Гумрэ псэмрэ хуихь IэщIагъэ

         Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. А псоми я лэжьыгъэр къызэщIэзубыдэ дизайнер IэщIагъэрщ Хъуран Лианэ илъэси 8 хъуауэ зи яужь итыр. А Iуэхум зэрыдихьэхам, щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтам, япэу къехъулIа лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми хъыджэбзыр къытхутепсэлъыхьащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

         - Си IэщIагъэм и къежьапIэ хъуар изопх сысабийуэ вакъэхэр зэрагъэцIу крем къасщтэу ди унэм и кIэлындорым и блыныр фIыцIэу къезлэкIауэ зэрыщытам. Зы сурэт телъыджэ сщIам хуэдэу си анэшхуэм къысщигъэхъуат, икIи къызэшхыдатэкъым. А зэманым щегъэжьауэ, сытемыпыIэу сурэтхэр сщIырт, хьэпIацIэщыгъэкIэ зыгуэрхэр зблэрт, уеблэмэ языныкъуэхэри сщэну схузэфIэкIырт. ГурыIуэгъуэт си къэкIуэнур гъуазджэм епхауэ зэрыщытынур. КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжыр къэзуха нэужь, студием сыщылэжьэну е нэхъ мыхъуми дизайнерым и дэIэпыкъуэгъуу IэнатIэ гуэр къэслъыхъуэну и ужь сихьащ. АрщхьэкIэ, си гугъэр щхьэгъэпцIэжт - зыщIыпIи сыкъащтэртэкъым. Пэжыр пэжщи, щIэупщIэ зиIэр Iуэхум хуэIэижь хъуа лэжьакIуэхэрт, щIэзыдзэ къудейм дежкIэ ар гугъусыгъут. Лэжьыгъэм си нэр къызэрыхуикIымрэ зэчий збгъэдэлъу езым къызэрысщыхъужымрэ мащIэу къыщIэкIат. Ауэ седжэхукIэ Iуэхуншэуи сыщысатэкъым: си цIыхугъэхэм, си ныбжьэгъухэм проект нэхъ тынш цIыкIухэр яхуэсщIагъэххэт, зыгуэрхэри къызэхъулIат. Ахъшэ къыпэкIуэу япэ дыдэу сызэлэжьар шхапIэм и теплъэрт. IуэхущIапIэр зейм жесIащ ар си япэ лэжьыгъэу зэрыщытыр, зызгъасэу зэрыарар, абы къыхэкIыуи пщIэншэу макетыр хуэсщIыну сызэрыхуейр. Ар арэзы хъуат, ауэ си лэжьыгъэр игу щыдыхьэм и уасэри къызитыжащ. Иужьым нэхъ куууэ зыхэзгъэгъуэзэн щIэздзащ дизайн IэщIагъэр зэрызэтепщIыкIыж лIэужьыгъуэ псоми, абыхэм ятеухуа курс куэди седэIуэжащ. Гъэлъэгъуэныгъэхэм щIэх-щIэхыурэ зыщысплъыхьырт, Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм сыхэтт. Сэ езым си IуэхущIапIэ къызэзгъэпэщыжауэ иджыпсту цIыхухэм садолажьэ, IэщIагъэлIхэри сиIэщ.

         - Лианэ, зэрысщIэмкIэ, ди республикэм къищынэмыщIа, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэми ущолажьэ. Пэш гъэдэхэным елэжь IэщIагъэлIхэр зэпэубыда?

         - Илъэс зытIущ и пэ къапщтэмэ, пэш, унэ теплъэхэр гъэдэхэным ехьэлIауэ дизайнерхэр ди мащIат, апхуэдэхэм я лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ яIэтэкъым. ЦIыхухэм нэсу къагурыIуэртэкъым дизайнерым ищIэм и мыхьэнэр. Нобэ ди IэщIагъэм ирилажьэхэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ, цIыхухэми нэхъ яфIэкъабылу ди Iуэхутхьэбзэхэр къагъэсэбэп. Дизайн лэжьыгъэхэр щызгъэзэщIащ Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн республикэхэм.

         - Сыт хуэдэ унэтIыныгъэхэр я гум нэхъ дыхьэрэ ди цIыхухэм?

         - Лэжьэн щыщIэздза япэ илъэсхэм цIыхухэр нэхъыбэу зыдихьэхыу щытар Барокко гъуазджэ лIэужьыгъуэрщ - егъэлея цIыугъэнэхэмкIэ, хэIэтыкIа, лъапIафэ унэм къытезыгъауэ пкъыгъуэхэмкIэ я унэхэр ягъэдэхэну яфIэфIт. Куэд щIакъым, иужьрей илъэс зытIущырщ, абы къытекIыу классикэм нэхъ зыщыхуагъэзэжар. Иджы нэхъ къащтэ пэшыр лей щIэмыту нэхуу, хуиту щытмэ.  

         - Уэ щапхъэу къэплъытэ дизайнер щыIэ?

         - Урысейм и дизайнер цIэрыIуэ куэдым я лэжьыгъэхэм сигу ирихьу зыхызогъэгъуазэ. Ауэ нэхъыбэу тегъэщIапIэ сщIыр архитектор цIэрыIуэ, хьэрып дизайнер Хадид Захэ и творчествэрщ. ИкъукIэ цIыхубз телъыджэт, абы и лэжьыгъэхэр си дежкIэ узылъэмыIэс фIыгъуэхэм ящыщщ. Мы зэманым КъБР-м и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм сыхэтщи, дэтхэнэми зым адрейм и деж щIэ гуэр къыщещIэф, дызэдоIэпыкъу. Абыи мыхьэнэшхуэ иIэщ.

        

Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: