Си адэшхуэмрэ нэмыцэхэмрэ

Къэхъуа

Хэку зауэшхуэм щыгъуэ нэмыцэхэр 1942 гъэм ди щIыпIэм къыщысам, си адэшхуэ Къагъырмэс Джэтмэржий (абы ДжэтмырзэкIи еджэхэрт) и ныбжьыр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэси 113-рэ хъуат. Абы иIэт бынипщI – къуиблрэ пхъуищрэ. Ар лIыжь ткIийт, щыщIалэми апхуэдэу щытауэ жаIэрт.
ЗэраIуэтэжымкIэ, урысыдзэм хэту ар щызэуат Болгарием, Шипкэ деж икIи Георгиевскэ жор дамыгъэр къратауэ къигъэзэжат.
Джэтмырзэ и къуихыр зауэм яшат, езыр и нысэ нэхъыщIитIым къабгъэдэнауэ абыхэм зэрахьэрт. Жьы хъуами, и дзэхэм я нэхъыбэр Iутт, и шхын Iыхьи ишхыфырт.
Нэмыцэхэр ди къуажэ къыщыдыхьэм жьыкIэфэкIэр, цIыхубзхэр, сабийхэр топышэхэм, бомбэхэм зыщахъумэу, щIыунэхэм ист, ауэ дадэ, и нысэхэр гузавэу дапщэрэ емылъэIуами, щIыунэм яхуихьакъым, я пщIантIэм дэт Iуащхьэ хъурейм тесу еплъырт лъахъшэ дыдэ зыкъащIурэ абы и щхьэщыгумкIэ щхьэщылъэтыкI нэмыцэ кхъухьлъатэхэм. Хуиту илъагъурт кхъухьлъатэзехуэхэр. Уеблэмэ абыхэм ящыщ зы къыщыдыхьэшхауэ къыщыхъуати, мыжурэ зыфIэлъ и лIыжь башыр хуигъэдэлъат жаIэ.
ИтIанэ дадэ къилъэгъуащ уэрамым дэз къэхъуауэ къыдэкIуей нэмыцэ танкхэмрэ сэлэтхэмрэ. Абы ищIэрт, езым зэрыжиIэу, германхэр ди къэралым къызэрезауэр, ауэ, дауи, и гугъатэкъым апхуэдэу щIэх ахэр ди щIыпIэм къэсыну. Тхьэм ещIэ асыхьэтым ар зэгупсысар. Игу къэкIыжауэ пIэрэт езыр зыхэта Шипкэ зауэр? Хьэмэрэ игъэщIагъуэрэт иджы япэу илъагъу танкхэр? Е егупсысу пIэрэт зауэм щыIэ и къуэхэм?..
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуху тесащ дадэ Iуащхьэм. ИтIанэ унэм щIыхьэжщ, и тахътэбаным игъуалъхьэри щылъащ, хэт щIыхьэми къемыплъу икIи къемыпсалъэу. Сытми, пщыхьэщхьэм зэнысэгъуитIым ягъэшхащ, и пIэр хуащIыжри ягъэгъуэлъыжащ.
ЕтIуанэ махуэм пщIантIэм къыдыхьащ нэмыцитI, автоматхэр япщIэхэлърэ зы тэрмэши я гъусэу. ИувыкIри унэр зэпаплъыхьащ, итIанэ щIыхьащ. Дадэ щылът, зихуапэри тахътэбаным игъуэлъхьэжауэ тутын ефэу. НэмыцитIым языхэзым, абы еплъурэ зыгуэр жиIа нэужь, тэрмэшым дадэ зыхуегъазэ урысыбзэкIэ:
- Мы унэм къыщIэтIысхьэнущ нэмыцэ офицер. Уэ мы пэшым ущIэкIын хуей хъунущ. Аращи, къэгъуэт егъэзыпIэ.
Дадэ, зэгуэр урысыбзэ ищIэу щытами, дауи, щыгъупщэжат, и гъащIэ кIыхьым хупхрымыхыу. Щылът ар щыму, мо щхьэщыувахэм къахудэплъейуэ. Нысэ нэхъыщIэри пэшым щIэтт. Ар егъэджакIуэт, урысыбзэр фIыуэ ищIэрти, «хьэщIэхэр» къыщIэкIуар лIыжьым жриIащ. АрщхьэкIэ дадэ щылът, зыри зэхимых хуэдэ. НэмыцитIыр абы щIэкIиеу хуежьащ, автоматхэр трагъапщэри: «Ауфштейн! Шнель!» «Къэтэдж! ПсынщIэу!» АрщхьэкIэ дадэ хьэ ебэнауэ фIэкIа къыщыхъуртэкъым абыхэм я кIий макъыр. Нэмыцэхэм я гугъат ар тахътэбаным къралъэфу унэм щIадзыну, ар я мураду абы щыбгъэдыхьэм, модрейр и башым епхъуэри, гъущI мыжурэр къахиIун хуэдэу ищIурэ, зыбгъэдимыгъэхьэну хэтт. АрщхьэкIэ и башыр лъакъуэкIэ IэщIаудщ, лIыжьыр зэрилъу тахътэбаныр къащтэщ, къыщIахри пщIантIэм щагъэуващи, иджы ауан ящIу абы щодыхьэшх. ЗэнысэгъуитIым гузавэу къажыхь, лIыжь ерыщыр нэмыцэхэм ямыукIащэрэт, жаIэри.
«ХьэщIэхэр» зэрыдэкIыжу, дадэ аргуэру и пэшым щIыхьэжыну хэтат, арщхьэкIэ и нысэхэм яубыдри пщэфIапIэм яшащ, ар хузэлъыIуахщ, и тахътэбанри абы хущIагъэувэри, я тхьэмадэжьым елъэIуахэщ нэмыцэхэр къимыгъэгубжьыну. ЖраIащ абыхэм запыпшэ зэрымыхъунур. Мопхуэдиз ныбжь зиIэ лIыжьым абы и жэуапу къажриIар мыращ: «Сащышынэркъым сэ а цIапIэхэм! Апхуэдэ Iэджэ слъэгъуащ…»
Нэмыцэхэр ди къуажэ дэкIыжыху дадэ щIагъэхьэжакъым и унэм. Абы и жэуап хуэдэ, дадэ махуэкIэрэ къыщIэкIырти, тутынышхуэ Iурылъу, никIукI-къикIукIыу дэтт пщIантIэм, и теплъэ псомкIи нэмыцэхэм яжриIэ нэхъей: «Сыфщышынэ фи гугъэ? Фи ней къысщыхуэ!»

 

Къагъырмэс Борис.
Поделиться:

Читать также: