Хьэкъущыкъур фIейуэ нэху къевмыгъэкI!

ЦIыхум щхьэ узыр къыщыхьамэ е мыжеифмэ, ар къызыхэкIыр къыгурымыIуэмэ, дауи иужь дыдэу зэгупсысыр фIейуэ пщэфIапIэм къыщIина хьэкъущыкъурщ. Арами, пасэрейхэм быдэу я фIэщ хъурт абы мыхъумыщIагъэ къызэришэр икIи я унэм фIей илъу зэи гъуэлъыжыртэкъым.
Ди япэкIэ псэуахэм я гугъэт дэтхэнэ унэми жин щIэсу, унэр къабзэу зэлъыIухауэ, хьэкъущыкъур тхьэщIауэ умыгъуэлъыжмэ, ар къытехьэурэ хьэпшыпхэр къритхъужьэу. Лъэпэд лъэныкъуэр е бжьэмышх кIуэдамэ, жэщым пырхъшырхъ къэIумэ, зыгуэр хэщэтыкIыу къыпщыхъумэ – ахэр псори жиныр зэрымыарэзым и нэщэнэу къалъытэрт. Апхуэдэ жинхэр шынагъуэтэкъым, уеблэмэ адэ-анэ ткIийм хуэдэу, цIыхухэм я узыншагъэм иригузавэу апхуэдэу защIу арат, зэрыжаIэмкIэ.
Эзотерикэр къэунэхуа нэужь, хьэкъущыкъу фIейм нэгъуэщI мыхьэнэ ирату къаублащ. Псалъэм папщIэ, мыкIуэмытэхэмрэ IэфIейлъэфIейхэмрэ насыпыншагъэр яхуэлъэу, я щытыкIэм мыхъумыщIагъэ къишэу къалъытэрт: хьэкъущыкъу фIейм ахъшэр ппэIэщIэ ещI, зэщхьэгъусэхэр зыщегъэIей, Iуэхухэр кIуатэркъым, къулейсызыгъэрэ псалъэмакърэ къешэ. Хъыджэбз ямышэм хьэкъущыкъур имытхьэщIу гъуэлъыжамэ, а хьэкъущыкъу фIейм хэлъу нэху къекIам хуагъадэт, цIыхухъухэр игъэщтауэ, зыри къыхуэмейуэ жаIэрт. Абы къыдэкIуэуи, апхуэдэ пщащэхэм я щхьэр узырейт, жеир яфIэкIуэдырт, къызэраIуэтэжымкIэ.
Мы псоми щIэныгъэ лъабжьэ зэриIэм щыхьэт тохъуэ психологхэр, биоэнергетикэмрэ феншуимрэ зыджхэр. ГъащIэм къызэригъэлъэгъуамкIи, унэм «къыщIэтIысхьа» къару фIыцIэхэм хъарзынэ дыдэу йобэн языныкъуэ къэкIыгъэхэр. Псалъэм папщIэ, алоэ.
Пэжу, зэ еплъыгъуэкIэ мы псори дыхьэшхэнщ, ауэ девгъэплъыт абы теухуауэ щIэныгъэ лъагэм жиIэм… Жинхэмрэ насыпыншагъэмрэ къищынэмыщIауэ, хьэкъущыкъу фIейм кърешалIэ хьэпщхупщ зэмылIэужьыгъуэхэр, щобагъуэ уз Iейхэр къезыхьэкI бактериехэр. Псом хуэмыдэжу дунейм и хуэбэгъуэм. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зи гугъу тщIы бактериехэм яхэтщ псынщIэ дыдэу багъуэ, уи щхьэр зыгъэуз, уи жейр зыгъэкIуэд, уеблэмэ шынагъуэ гуэрхэр къыпфIэзыгъэщI. НэхъапэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, унэм къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIэтмэ, абыхэм хьэуар ягъэкъабзэри, узыншагъэмрэ психикэмрэ лей къалъысыр нэхъ мащIэ мэхъу.
 Иджы гурыIуэгъуэщ, пасэрей цIыхухэм къащIыщIымрэ ар къызыхэкIымрэ ямыщIэу «жин» зыфIаща Iуэхугъуэр фIеиным зэриIэужьыр. Ауэ жаIэркъым: къабзагъэр – узыншагъэщ!
 

ЗэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: