Нэмыцэ гъэрхэр

«Азов» нацист батальоным Мариуполь зыкъыщита нэужь ягу къэкIыжащ гъэрхэм ятеухуауэ Женевэ конвенцэ зэрыщыIэр. ХьэкIэкхъуэкIагъэ бзаджэ ялэжьами, абыхэм ябгъэдыхьэнущ цIыху хуэдэу: уIэгъэр ягъэхъужынущ ныкъуэлIэ хъуахэр къызэфIагъэувэжынущ, итIанэщ жэуапым щрашэлIэнур. Фашистхэми, хабзэр хабзэщ…

ЖыIэн хуейщ зи гугъу тщIа конвенцэм Iэ тримыдзами, СССР-м Хэку зауэшхуэм и зэманым абы къигъэувхэр зэригъэзэщIар. Дриплъэжынти тхыдэм.

1941 - 1945 гъэхэм нэмыцэхэу Германием къыдэзауэ къэралхэм я цIыхухэу мелуани 3.5-рэ хуэдиз гъэр хъуауэ къалъытэ. А псори Iэщэ яIыгъыу яубыдащ. Ауэ а бжыгъэм хэткъым Бандерэ и жьауэм щIэту зэрыпхъуакIуэхэм  ядэIэпыкъуахэр, генерал-епцIыжакIуэ Власовым и армэр, апхуэдэу езыхэм яфIэфIу фашистхэм яхуэлэжьахэр.

Ар дыдэр хуэпхь хъунущ зауэм и пэщIэдзэм и мызакъуэу и япэ илъэсми, ди къэралым гъэру зыкъэзыт бийхэр къэзыбж е абыхэм я Iуэхур зезыгъакIуэ IэнатIэ зэримыIам. Дзэ Плъыжьыр къикIуэт зэпытт, ди цIыху куэд гъэрыпIэ ихуэрт. Псалъэм и хьэтыркIэ, апхуэдэхэм я бжыгъэр Белоруссием и Бобруйск къалэм зы мелуаным щызэрынэхьэсат. Дигу къоуэ абы щыгъуэм нэмыцэIуэм къихута ЩоджэнцIыкIу Алийрэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къэжэр Индрисрэ зэрыхэкIуэдар: ахэр мэжэщIэлIагъэм илIыкIащ - зэрыпхъуакIуэхэм ягъашхэртэкъым яубыдахэр. Ауэ а зэманми щыIащ гъэру зыкъэзыта нэмыцэхэр. Я бжыгъэри къагъэлъагъуэ: мини I0. Ауэ ар зэрымыпэжыр белджылыщ: Москва и гъунэгъу Ельня и деж и закъуэ фашист миным нэблагъэ гъэру зыкъыщатат.

А псори пхузэгъэзэхуэнукъым: иужькIэщ Совет Союзым и НКВД-м Гъэрхэмрэ ягъэIэпхъуахэмрэ я Iуэхухэр зезыхуэ и къудамэ (ГУПВИ) къыщызэрагъэпэщар.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, СССР-р щыгуфIыкIыртэкъым гъэр хъуа нацистхэм: абыхэм зэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэм цIыху мамырхэм зауэлIхэри щыгъуазэт.

Iуэхум зызэридзэкIащ I942 гъэм и щIымахуэм. Фельдмаршал Паулюс минищэ хъу и армэм Сталинград и деж гъэр щыхъуа иужь ткIийуэ къыкъуэкIащ ахэр щаIыгъыну щIыпIэхэр къыхэхыным и Iуэхур. Псом нэхърэ нэхъ гугъури, ахэр а щIыпIэхэм нэгъэсынырт. Ди дзэм езым транспорт къемэщIэкIырт. Арати, ахэр лъэсу сыхьэтитху гъуэгукIэ яшэнут, ауэ щIыIэр градус 20-м щыщхьэдэх щIыпIэр цIыху уэдыкъуахэм я къару дэмыхуэнт. ЦIыху мин куэд гъуэгум щылIащ.  Псэууэ къелахэр мащIэ дыдэщ. Аращ: мащэ къэзытIыр мащэ йохуэж.

ЩытыкIэм зихъуэжащ Дзэ Плъыжьыр ебгъэрыкIуэу хуежьа иужь. Иджы псори зэтеухуат: щаIыгъыну щIыпIэхэри, ирагъэшхынури, ирагъэлэжьэнури. ГъэрыпIэхэри зэхэгъэщхьэхукIат: офицерхэр щхьэхуэт, зауэлI къызэрыгуэкIхэр зыдэщыIэр нэгъуэщIт. Красногорск щаIыгът  езы Паулюсрэ абы и дзэзешэ генералхэу Шмидт, Пфайфер, Корфес, Даниэльс, абверым и полковник Адам фон Тротт сымэ.  

1942 гъэм и шыщхьэуIум ягъэува мардэм тету абыхэм зы жэщ-махуэм иратырт щIакхъуэу грамм 400 (къыкIэлъыкIуэ илъэсым грамм 600 - 700 хъуащ) бдзэжьей грамми 100, курпIэ грамм 100, хадэхэкIхэу, кIэртIофу грамм 500, фошыгъу грамм 20, шыгъу грамм 30, дагъэ, шыбжий хуэдэхэр. Сымаджэхэмрэ генералхэмрэ нэхъыбэ ялъыст.

ИпэкIэ къызэрыдгъэлъэгъуащи,сыт щыгъуи нэхъ гугъуу щытар гъэр ящIахэр фронтым Iуашу щаIыгъыну щIыпIэм нагъэсынырт. Ауэ ар зыщIэкIахэр ехъулIат: ахэр къыщагъэсэбэпыр зэхэкъутахэр зэфIэгъэувэжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэрт. Махуэм зэрагъэлажьэр сыхьэти 8 къудейт, улахуэ хуагъэуват: сэлэтхэм мазэм соми 7, офицерхэм -зы тумэн, тумэн, генералхэм - тумэни 3. КъыхэжэныкIахэр ахъшэкIэ ягъэпажэрт.

Хэку зауэшхуэр иуха иужь гъэрхэр яутIыпщыжакъым. Мыбдеж сэбэп щыхъуащ Сталиным Женевэ конвенцэм (зауэр иуха иужь кIыхьлIыхь ямыщIу гъэрхэр яутIыпщыжыныр къыщыгъэлъэгъуам) Iэ зэрытримыдзар. Ахэр къагъэнащ ягъэлэжьэну икIи сэбэп хъуащ: сыти жыIэ, 1945 гъэм къыщыщIэдзауэ 1950 гъэр къэсыху а зэманым зекIуэ ахъшэмкIэ сом мелард 50 и уасэ лэжьыгъэ зэфIагъэкIащ.

Я IэдакъэщIэкIхэр дагъуэншэу зэрыщытам и щапхъэу къэтхьыфынущ Щхьэлыкъуэ, Шэджэм, Бахъсэн, Балъкъ псыхэм тралъхьауэ щыта лъэмыжхэр. Абыхэм я быдагъыр щытар дэ, нэхъыжьхэм, ди нэгу щIэкIащ.

Иужьырей гъэрхэр ди къэралым щикIыжар 1956 гъэрщ. ГъэрыпIэр Iейщ, ауэ абыхэм я Iуэхур куэдкIэ нэхъыфIащ фашистыIуэхэм ихуа ди зауэлIхэм, цIыху мамырхэм нэхърэ. Абыхэм щызэрэхьа хьэкIэкхъуэкIагъэхэм псори дыщыгъуазэщи иджыпсту я гугъу тщIынкъым. ЖытIэн къудейщ мыр: СССР-м гъэру щаIыгъахэм я процент 85-м ягъэзэжащ, дэхуэха ди цIыхухэу нэмыцэIуэхэм исахэм  я процент 50-рщ псэууэ къелар. УпщIэ щыIэ?

ШАЛ Мухьэмэд
Поделиться: