Тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ зэподжэж

Адыгэ тхыдэм и къуэпсыр жыжьэ дыдэ къызэрыщежьэм щыхьэт тохъуэ нарт эпосми нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэхэми куэдрэ узыщрихьэлIэ «уащхъуэ» псалъэр. Тхьэ яIуэн (псалъэ быдэ ятын) хъумэ, адыгэхэм нобэр къыздэсым я псэлъафэщ ар - «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ!» «Мыващхъуэ кIанэр» гурыIуэгъуэщ, хэт (сыт) хъуну «уащхъуэр», сыт абы и цIэкIэ тхьэ щIаIуэр - псалъэ быдэ щIатыр?
 ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, «уащхъуэ» псалъэм хьэткIэ зэджэ пасэрей лъэпкъыжьым и тхыдэм унешэс. Илъэс миниплI ипэкIэ къыщIедзэ хьэтхэм я тхыдэм - апхуэдиз я ныбжьщ Хьэт къэралыгъуэми хьэт культурэми. Куэд щIакъым хьэт тхыдэр джын зэрыщIадзэрэ - лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуакъым. Хьэт тхыдэр зыдж щIэныгъэлIхэм иджы шэч къытрахьэжыркъым хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ я быдзышэ зэрызэIулъым. Тхыдэм къелакъым хьэтхэм я бзэмрэ я культурэмрэ я лъэужь куэд, къела мащIэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хьэтхэм я бзэмрэ адыгэбзэмрэ я лъапсэр зыщ: хьэтыбзэм къытепщIыкIыжащ адыгэбзэри, абхъазыбзэри, убыхыбзэри. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, абы и щыхьэтщ адыгэбзэм къыщызэтена «уащхъуэ» псалъэр: хьэтхэр УащхъуэкIэ еджэу щытащ уафэм и тхьэм - я тхьэшхуэм. 
Хьэтхэм я къэралыгъуэм и гъунапкъэм жыжьэ зиукъуэдияуэ щытащ - нобэрей Тыркум и къуэкIыпIэм къыщыщIэдзауэ ТэманыкIэ нэс хы Iуфэр къызэщIиубыдэу. Хьэт къэралыгъуэр лъэлъэжа нэужь, хы Iуфэм къыIунащ иужькIэ абхъаз, убых, адыгэ хъуа хьэт лъэпкъхэр. Хьэтхэм я къэралыгъуэм и лъэхъэнэм адыгэхэм зэрахьа лъэпкъыцIэм - кашкэм – и къуэпсыр къэсащ ди деж: гъунэгъу лъэпкъ зыбжанэр, псалъэм папщIэ, осетинхэмрэ сонэхэмрэ, адыгэхэм ноби къызэреджэр кашкэщ. «Кашкэм» къытекIыжащ курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм зэрахьа «касог» цIэри - а цIэр адыгэ лъэпкъхэм зэрахьащ «шэрджэс» псалъэр къэунэхуху; щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Кавказ» псалъэми лъабжьэ хуэхъуар пасэрей адыгэхэм я лъэпкъыцIэрщ - «кашкэрщ». 

*    *    *

Адыгэ пщIантIэхэм иджыри къэс ущрохьэлIэ къудамэ цIыкIу куэд зытет пхъэ джафэхэм. ПхъэлъантхъуэкIэ йоджэ абыхэм. Лы, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып фIадзэу щытащ пхъэлъантхъуэм нэхъапэм. Нэхъ узэIэбэкIыжыIуэмэ, пхъэлъантхъуэм тхыдэ хьэлэмэт иIауэ къыщIокI… 
Адыгэхэм иджыри къэс ягъэлъапIэ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэр, ар илъэсыщхьэу къалъытэ. 
Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ, унагъуэ къэс пхъэлъантхъуэ зырыз зэрахьэрт, Созрэщ и пхъэлъантхъуэкIэ еджэу. Созрэщ и пхъэлъантхъуэр хьэмкIутIейм е кхъужьейм къыхащIыкIырт, илъэс хъурейм гуэным щахъумэрт, гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм и пщыхьэщхьэм ар гуэным кърахырт. Пхъэлъантхъуэр гуэным къыщрахкIэ я пашэр нысащIэт. Гуэныбжэм бгъэдыхьэрти, нысащIэм жиIэрт: «Созрэщ, бжэр Iухи, дыныщIэгъэхьэ!» Бжэр «къызэIукIырти», нысащIэм пхъэлъантхъуэр къищтэрт, пхъэлъантхъуэм и къудамиблым тегъэпщIа шэху уэздыгъэхэр пагъанэрти, унэм щIахьэрт, жыхафэгум трагъэувэрти, езыхэр къетIысэкIыжырт, пхъэлъантхъуэм зыхуагъазэурэ тхьэ елъэIурт: «Я дэ ди тхьэу тхьэшхуэ, гъэфI къыдэт, ди гъавэр гъэбагъуэ, мафIэм дыщыхъумэ…» А пщыхьэщхьэм Созрэщ къигъэзэжауэ къалъытэрт, илъэс хъурейм хы гущIыIум тетауэ; Созрэщ къыщигъэзэжа махуэм гъэрэ щIырэ зэхэкIауэ къалъытэрти, жылэм я гуфIэгъуэт, джэгушхуэ, тхьэлъэIу ящIырт. 
Созрэщ нэмыщI, пасэрей адыгэхэм тхьэуэ е тхьэпэлъытэу яIащ Мэзытхьэ (мэз псэущхьэхэм я тхьэ), ЗекIуэтхьэ (зекIуэлIхэм, гъуэгу тетхэм я тхьэ), Хыгуащэ (хым и тхьэ), Псыхъуэгуащэ (псым и тхьэ), нэгъуэщIхэри. Уафэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм я тхьэр Уащхъуэт, уафэгъуагъуэм, уафэхъуэпскIым я тхьэр Щыблэт, цIыхум и гъащIэр, и псэр зи IэмыщIэ илъыр Псатхьэт. Мэкъумэш зыщIэхэм тхьэуэ къалъытэр Тхьэгъэлэджт, Iэщ зыгъэхъухэм - Амыщ, гъукIэхэм - Лъэпщ. 

*   *   *

Пасэрей тхыдэми IуэрыIуатэми щыгъунэжщ амазонкэкIэ зэджэ цIыхубз зауэшыхэм я хъыбар. Адыгэхэр абыхэм емыджкIэ еджэу щытащ. Пасэрей тхакIуэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, амазонкэхэр Тэн Iуфэ Iусащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пасэрей адыгэ лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, меотхэм, я лъахэм исащ. Тхыдэм ихъумащ ТыргъэтауэкIэ зэджэ меот гуащэм и цIи, и хъыбари. Меот гуащэ Тыргъэтауэ синд пащтыхь Гекатей и щхьэгъусэт. Боспор пащтыхь Сатир Синд къэралыр зыIэщIилъхьэн мурад ищIащ, абы и жыIэм едаIуэри, синд пащтыхьым - Гекатей - меотыпхъур иригъэкIыжащ. Тыргъэтауэ меотхэм яхыхьэжри, дзэ зэригъэпэщащ, боспор пащтыхьымрэ синд пащтыхьымрэ ятеуэри, тIуми я дзэр зэхикъутащ. Сатир дунейм ехыжыху, Тыргъэтауэ зауэр игъэувыIакъым, Сатир и ужькIэ пащтыхь хъуа Горгипп екIужри, Iэщэр игъэтIылъащ, къэралитIми, Синдикэмрэ Боспорымрэ, я лъабжьэр тIасхъэ ищIауэ… 
Аращ тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Нарт эпосми куэдрэ ущрохьэлIэ цIыхубз зауэшыхэм я хъыбар: зауэлI фащэкIэ хуэпауэ, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу нартхэм ядозауэ ахэр, уеблэмэ шу пашэ хъуауэ долъагъу. Ар щыхьэт тохъуэ пасэрей тхакIуэхэм зи гугъу ящI амазонкэхэм я хъыбархэр зэрымылъабжьэншэм: нарт эпосми нэгъуэщI пасэрей адыгэ IуэрыIуатэхэми щыгъунэжщ цIыхубз зауэшыхэм я хъыбар. Ар дэнэ къэна, илъэсищэм нэблагъэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэм и тхыдэми ихъумащ цIыхухъу зауэлIхэм ядэшэса, уеблэмэ шу пашэ хъуа цIыхубз хахуэхэм я цIэ. 
 

Къэрмокъуэ Хьэмид.
Поделиться:

Читать также: