Атэлыкъ

«ХамэщIым гъащIэу къыщекIуэкIыр,
ЗригъэщIэну ар хуэпIащIэу,
НыбжьыщIэу унэр ибгынат…», - Лермонтов Михаил.

Хабзэ дахэрэ икIи мыхьэнэшхуэ иIэу адыгэхэм ягъэзэщIахэм ящыщщ атэлыкъыр. Хамэ быныр езым ейм хуэдэу зыпIа цIыхум «атылэкъкIэ» йоджэ. Быныр зеймрэ атэлыкъымрэ апхуэдэ щIыкIэкIэ лъыкIэ зэгухьауэ, зэблагъэ хъуауэ ябжырт. Атэлъыкъым и мыхьэнэр апхуэдизкIэ инти, унагъуитIым я закъуэ мыхъуу, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъуурэ, жылэ псохэр зэрыщIэрт, зэрыцIыхурт, зэгухьэрт.
Атэлыкъым ипIыну къищта сабийм, ныбжьыщIэм зэреджэр «къанщ». Атэлыкъым къаным лIыхъужь хахуэ, зауэлI шыщхьэмыгъазэ, щауэ гъэса къыхищIыкIын щхьэкIэ, гъэсэныгъэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпырт. Псом япэрауэ, атэлыкъым и къалэн нэхъыщхьэу къилъытэжырт къаным Iэщэр и Iэпкълъэпкъым щыщым хуэдэу къигъэсэбэпыфу, къэзыхъуреихь щIыпIэм щымыгъуащэу, шым тесыфу игъэсэныр. ЗекIуэ ежьэмэ, адрыщI шы гуартэ кърихунумэ, къаныр здишэурэ, атэлыкъым ар Iэсэу, псынщIэу зигъазэу, жану гупсысэу игъасэрт, и лIыгъэр здынэсури здынэсари зригъащIэрт.
АдыгэлIым адыгэш щIымыгъуу уи нэгу къыпхущIэгъыхьэртэкъым. Шымрэ Iэщэмрэ адыгэлIым и дуней щхьэхуэт. А щыр зы зэрыгъэхъуамэ, зы къару гуащIэ къызэрыгъэхъурт. Абы къыхэкIыу, цIыхум хуащI пщIэм нэхърэ мынэхъыбэмэ, нэхъ мащIэтэкъым а псэущхьэ Iущми хуащIыр. ШыфIыр уасэншэт. Арауэ къыщIэкIынщ пасэрей адыгэхэм «Уи шымрэ уи къамэмрэ жумыIэ закъуэ, сытри уэстынщ» щIыжиIар. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уи гъащIэм и къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр пчынрэ дуней нэхур къыптеункIыфIэнрэ зэлъытар ахэрат. АдыгэлIым и мылъку псори къуитыфынут шыфI е уанэфI щхьэкIэ.
Адыгэ уанэр апхуэдизкIэ Iэзэу ящIырти, псым хэхуами, псыIагъэ кIуэцIрымыкIыу, зэIымыхьэу къызэтенэрт. Лъагэу Iэтауэ, езыр мыин дыдэрэ псынщIэу, адыгэ уанэр шым и тхым тхьэмахуэ енкIэ къыумыхми, игъэузыртэкъым, фэр трихыртэкъым, псэущхьэр гугъу иригъэхьыртэкъым. Апхуэдэ уанэр зауэм хуабжьу сэбэп щыхъурт.
Гъунэгъу щIыналъэхэм щIалэ цIыкIухэр кърашыурэ адыгэ унагъуэхэм къану къратырт. Адыгэхэм хуэдэ зауэлIрэ, абыхэм яхэлъ хьэл-щэн дахэм хуэдэ зиIэрэ Кавказ псом щымыIэу къалъытэрти, я бынхэр адыгэхэм ягъасэмэ нэхъ къащтэу арат. Мы гъэсэныгъэ псом и щхьэжкIэ, хамэ щIыпIэ къраша къаным адыгэбзэ зригъэщIэн, адыгэ хабзэ гъунапкъэншэри игъэунэхун хуейт. ЩIалэ цIыкIур балигъыпIэ иуварэ, гъэсэныгъэр зэфIэкIауэ къыщалъытэкIэ, пщIэшхуэ хуащIу къызыхэкIа унагъуэм хуашэжырт.
Атэлыкъ IуэхукIэ зэблагъэ ухъуныр апхуэдизкIэ уасэншэт, лъапIэти, къаныр дэIэпыкъуэгъу, дамэгъу хуей хъуамэ, зыщапIа унагъуэм и закъуэ мыхъуу, жылэ псом, лъэпкъ псом щыгугъыфынут. ИкIи атэлыкъыр и къаным дэIэпыкъун, сэбэп хуэхъун папщIэ, имыщIэн щыIэтэкъым, апхуэдизкIэ быдэт, къабзэт, лъапIэт адыгагъэр, адыгэ гъэсэныгъэр, адыгэ благъагъэр.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: