Гитлер зиукIыжар пэж?1945 гъэм накъыгъэм и 4-м Германием и Iэтащхьэм и бункерым пэгъунэгъу дыдэу сэлэт Чураков Иван къигъуэтащ мафIэм иса хьэдэр. «Смерш» контрразведкэм и лэжьакIуэхэм иужькIэ къалъытащ ар Гитлер Адольф и хьэдэу. Фюрерым къыбгъурылът нэхъ Iеижу мафIэм иса Браун Евэ и хьэдэри. Совет тIасхъэщIэххэм къадэIэпыкъуащ Гитлер и щхьэхъумэхэм ящыщ Менгесхаузен Хари. Абы тхьэ щиIуэжырт а хьэдитIыр Гитлеррэ Браун Евэрэ яйуэ. АрщхьэкIэ, уеблэмэ а зэманми шэч къытрахьащ абы и псалъэхэм. ЗызыукIыжахэм я щхьэхэр Москва къагъэсыну унафэ ящIащ IэщэкIэ зэщIуэда къарухэм я музейм щIалъхьэну мурадкIэ. АрщхьэкIэ иужькIэ нэхъ щIэхуабжьэ хъуащ хьэдэхэр Гитлеррэ Браунрэ зэрейм къытрахьа шэчыр. Iуэхур зэхигъэкIын папщIэ Германием ягъэкIуащ СССР-м къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комиссар Меркулов Всеволод. 1945 гъэм и мэкъуауэгъуэмрэ бадзэуэгъуэмрэ абы зэхуихьэса хъыбархэр щыхьэт техъуащ Гитлер зэрызимыукIыжам. Ар телъыджэ дыдэт!
Поделиться:
Читать также:
06.07.2022 - 19:21 →
Зратахэмрэ къызытрахыжахэмрэ
05.07.2022 - 09:00 →
И щхьэгъусэм и лъэIукIэ властыр тридзат
04.07.2022 - 18:12 →
ХьэщхьэрыIуэхэми тIасхъапIэ яIэщ
01.07.2022 - 16:59 →
Псыхуабэ и псы хущхъуэхэр
01.07.2022 - 14:41 →
ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ
|