Вагъуэ шынагъуэхэр

Астрономхэм хьэршым къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытар квази-вагъуэкIэ зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).
Квазархэр, я зэпрыупIэр куэдкIэ нэхъ цIыкIу пэтми, нурыбэу къапихым гуащIагъэ ин дыдэ зэрызэрихьэмкIэ адрей вагъуэхэм емыщхь къэщIыгъэщ. Абыхэм я къэунэхукIэ хъуари, я зэхэлъыкIэри щIэныгъэлIхэм иджыри къыздэсым нэгъэсауэ яхузэхэгъэкIакъым. Аращ а пкъыгъуэхэм, вагъуэ абрагъуэхэм ещхьу зэщIэлыдэхэм, квази-вагъуэкIэ щIеджэри.
Мы къэщIыгъэхэм къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу яIэхэм ящыщщ ахэр, зэрытпыIудза и лъэныкъуэкIэ, жыжьащэ зэрыщыIэри. Квазархэм къызыпхадз нурыр ди деж къэсыным илъэс мелард бжыгъэ токIуадэ. Ауэ щыхъукIи, уегупсыс зэрыхъунумкIэ, зи нэхур, гъуэгуанэшхуэ зэпригъэчу, дызэрыт лъэхъэнэм къэзыхьэсыфа квази-вагъуэхэм ящыщ зыбжанэр мы зэманым щыIэжкъым, е, нэхъ мащIэрауэ, я теплъэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зихъуэжащ.
Астрофизикхэм къызэрылъытэмкIэ, квазархэр апхуэдизу зэщIэзыгъэнахуэр я лъабжьэм зыщызыгъэпщкIуа, гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэри думпу зыгъэкIуэд, зэщIэзылъафэ «мащэ кIыфIхэрщ». И Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь псори щIигъэхуабжьэрэ ирихужьэу, залымыгъэкIэ щызэжьэхигъауэу щызэхиубэжкIэ, абыхэм я зэхуакум, зэрыгурыIуэгъуэщи, мафIэ бзий иныщэу шынагъуэхэр къыдэмылыдыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
 ЩIэныгъэлIхэм зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ абрагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытар S5-00I4+8I зи нагъыщэ квазарырщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы илъэс мелард I2-м нэблагъэ и ныбжьщ. И кIуэцIым зыщызыгъэпщкIуа «мащэ кIыфIым», уи фIэщ мыхъун хуэдизу, ди Дыгъэм и хьэлъагъым елъытауэ мелард 40-кIэ нэхъыбэ къишэчынущ! Астрофизикхэм зэрыжаIэмкIэ, зы щIыпIэм зыщызэхуэзыхьэса къэщIыгъэм хуэгъэзауэ ар икъусыкъужкIэ куэдыIуэщ. Нэхъыщхьэжыр аращи, зи гугъу ящI квазарым зэгуэр (ар иджыщ щалъэгъури) къызыпхигъэлыгъукIауэ щыта нурым и зэщIэнэхуэкIэр вагъуэ «къызэрыгуэкI» триллион 300-м зэхэту къаутIыпщым хуэдизщ, е нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуэмэ, ди Шыхулъагъуэм зэрыщыту къыпкърыкI нэхум нэхърэ мин 25-кIэ нэхъыбэщ.
 ФIэщщIыгъуейми, а псоми щхьэусыгъуэу яIэр зыщ: S5-00I4+8I квазарым и кIуэцIым зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIым» зы илъэсым къриубыдэу, псори зэхэту, ди Дыгъэм и хьэлъагъым елъытауэ мини 4-кIэ нэхъыбэ къэзышэчыфын пкъыгъуэхэр (ахэр дэнэкIэ кърихми) зыщIилъафэу «думпу» зэригъэкIуэдыфырщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: