Польшэмрэ Адыгэ Хэкумрэ

2019 гъэм Псыхуабэ къыщыдэкIащ Клычников Юрийрэ Лазарян Сергейрэ я IэдакъэщIэкIыу «Польшэм щыщ дзэхэр бгырысхэм зэрагуэтар» лэжьыгъэр. Урыс-Кавказ зауэм щыщу зыхэдмыщIыкI куэдым ущрохьэлIэ а тхылъым. КъухьэпIэ Кавказым мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэ Урысейм ирищIылIа нэужьи, Iэщэр зыгъэтIылъа бгырысхэр щIэрыщIэу къызэщIэзыгъэстыжахэм я цIэхэр япэу зэхыдох. 

 Лапинский Теофил и Iуэхур къызэремыхъулIам Польшэм щыщ тырку хэхэсхэм гугъэ храгъэхыжатэкъым адыгэхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр къэбгъэсэбэп зэрыхъунум. «Отель Ламбер» зэгухьэныгъэм хэтхэр иджыри щыгугъырт бгырысхэм я пашэхэр Урысейм пэщIагъэувэфыну. Полякхэм я зэхуэсыпIэхэм щекIуэкI псалъэмакъхэм тепщIыхьмэ, зыми и фIэщ ищIыну хуейтэкъым адыгэхэр хилъэфауи, КъуэкIыпIэм щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр къызэрызэщIагъэрыуэжыным елIалIэхэрт. Урысейр Кавказымрэ КъуэкIыпIэмрэ къарууншэ щыхъуа нэужь, КъухьэпIэр зыдагъэIэпыкъуу, Польшэм хуитыныгъэ ирагъэгъуэтыжыну хуейт. Ар я мураду, 1861 гъэм Константинополь яутIыпщащ Шэрджэсым щыщ адыгэхэу Тыркум щыпсэухэм запызыщIа, Чарторыйский Адам и къуэ Витольд. 
Занокъуэ Сэфар-бей дунейм ехыжу Мухьэмэд-Iэмини зита нэужь, абыхэм яхуэбгъэдэн пашэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым къинэжатэкъым. Арати, полякхэм адыгэхэр къытрагъэхьэу хуежьащ псори Сэфар-бей и къуэ Къарэбатыр и унафэм щIэувэну. «Отель Ламбер» гупым щыщу Кавказым яутIыпщащ лейтенант Козерадский. ИтIанэ Адыгэ Меджлисым и лIыкIуэхэр Лондон яутIыпщыну мурад ящIащ. А лIыкIуэхэр занщIэу инджылызымрэ полякхэмрэ я нэIэ ткIийм щIагъэуващ. Меджлисыр, пэжыр жыпIэмэ, зэгухьэныгъэ нэпцIт. Адыгэ лъэпкъхэм Урысейр зэрыхагъэзыхьыфын дунейпсо мыхьэнэ иратын папщIэ, апхуэдэ гуэр имыIэу хъунутэкъым Лондон. 
Инджылызми Польшэми я мурадыр зыт – адыгэхэм ирагъэкIуэкI зауэр зэрыхъукIэ нэхъ кIыхьлIыхь ящIыныр. Куэд дэмыкIыу, абхъазхэр, адыгэхэр, шэшэнхэр, дагъыстэнхэр, куржыхэр, ермэлыхэр зыхэт бэнэныгъэ гуащIэ Кавказ Ищхъэрэм щызэхиублэну зи мурад Иордан Владислав и Iуэху еплъыкIэри наIуэ къэхъуащ. Шэрджэс Хэкум унафэ псори зэкIуэлIэж зы тетыгъуэ, лъэпкъ армэ, поляк, украин, куржы зауэлI гупхэр зыхэт дзэшхуэ къыщызэрагъэпэщыну я мурадт. Ар зрагъэхъулIэну Iэмал яхурикъуакъым. 1862 гъэм «Отель Ламбер» зэгухьэныгъэм хэтхэр урыс революционер хэхэсхэу Герцен Александр, Огарёв Николай сымэ ягухьащ. Урыс лъэныкъуэм щыщу «Отель Ламбер»-м къыдэлажьэрт Кельсиев Василий. Ар Истамбыл кIуэри, Чарторыйский Витольдрэ Иордан Владиславрэ я гъусэу «Колокол» газетыр Кавказым ис урысхэм къахуригъэшэн щIидзауэ щытащ, адыгэхэр къагъэсэбэпурэ. 
Бакунин Михаил зэреплъымкIэ, зыкъэзыIэта Польшэм и гъусэу, урыс офицерхэри къызэщIэгъэстын хуейт, адыгэхэр, бессарабхэр, куржыхэр, украинхэр ямытхьэлэ щIыкIэ, псори зэкъуэту Мэзкуу теуэн хуэдэу. А зэпыщIэныгъэхэр цIыхухэр къызэщIэзыгъаплъэ тхыгъэхэр щызэхуахьэс тхылъ хъумапIэ Истамбыл къызэрыщызэрагъэпэщамкIэ иухащ. 
1863 гъэм щIышылэм Польшэм къыщыхъуа зэрыхьзэрийм кавказ бгырысхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм псэщIэ къыхигъэхьэжри, дунейпсо цIыхубэм я пащхьэм Кавказ Iуэхум мыхьэнэщIэ щигъуэтыжат. Хэкурысхэм Константинополь щыпсэу адыгэхэри хуэмурэ зыгуагъэхьащ. 
Тыркум щыIэ «Отель Ламбер»-м и лIыкIуэ полковник Иордан Владислав зэкъым, тIэукъым адыгэхэм зэрызыхуагъэзар къулыкъущIэшхуэхэм епсалъэу, къадигъэIэпыкъуну елъэIуу. Цей гъэщIэрэщIахэр зыщыгъ а адыгэлIхэр я фIэщу щыгугъырт тырку унафэщIым муслъымэнхэр къригъэлын папщIэ, «мэзкуу мыгъасэхэм» ятеуэным, франджы пащтыхь Наполеони, инджылыз пащтыхь гуащэм и унафэкIэ дзэхэр къезышэжьэну лорд Пальмерстони Кавказыр хуит къащIыжын щхьэкIэ, нобэ-пщэдей гъуэгу къытехьэным. 
ХузэфIэкI ирагъэщIэну щIэлъэIухэм ящыщт Щамил и нэIибу щыта Мухьэммэд-Iэмини. Ар иджыри зэ гъуэтыгъуэ ихуэжыну хуейт адыгэхэм я пашэ хъуну икIи КъухьэпIэм мылъкукIэ закъыщIигъэкъуэну щыгугъырт. ЗауэлI щитху зыхэт дзэр мазищкIэ зрикъун ахъшэ къратамэ, зэры-Кавказу къызэщIиIэтэу, урысхэм япэщIигъэувэну шэсыпIэ иувэрт нэIибыр. ЩIыпIэр фIыуэ зэрицIыхур ищIэу, ечэнджэщ пэтми, полковник Иорданым абы дзыхь хуищIыщэртэкъым. 
Ауэрэ унафэ къащтащ Шэрджэс Iуфэм Iэщэ зэрылъ кхъухьхэр ягъакIуэу, къухьэпIэ къэралхэр къазэрыдэIэпыкъунур бгырысхэм я фIэщ ящIыну. Чарторыйский Витольд, Замойский Владислав, Уркварт Дэвид сымэ ягу яфIэмыкIуэда къудейтэкъым. 1863 гъэм абыхэм аргуэру зы кавказ зекIуэ зэрагъэпэщащ. Тырку полякхэмрэ абыхэм я дамэгъухэмрэ зэхуахьэса псапащIэ ахъшэмкIэ жыжьэрыуэ топрэ зауэлI хуэIухуэщIэшхуэрэ къащэхуащ. Чарторыйский Витольд езым и мылъкукIэ зауэлIи 150-рэ ихуэпащ. 
Iуэхур зи пщэ далъхьар франджы капитан Маньянт. Поляк зауэлIхэм я унафэр зыIэщIэлъыр Пшевлоцкий Клеменст. Ирашэжьа кхъухьхэр къамыубыдын щхьэкIэ, ахэр франджы консульствэм и нэIэ щIэтут зэраутIыпщар. 1863 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м абы исхэр хы Iуфэм Iус шапсыгъхэм я деж щитIысыкIри, ТIуапсэ яунэтIащ. 
Япэрей десантыр зэрыхъур цIыху 16-рэ топи 6-рэт. Псэемыблэжхэм я бжыгъэр хуэмурэ 1000-м нэсащ. Мазэ зыбжанэкIэ Пшевлоцкэм и зауэлI гупыр и гъусэу урысыдзэм хэщIыныгъэшхуэхэр иритащ. Убыххэм зэрылъэпкъыу зыкърагъэIэтын щхьэкIэ, Меджлис зэхурагъэшэсыну трагъэгушхуэн щIадзащ. 
ИтIани, Пшевлоцкэм и кIэн къикIакъым. Бгырысхэм зэкъуэту зыкъыщаIэтыфыну чэзур яIэщIэкIат. Урысыдзэр зэбгъэрыкIуэ щIыпIэхэр хэкурысхэм ябгынэн щIадзакIэт. 
1864 гъэм Пшевлоцкэм Тыркум игъэзэжын хуей хъуащ. Фадеев Ростислав зэрыжиIэмкIэ, Европэм иджыри я фIэщ щыхъуртэкъым Кавказым щекIуэкI Iуэху гукъутэр щIэх иухыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, «урысхэр нэхъ гуащIэху, абыхэм я бийхэри нэхъ ерыщу зэкъуэувэрт». 
Трабзон щыIэ франджы консульствэм и тэрмэш поляк Подайскэм, Адыгэхэм папщIэ псапащIэ комитет къызэригъэпэщауэ щытащ а зэман дыдэм. А комитетым и фIыгъэкIэ (урыс генерал Фадеев Ростислав и псалъэкIэ) «урысхэм япэщIэт адыгэхэм ядэIэпыкъун гукъыдэж зиIэ япэ къэс пцIыIуэпцIышэр зи цIэ ямыщIэххэ псапащIэхэм я мылъкукIэ Iэщэ-фащэкIэ зэрагъэпэщырт». Урысхэм ящIэрт полякхэмрэ франджыхэмрэ Тыркум икIыу Кавказым кIуэну зэрызагъэхьэзырыр, ауэ зэран яхуэхъуну Iэмал ягъуэтакъым абы щыгъуэ. 
А Iуэхум хэта Фонвилль Александр игу къегъэкIыж: «Европэм щыщу цIыхуитху дыхъурт: полякищрэ франджитIрэ. Пшевлоцкэм и унафэ дыщIэтт, ар япэм генерал Бем и шугъусэу щытащ. Иджыри убыхыпщ Исмэхьил-бей и унафэм щIэт адыгэ 30 ди гъусащ». 
Хъарзынэу къажьэхэуэнкIи хъуну плъыр кхъухьхэм яIэщIэкIри, Пшевлоцкэм и гупыр 1863 гъэм фокIадэм Шэрджэс щIыналъэм щитIысыкIащ. А зэманым Урысейм пэщIэтурэ къару къызыхэмынэжа хэкурысхэм зауэр ягъэувыIэн щхьэкIэ ямыщIэн щыIэтэкъым. Ауэ иджы къэкIуа европей лIыкIуэхэм я мурадыр ирагъэхъуэжри, Европэм къикI дэIэпыкъуэгъухэр къэсыху, зэуэну къытрагъэхьащ. 
ЛъэныкъуитIым зэхэуэн щIадзэжащ, уеблэмэ бгырысхэм я деж гъэру щыIа я лъэпкъэгъухэр лыхьыдзэм къагухьэжат. ИтIани, апхуэдэу куэдрэ екIуэкIыфынутэкъым. КъэкIуахэм хуэмурэ къагурыIуащ абыхэм жаIэр бгырысхэм я фIэщ зэрымыхъужыр. Абы ищIыIужкIэ, урысхэм ахэр къэзыубыдыфыр ахъшэшхуэкIэ къагъэгугъэрти, абэзэхэхэр увыIэгъуэ ямыIэу къакIэлъыплъырт, къаубыдыну я мураду. Зэман зыбжанэ ипэкIэ урысхэм япэщIэтахэм, урысхэм я тыгъэхэм щыгугъыу, Пшевлоцкэм и гупым хэтхэм къещэхэрт иджы. 
Лъыгъажэ хэмыту ТIуапсэ урысхэм къызэраубыдар зэхаха нэужь, псори гужьеят. А хъыбарым Пшевлоцкэм и цIыхухэри игъэщтащ, къаубыду урысхэм яIэрыхьэнкIи зэрыхъунум щышынэу. Арати, зауэныгур яфIэкIуэдащ. Трапезунд адыгэ хэхэсхэр къыщызыубыдыну хэта Подайскэм и къызэщIэгъэплъэкIэри сэбэп хъужакъым. Абы лъэкI къигъанэртэкъым адыгэхэр Кавказым къринэн щхьэкIэ, Европэм щекIуэкIыр ищIэрти. Ауэ куэд дэмыкIыу, пцIы трагъэIукIри, ари Iуэхум хэкIын хуей хъуащ. Польшэм зыкъыщызыIэтахэр щрагъэкIуэтым, Кавказыр зыми къыфIэIуэхужакъым. 
 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: