Зигури зи псэри къафэм ета

Лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным, щIэблэр абы дегъэхьэхыным зи гуащIэ емыблэжу хуэлажьэхэм ящыщщ  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдик. А унэтIыныгъэм абы хуищI хэлъхьэныгъэм и щыхьэтщ ар зи художественнэ унафэщI, Нартан къуажэм щызэхэт, лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэ зытрах  «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым и зэфIэкIыр, къэралым и щэнхабзэ утыкушхуэхэм  щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр.
ГъэщIэгъуэну къекIуэкIащ Къурашэр лъэпкъ гъуазджэм хуэзыша и гъуэгуанэр. Курыт еджапIэ нэужьым КооперацэмкIэ техникумым щIэтIысхьащ. Ар  диплом плъыжькIэ къиухри, Нартан къуажэм дэт тыкуэнышхуэм и унафэщIу ягъэуващ. АрщхьэкIэ зэрысабийрэ къэфэным дихьэх щIалэм ар и гум хуигъэхуртэкъым. «Школым сыщыщIэсым Нартан къуажэм къафэмкIэ щыIэ гупым, иужькIэ «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым сыхэтащ. Къафэм сыщыкIуэну зэманыр къызэрысу тыкуэныр зэхуэсщIырт», - жеIэ Эдик.
Къафэм игури и псэри етауэ зэрыщытым, ар IэщIыб зэрыхуэмыщIынур къыщыгурыIуэм, Къурашэм и анэм ар «Кабардинка» ансамблым ишауэ щытащ. А зэманым абы и унафэщI Аронов Евгений художественнэ советыр зэхуишэсри,  щIалэм и зэфIэкIыр къапщытащ икIи псори зэдэарэзыуэ ансамблым ар хагъэхьащ.
Къурашэр  I983 гъэм щегъэжьауэ 2003 гъэ пщIондэ «Кабардинка» ансамблым хэтащ. ЗэфIэкI хъарзынэхэр къигъэлъагъуэу, стипендие лъагэхэр къихьу IэнатIэр ирихьэкIащ. КъищынэмыщIауэ, ансамблым  и  комсомол зэгухьэныгъэм и секретару хахри, илъэс зыбжанэкIэ, ехъулIэныгъэ иIэу, абыи пэрытащ.
 Эдик лэжьэн щыщIидзагъащIэм, зыпэрыхьа Iуэхум хэзэгъэнымкIэ  сэбэпышхуэ къыхуэхъуауэ куэдрэ фIыкIэ игу къегъэкIыж  нэхъыжьыфIхэу Хъыдзэдж Анатолэ, Мысачэ  Валентинэ, Алэкъей Мухьэмэд, Балъкъэр Хьэутий, Нэхущ Заурбий, Къалмыкъ Заур сымэ. «ЩIалэгъуалэр абыхэм дадэплъейуэ, езыхэми сыт хуэдэ IуэхукIэ дабгъэдыхьами, зыкIи дыкъамыгъэщIэхъуу, чэнджэщ къыдату, фIым дыхуаущийуэ дыкъекIуэкIащ», - жеIэ абы.
 И ныбжьыр нэсу къафэ утыкум къикIын хуей хъуами, IэщIагъэр IэщIыб хуэщIакъым Эдик. Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым хореографиемкIэ и къудамэр къиухыжауэ, езыр дэзыхьэха Iуэхум ныбжьыщIэхэр хуегъасэ. А унэтIыныгъэми Къурашэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьащ. «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблыр ди республикэм и мызакъуэу, щIыпIэ куэдым фIыуэ къыщацIыху. Гупыр сыт хуэдэ утыку ихьэми, зэфIэкI лъагэхэр къыщегъэлъагъуэ.
Унагъуэ дахэкIэ Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщщ Къурашэ Эдик. Абырэ и щхьэгъусэ Мадинэрэ (Къущхьэхэ япхъущ) зэгурыIуэ, пщIэ, нэмыс я зэхуаку дэлъу  зэдопсэу. Унагъуэм и налкъутнэлмэсыр  бынращи, зэщхьэгъусэхэм щIалэрэ хъыджэбзрэ яIэщ – Муратрэ Заринэрэ. Абыхэм зыщIэхъуэпс IэщIагъэр зыIэрагъэхьэнымкIи адэ-анэр дэIэпыгъуэгъу яхуэхъуащ. ТIуми КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балкъэр къэрал мэкъумэш университетыр ехъулIэныгъэкIэ къаухащ, IэнатIэ хъарзынэ яIэу мэлажьэ. Зыхэт гупым фIыкIэ къахэщу, хьэл-щэн зэпIэзэрыт яIэу, хабзэ яхэлъу апхуэдэщ Къурашэхэ я щIэблэр.

Тамбий Заремэ.
Поделиться: