ, пІалъэ зрата щауэр кърихьэлІащ:
- Гъуэгужь апщий, нарт Ерокъуэ! - жиІэри.
- Упсэу апщий, щауэхъу, - жиІащ Ерокъуэ. - Гъэзэж, пщІэншэрыкІуэ ухъуащ.
- Сыт сыщІэхъуар? - къеупщІащ щауэр.
- Пщащэр сэ сохь.
- Пхьынкъым, - жери къыпэуващ щауэр.
- ПлъэкІмэ, сумыгъэхь, - жиІащ нарт Ерокъуэ.
- Апхуэдэ гугъэ пщІамэ, ди гъуэгу зэблэкІынукъым. Уи шабзэр зэІудзэ. - Щауэр епсыхри, и шабзэр зэІуидзащ.
Нарт Ерокъуи епсыхащ, пщащэр иригъэувэхри. И шабзэри зэІуидзащ.
Нарт шууитІыр щызэпэувым, пщащэр яку дыхьащ, и ІэлъэщІыр зытрихри.
- СылІэм и гъунэщ: фызэрызгъэукІынкъым, - жери пщащэм и ІэлъэщІыр нарт щауитІым яку дидзащ.
Пщащэм фІэлІыкІри, тІуми я Іэщэр иралъхьэжащ…
Абы къыдежьауэ, нартхэ хабзэ яхуэхъуащ: яку цІыхубз къыдыхьауэ, Іэщэ кърахыжакъым, цІыхубз и псалъи ебэкъуакъым.