ЖьыукI Хасэ

Нарт эпосым къыхэщ хасэ лIэужьыгъуэщ, жьы хъуар зэраукIыжын унафэ къыщащтэу. ПсэукIэ хьэлъэм, гъуэмылапхъэ мащIэм, нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэми (жьы хъуарэ я псэр яфIэмыIэфIыжу, я гуащIэ зыри къимыхьыжу Iэрызехьэ хъуным) ягъэдурысу, пасэрей хабзэм игъэувыжу щытащ жьыр яукIыжын хуейуэ. ЖьыукIыныр зы лъэхъэнэкIэ лъэпкъ куэдым
яIащ. Мы IуэрыIуатэ мотивыр адыгэ лъэпкъым и гъащIэм къыхэхъукIарэ нэгъуэщI лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэкIыу адыгэ эпосым къыхыхьарэ гъэнэхуэгъуейщ, ауэ нарт хъыбархэм а мотивыр эстетикэм и хабзэкIэ узэдауэ къыщокIуэ.
Зи гуащIэ зыри къимыхьыж жьыхэм я Iуэху хэплъэну Нарт хасэ зэхуосри, абдеж щыжаIэ: жьыхэр шэсу джатэ ягъэбзэжыфыркъым, тэджу шабзэ яшэщIыжыфыркъым, Iуэху къэгъанэ хъуащ, нысэхэр гугъу ядохь. Хасэм унафэ ещI жьы хъуахэр яукIыжыну. Жьыхэр зэраукI щIыкIэр зэхуэмыдэу къокIуэ: Ашэ псыхъуэм и ижьырабгъу нэпкъ задэм кърадзых, а щIыпIэми Жъы[гъэ]итх (Жъыгъэибг) фIащ, тажджэм е хьэдэ матэм ису бгым (пс.п. Инжыджыщхьэ деж) къраутIыпщхьэх, щрадзых. КъуэкIийм дадзэ жьыр яукIын ипэкIэ хасэм деж фадэ щрагъафэрт.
Нарт эпосымрэ жьы хъууэ гущэм хапхэжа лIыжьхэм я гущэ уэрэдхэмрэ къазэрыхэщымкIэ, жьы укI хасэр Алыджхэ я унэм щызэхыхьэт.
Мис нарт Жьэмэду зэраукIауэ эпосым къиIуатэр. Ар жьы хъууэ яукIыжыным щынэсым, нартхэм жьыукI хасэ Алыджхэ щызэхуашэсащ. Сыринэм епщэу, фэтIырпIэм теуэхэу, уэрэдым зрагъэIэту, Жьэмэду и блыпкъитIыр нартитIым яIыгъыу утыкум кърашащ. ИтIанэ ар ирашэлIащ фадэ зэрыт пхъэ чейм. Жьы укI хасэм и тхьэмадэ Джылахъстэн фадэбжьэ Жьэмэду хуешийри, лIыжьым жреIэ къыпэщылъыр. Жьэмэду Тхьэшхуэм зыхуегъазэри жеIэ жьыукIыныр зэрыхабзэ бзаджэр, а хабзэр къэзыгупсысам и ужьыпкъыр мыгъуэ хуэхъуну, илъ зыщIэжын къыкъуэкIыну мэлъаIуэ. ИтIанэ Жьэмэду бжьэм йофэри, «Сэ си ужькIэ нарт Iупэ къыбныремысыж» жеIэри бжьэр хыфIехуэ. Абы иужькIэ лIыжьыр къуэкIийм дадзэри яукI.
ЖьыукI хабзэр лъэхъэнэ докIри мэкIуэдыж. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къыщIэкIынщ псэукIэр ефIэкIуэныр, жьы хъуам и гуащIэ дэмыкIыжIами и Iущыгъэр сэбэп зэрыхъуфынур, абы гущIэгъу зэрыхуэщIыпхъэр зэхащIэ зэрыхъуар. ЖьыукIыныр зэрыкIуэдыжам и сюжетыр эпосми хъыбархэми вариант зыбжанэу къыщокIуэ. Хабзэ ткIийр гъэкIуэдыжыным и щхьэусыгъуэу IуэрыIуатэм нэхъ игъэбыдар жьыр IущыгъэкIэ хуабжьу сэбэп зэрыхъуращ, уеблэмэ, жылагъуэр, хэку псор кIуэдыпIэм къришу. Жьыр чэнджэщкIэ сэбэп зэрыхъухэм ящыщщ: жылэм я псыр IузыщIэ благъуэр зэраукIын Iэмалыр, псым хэлъ фIыгъуэр (дыщэ сыт) къыхэха зэрыхъунур, уэгъу гуащIэм къыхэкIыу гъаблэм ихь хэкум пхъэщхьэмыщхьэ къагъэкI, гъавэ ящIэ, Iэщ яхъу зэрыхъужыну хэкIыпIэхэр, къинэмыщIахэр.
Эпосым зэрыжиIэмкIэ, Бэдынокъуэ и адэ Бэдын иукIыжыну Жьыгъэибг дихри тажджэм ису къриутIыпщхьэхащ. Ауэ жыг лъэдакъэжь гуэрым фIэнэу къыщигъэувыIэм, Бэдын дыхьэшхащ. И къуэм «сыт ущIэдыхьэшхыр?» щыжиIэм, Бэдын жиIащ: «Уэри жьы ухъурэ уи къуэм Жьыгъэибг укъыщыдихкIэ мы жыг лъэдакъэм уфIэнэнкIэ хъунущи аращ». Бэдынокъуэ и адэм игу щIэгъури, бгым къримыдзыхыу бгъуэнщIагъ гуэрым щигъэпщкIури, шхын хуихьурэ, абы щиIыгъырт. Ауэрэ нартхэ лажьэ куэд къеуэлIащ: зэм я пхъэщхьэмыщхьэр кIуэдащ, итIанэ мэлхэр мылъхуэж хъуащ, ху жылапхъэншэу къэнащ. А тхьэмыщкIагъэ псом нартхэр къезыгъэлар Бэдын и чэнджэщ Iущхэращ: гъейм къелауэ жыгыщхьэхэм Бэдын къыщигъуэта мыIэрысэ, кхъужь тIущым пхъэщхьэмыщхьэр дэбэгъуэжащ; тIыхэр щыкIуэдыжам мэлхэр Амыщ и ТIыхъупIэжьым ихури тIыхэр зытета щIым мэлхэр зэрепэму псэф хъуащ; мэш жылапхъэр щыкIуэдыжым, Тхьэгъэлэдж и хьэмыр, абы гъавэ щызэриша гъуэгухэр ивэри мэш бэгъуа къэкIащ. Абы и ужькIэ нартхэм унафэ быдэ ящIащ жьыхэр ямыукIыжу, ячэнджэщу щытыну.
Шапсыгъым Хьаджыкъуэ къуажэм и гъунэгъуу, Ашэ псым и ижьырабгъу Iуфэм бгы пэнтIыкъ иIэщ Жьыибг, Жьыгъэибг и цIэу, урысыбзэкIэ «Скала стариков» жаIэ. Абы жьыхэр щаукIыжу щытауэ яIуатэ.

Поделиться:

Читать также: