Синдикэ къэралыгъуэАнапэ и Iэхэлъахэм пасэрей къалэжь ущрохьэлIэ, къызэрищэхэжрэ Iэджэ щIауэ. Зэшиблым я къалэжькIэ йоджэ абы нобэ, къызэрахутамкIэ, ар зи IэдакъэщIэкIыр синдхэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пасэрей адыгэхэрщ. Къалэр мывэ блын лъагэкIэ къэхухьауэ щытащ, блыным метритIрэ ныкъуэрэ и Iувагъщ, и лъагагъыр метритIым нэблагъэрт. Зэшиблым я къалэжькIэ нобэ зэджэ быдапIэр (и цIэ дыдэр тхыдэм къыхэнакъым) зыщIар илъэс минитIрэ щихрэ ипэкIэ къэрал зыухуауэ щыта синдхэрщ. Синдикэ пасэрей адыгэ хэкум илъэс щищым щIигъу къигъэщIауэ хыхьэжыгъащ Боспор къэралыгъуэм (Боспорым Кърым хытIыгу ныкъуэмрэ абы къедза щIыналъэмрэ IэщIэлъащ).
Поделиться:
Читать также:
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
16.04.2024 - 17:52 →
Де Марикур Леон
|