Шэшэн щIалэр псоми ятекIуащНакъыгъэм и 17 – 20-хэм Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щызэхэтащ КъурIэным къеджэнымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Къэрал 30-м къикIауэ зэпеуэм хэтащ цIыху 50-м нэс. Япэ увыпIэр къихьащ Шэшэн республикэм щыщ Гайтиев Муса. ЕтIуанэр – Египетым щыщ Суэйд Мэхьмуд, ещанэр – Катар щыщ Алжумайлы Хьэмэд. ЦIыхубзхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Индонезием щыщ Нидхэ Юкхэ, етIуанэр – Палестинэм щыщ Салах Эсам, ещанэр – Инджылзым щыщ Абдинасир Хьэлимэ. Буркина-Фасо, Египет, Индонезие, Пакистан, Инджылыз, Угандэ, Алжир, къинэмыщIхэр – ину зеубгъу зэхьэзэхуэм къекIуэлIахэр къыздикIа щIыпIэхэм я къебжэкIым. «Ислъамым зэкъуигъэува зэгухьэныгъэм» хыхьэ къэралхэм зэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупым хэтхэм я унафэкIэ Къэзан 2022 гъэм абы и «щIалэгъуалэ щыхьэру» щытынущ. Тэтэр къалащхьэр Фес, Истамбыл, Доха къалэхэм ятекIуэри, а пщIэр зыIэригъэхьэфащ. Абы и фIыгъэкIэ, илъэсым и кIуэцIкIэ Къэзан щрагъэкIуэкIынущ диным епха щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэхэр. КъурIэн къеджэнымкIэ зэпеуэр абыхэм язщ.
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
16.04.2024 - 13:47 →
ХьэцIыкIу Башир и зэфIэкI
|