Сэ сыадыгэщ!

Дунейр къызэрыунэхурэ, цIыхухэм хабзэ зэрахуэхъуащи, псалъэми Iуэхуми зэрыщIадзэр фIэхъус сэламщ. ЦIыхухэр зэрихьэлIамэ, Iэщэ зэрамыIыгъыр, яIыгъыпэу щытми, Iэщэм хуемыкIуэну дзыхь зэрызэхуащIым и нэщэнэу Iэубыдыр къыщежьа лъэхъэнэм щыщIэдзауэ, ди нобэм къэсыху, лъэпкъ къэс езым и сэлам ехыкIэ иIэжщ. Абыхэм ящыщ куэдыр мыхьэнэкIэ зэтехуэ пэтми, дэтхэнэ лъэпкъми и сэлам зэхыкIэр абы и дуней тетыкIэм, хьэл - щэным, гупсысэкIэм, зэрыт диным, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм епхащ. Ахэр зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ мэхъу. 
Адыгэ тхакIуэшхуэ Шортэн Аскэрбий мыпхуэдэу итхыгъащ: «Адыгэ фIэхъусхэм, хабзэхэм уащыхэплъэкIэ, Iэмал имыIэу мыбы гу лъыботэ: фIэхъусхэм, хабзэхэм цIыхур ягъэлъапIэ, абы и щIыхьыр яIэт, къищынэмыщIауэ, иджырей лэжьыгъэр цIыху гупхэм я гуащIэдэкIыу зэрыщытым унегъэплъыс. ФIэхъусхэм, лэжьыгъэм ехьэлIа хабзэхэм мылъкукIэ е класскIэ зэхэгъэж ящIыркъым. Абы къыдегъэлъагъу адыгэ фIэхъусыжьхэмрэ хабзэжьхэмрэ ныбжьышхуэ зэраIэр.
Адыгэ фIэхъусхэр сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэми хуэгъэпсащ, хуэхьэзырщ. Ахэр сыт щыгъуи хабзэм и лъэдийщ, дэтхэнэ зыми ищIэни, игъэзэщIэни хуейщ. Дэнэ щIыпIэ укъыщыхутами, жыпIэнумрэ, пщIэнумрэ къыбжаIэ а фIэхъусхэмрэ хабзэхэмрэ». 
Адыгэхэм я пасэрей фIэхъусымрэ нобэ ди зэманым я фIэхъус ехыкIэмрэ зэщхьэщокI. Абы и щыхьэтщ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Адыгэхэр» романым щыщ пычыгъуэм дызыщрихьэлIэр. ЛIымахуэ, Зэзий, Дзэгъащтэ сымэ шым шэсхэри ежьахэт. Ахэр гъуэгум здытетым, шууеищ къахуэкIуэу къалъэгъуащ. ИкIи, хабзэм ипкъ иткIэ, Дзэгъащтэ абыхэм япежьащ. Адрейхэми шууеитI япэ кърагъэщауэ, езыхэр яужь иту къэкIуатэхэрт. ХабзэмкIэ, гупитIри гъуэгум и бгъу зырызымкIэ уващ. КъакIуэр къэбэрдей адыгэхэрауэ къыщIэкIащ. Я ныбжькIэ шухэр ЛIымахуэрэ Зэзийрэ я къуэ пэлъытэт. Гупым я нэхъыжьым и Iэр къиIэтри, жиIащ:
- Гъуэгу махуэ, пщIэ зыхуэтщI тхьэмадэхэ.
- Фэри сыхьэтыфI Тхьэм фыхуишэ, - яжриIащ ЛIымахуэ. ДыныволъэIу, фыкъеблагъэ, хьэщIэ фытхуэхъунщ.
Иджырей зэманым апхуэдэ ущрихьэлIэнукъым, сыту жыпIэмэ, шым шэсыжхэри мащIэ дыдэ хъуащ. 
Ефэ - ешхэу зэхэс гуп уащыхыхьэм деж фIэхъус ехыкIэр нэгъуэщIщ. Адыгэхэр гуапэт, я нэхъыжь ялъытэрт, я нэхъыщIэ ягъэгушхуэрт. ЛIыгъэ яхэлът, пагэт, я щхьэ къудей ягъэщхъынутэкъым, ауэ сабий къыщIыхьам хуэтэджырт. Абы и щыхьэтщ зи гугъу тщIа романым щыщ мы пычыгъуэр: «Куэд щIауэ мысабиижми, Къалэкъутэ куэдкIэ нэхъыщIэт Сыбэкъуэ нэхърэ. Къалэкъутэ хьэщIэщым щыщIыхьам, ар куэдкIэ нэхъыщIэми, ЛIымахуэ къэтэджри, иригъэблэгъащ хьэщIэр».
ВакIуэм, жыласэм щыбгъэдыхьэм деж 
- Бов апщий! - жраIэ. 
Абы и жэуапу къат:
- Упсэу апщий! Еблагъэ. 
Пщы Темрыкъуэ и къуэхэр и гъусэу гъуэгу здытетым къалъэгъуащ губгъуэм вэуэ хэт Сэлихь лIыжьыр, икIи мурад ящIащ сэлам ирахыну. ВакIуэм деж нэмысыпэу къэувыIэхэри, Темрыкъуэ жиIащ: 
- Гъавэр бэв пхухъу, Сэлихь.
- Усэу, зиусхьэн, - жиIэри, и Iэр иIэтащ вакIуэм, икIи ехъуэхъуащ - Алыхьым ди дэтхэнэ зы махуэри, нобэрейм хуэдэу гуапэу, уэфIу щигъэт!
- Упсэу!
- Гъуэгу махуэ, сыхьэтыфI тхьэм фыхуишэ! 
«Ижь - ижьыж къыщежьэу, лъэхъэнэ гугъусыгъу Iэджэм къызэприхыу, лъэпкъым нобэм къигъэса адыгэ фIэхъусхэр, Iэмал зэриIэкIэ, дымыгъэкIуэдыжу, ди бзэрэ ди щхьэрэ дыщыхуиткIэ, къэдгъэсэбэпыпхъэщ. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. Дэ ди фIэхъусхэр нэхъыбэрэ къэдгъэсэбэпыху, а псалъэ дахэ, псалъэ гуапэхэм я гъащIэм къыпищэурэ, дяпэкIи гъуэгуанэ кIыхь якIунщ», - етх КIурашын БетIал. 
НэгъуэщI лъэпкъхэм къагурымыIуэнкIэ мэхъу, псалъэм папщIэ, адыгэм нэхъыжьым и гъуэгур щIызэпимыупщIыр, уахыхьамэ, гупыр щIэтэджыр, нэхъыжь щыту нэхъыщIрэ щIэмытIысыр… ЦIыхум и пщIэр зыгъэлъагэ апхуэдэ хабзэ дахэ къэзыгъэщIа лъэпкъым игурэ и щхьэрэ зэтелъу, иригушхуэу жиIэу щытащ: «Сэ сыадыгэщ!».
 

 

Мамхэгъ Динэ.
Поделиться: