Есэпым и тхьэмахуэ

Есэпым и урысейпсо тхьэмахуэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 14-м щегъэжьауэ и 20 пщIондэ зэрыкъэралу есэпымкIэ дерс зэIухахэр, Iэнэ хъурейхэр, зэхьэзэхуэхэр щокIуэкI. Апхуэдэу КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ къулыкъущIапIэм и IэщIагъэлIхэр Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №27-м и егъэджакIуэхэмрэ сабийхэмрэ яхуэзащ.
ЗэIущIэм хэт хьэщIэхэм есэпымкIэ дерс зыбжанэ ирагъэлъэгъуащ. ЦIыкIухэм яджын хуейуэ программэм къигъэув Iуэхугъуэхэр Iэмал щIэщыгъуэхэмкIэ щагъэзащIэу, курыт еджапIэм къыщемыкIуэкI бгъэдыхьэкIэхэмкIэ щызэпкърахыу, есэпымкIэ яIэ зэчийр къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр наIуэ къыщащIу лэжьыгъэ хъарзынэхэр еджапIэм къыщызэрагъэпэщат.
Апхуэдэу, хьэлэмэт дыдэт «Диаграммэхэр», «КъызэрыкIуэ къутахуэхэр», «Бжыгъэхэм я щэхухэр» фIэщыгъэхэр зиIэ мастер-классхэр, «Иджырей технологиехэр - егъэджэныгъэм» Iэнэ хъурейр, «Къэрал гъэунэхуныгъэхэм зыхудогъэхьэзыр» узэщIакIуэ щIэнIуатэр, нэгъуэщIхэри.
ЕджапIэм и унафэщI Шэру Мадинэ хьэщIэхэм гу лъаригъэтащ тхьэмахуэр къайхъулIэным дэтхэнэ зы сабийми и Iыхьэ зэрыхилъхьар, псори зыгуэркIэ къыхэщыну зэрыхущIэкъуар. «Дерс унэтIыныгъэхэмкIэ едгъэкIуэкI тхьэмахуэхэм, пэжыр жыпIэмэ, щIэупщIэ яIэщ. Махуэ къэс зыщIыхьэ къызэрыкIуэ дерсхэм яхуэмыдэу, мыхэр нэхъ щIэщыгъуэу, зыми емыщхьу гъэпсащ. ДжэгукIэ Iэмалхэр зэбэкI дерсхэм цIыкIухэр нэхъ дехьэх, хэша мэхъури, хэти хузэфIэкIынур нахуэ къыщещI. Мыпхуэдэ тхьэмахуэхэм къагъэлъагъуэ сабий гугъу зэрыщымыIэр, щыIэр бгъэдыхьэкIэ гугъущ. Сабийр махуэ къэс къыздэкIуэ еджапIэм псори щIэщыгъуэ защIэу щыщымытынкIэ хъунущ, ауэ и зэхэщIыкIыр къэзыIэт, и къэухьым зезыгъэубгъу дерс зэIухахэр нэхъыбэу хэтын хуейуэ къысщохъу. ЕджакIуэхэм я IуэхукIэ тхузэфIэкIынури ди Iуэхум щыщIэныгъэу хэлъыр нэрылъагъу щытщIыфынури мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэрауэ къысщохъу. Къыхэзгъэщыну сыхуейт есэпымкIэ тхьэмахуэр къыдэхъулIэным егъэджакIуэхэм къаруушхуэ зэрырахьэлIар, ар гуимыхуж хъун папщIэ я акъыли щIэныгъи зэремыблэжар», – жиIащ Шэрум.
Махуэр министрымрэ хьэщIэхэмрэ зыхэта Iэнэ хъурейкIэ иухащ. КъызэрыхагъэщамкIэ, дерс щхьэхуэхэр куууэ щаджу Налшык къалэм IуэхущIапIэ 13 дэтщ. Еджэныгъэр зэтеубла хъуным, сабийхэм щIэныгъэр куу зэрырат программэхэр щыщIэныгъэншэу гъэзэщIа хъун папщIэ, лэжьыгъэр щекIуэкI пэшхэм я къызэгъэпэщыкIэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Нэрылъагъу Iэмэпсымэхэмрэ зыхуэныкъуэну техникэ Iэмалхэмрэ пэрыхьэту классхэм зэрыщыIэм лэжьыгъэр зэрыуэзэрыбг ищIыркъым, уеблэмэ кIуэ пэтми зы гупсысэм ухуешэ – зэрыеджапIэу щIэныгъэр зыгъэкуу программэхэм тешэныр. Еджэныгъэм и мызакъуэу, апхуэдэ программэ лIэужьыгъуэхэр хэпщэным практикэ мыхьэнэи яIэщ – сабийхэм есэныгъэ зыбжанэ яIэ мэхъу, къыхахыну IэщIагъэм хуэунэтIауэ, еджапIэ нэхъыщхьэм нэхъ щIэх хэзэгъа хъуным хуэщхьэпэну пэублэ щIэныгъи зрагъэгъуэт. Зыхэт технодунейр гугъуу зэрыгъэпсам, зы дерсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэр нэхъ куу хъууэрэ зэрыкIуэм цIыкIухэм гурыIуэгъуэ ящещI гъащIэм псори матэщIэдзауэ зэрыщыщымытыр.
Езауэ Анзор къыхигъэщащ еджапIэм лэжьыгъэф1 зэрыригъэкIуэкIар. Абы жи1ащ егъэджакIуэхэм утыку къралъхьар я гъэсэнхэм щIэныгъэф1 зэрабгъэдэлъым зэримызакъуэр, атIэ методикэ и лъэныкъуэкIэ зэгъэпэщауэ зэрыщытри, апхуэдэ IэщIагъэлIхэр утемыукIытхьу урысейпсо утыкушхуэ ипшэ зэрыхъунури къызэрагъэлъэгъуар.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: