Гуащэхужь

ХьэтIохъущокъуэ Беслъэн, пащтыхьым и дзэпщхэм емызэгъ щыхъум, Къэбэрдейр ибгынэри, Псыжь зэпрыкIащ. Абазэхэхэм яхэтIысхьэри, пащтыхьым и дзэм куэдрэ къезэуащ. Абазэхэхэм илъэсищкIэ ядэзэуауэ, Беслъэн бгым къикIыжри, Уарп деж тIысащ. Абы къекIуэлIэжащ Беслъэн и шынэхъыщIэри – ХьэтIохъущокъуэ Мысост. ЗэшитIым къуэ зырыз яIэт – Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ. Аслъэнджэрий щIалэ хъыжьэт, IэщакIуэт, абрэдж пашэт. Адэлджэрий лIыгъэкIэ къыкIэрыхуртэкъым абы, нэхъ Iэсэми. Беслъэнрэ Мысострэ Уарп деж тIысыжауэ, беслъэныпщ Къанокъуэ Айтэч и шыпхъум, ГуащэхужькIэ зэджэм, и цIэр Iуащ. Аслъэнджэрии Адэлджэрии лъыхъуащ Айтэч и шыпхъу цIэрыIуэм. Гуащэхужь Мысост и къуэ Адэлджэрий дэкIуэсащ. Ар игу техуакъым Аслъэнджэрий: и адэ къуэшри абы и къуэри бий ищIащ.
Аслъэнджэрий бий къыщыхуэхъум, Адэлджэрий бгым ихьэжащ. Адэлджэрийрэ Гуащэхужьрэ къыщыIэрымыхьэм, Аслъэнджэрий и адэ къуэшыр, Мысост, иукIащ. Ар къызэрыхуэмыгъунур ищ1эрти, абрэджу хыхьэжащ.
Зыбжанэ дэкIауэ, бгым щызэрихьэлIэжащ Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ. Абазэхэхэм ядакъым зэшитIыр зэрыукIыжу: хагъэзыхьри зэрагъэкIужащ. ЗэрагъэкIужа щхьэкIэ, тIуми ягу зыхуэплъырт. Илъ зэрищIэжын Iэмал хуекIуэри, Адэлджэрий бгым къикIыжащ, урыс дзэпщым екIужа фэ зытригъауэри, Уарп деж тIысыжащ. Аслъэнджэрий зэрыабрэджт, шу гуп зыщIигъуурэ, Псыжь зэпрыкIырти, зекIуэрт. ЗекIуэ ежьауэ къыщыкIэлъыпхъэркIэ, Аслъэнджэрий и къуэшым деж зыщигъэпщкIурти, пхъэрыр зыщхьэщигъэкIырт: урыс дзэпщым екIужауэ зигъэIуати, Адэлджэрий шэч къыхуащIынутэкъым. Апхуэдэурэ зригъасэщ, игъэбэлэрыгъри, Адэлджэрий илъ ищIэжащ: Аслъэнджэрийр иукIри бгым ихьэжащ.

Хъыбарым зи цIэ къыхэщ пщыхэр Кавказ зауэм щыцIэрыIуэщ. Генерал Ермоловым Къэбэрдейр зэтрикъута нэужь, ХьэтIохъущокъуэ Беслъэнрэ Мысострэ хэкур ябгынэн хуей хъуащ – Псыжь зэпрыкIащ. Ар къыщыхъуар 1825 гъэм иужькIэщ. ЗэшитIым я къуэхэр, Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ, Къанокъуэ Айтэч и шыпхъу цIэрыIуэм, Гуащэхужь, щрихьэлIар Беслъэнейрщ. Беслъэнеипщым и шыпхъур апхуэдизкIэ цIэрыIуэти, ди зэманым къэсащ абы теIукIа псэлъафэр: «Къанокъуэ Гуащэхужь умыхъуамэ, узэрыпагэр сыт?»

Поделиться:

Читать также: