Лъагъуныгъэм ипэ напэ
Махуэр къызэрыгуэкI дыдэт, ММА-м хэт Шарабутдинов Магомед «Къатхэр» щэхуакIуэ центрым щIэт, токкIэ зекIуэ дэкIуеипIэмкIэ къехрэ пэт, и пащхьэм ит Ромеорэ Джульеттэрэ зэрызэхуэIэфIыр бэнакIуэм и нэм къыщIэуэу къагъэлъэгъуэн щIамыдзамэ. Шарабутдин куэдрэ мыгупсысэу и хъыджэбзым ба хуэзыщI щIалэм «къэгъанэ» жриIащ. Пщащэм и пащхьэ щагъэпуду зымыдэну щIалэм ар игу техуэнт? Тыкуэным щIэт видеом къызэрищыжымкIэ, япэу зи Iэр къэзыIэтар лъагъуныгъэм итхьэкъуа псэлъыхъу хъыжьэрщ. Зи IэштIымыр хьэлъэIуэу къыщIэкIа Шарабутдин зэрыжиIэжымкIэ, мы Iуэхур къызэрыхъурэ мазэм щIигъуащ. ЩIалитIыр зэкIужри, сэлам гуапэкIэ зэбгъэдэкIыжахэщ. Иджы ар телеграмым ит «Mash» напэкIуэцI цIэрыIуэм зэбгритыкIауэ, дунейм хэз мэхъу. . Iуэхур Къэрал Думэм нэгъунэ нэсри, Магомедовыр захуэу къэзылъытэхэм я бжыгъэм депутатхэри къахэхъуащ.
Поделиться:
Читать также:
08.06.2023 - 16:58 →
Скульптурэм сыт къыджиIэр?
07.06.2023 - 18:37 →
Тхэныр зи гъащIэ, зи дуней
07.06.2023 - 11:07 →
ЗыплъыхьакIуэ нэгузыужь
06.06.2023 - 13:31 →
Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ
05.06.2023 - 15:08 →
Макъамэм зэхуешэс
|