Псыежэхым жиIэр

Дыгъэм зеукъуэдийри, удз гъэгъа губгъуэм йоIусэ. Гъэгъахэр егъафIэ. Губгъуэ щхъуантIэм тепхъа гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэм хьэндрабгъуэхэр тотIысхьэ, къытолъэтыж, ящхьэщолъатэри загъэкIэрахъуэ, къофэ. Жьы мащIэм гъэгъа тхьэмпэхэр щIигъэхъаеурэ, хьэуам мэ гуакIуэр хегуашэ. 
Псы ежэх цIыкIур мывэ кIэщхъым кIэщIэрыIэурэ, зэрегъэунтIэIу. Дунеяплъэ здрихьэхыну якIэщIэрыIэ хуэдэщ. Мыдрейхэм ар ядэркъым. Тегушхуэу зыкъэзыIэт къахэкIми, «тIыркъ» жригъэIэу и гупэкIэ къыщылъ мывэм тохуэж. Псалъэурэ йожэх псыр. Йопсалъэ губгъуэм, гъэгъахэм, хьэндрабгъуэхэм. Йопсалъэ дыгъэм. Езы дыгъэри, и бзий хуабэхэмкIэ къоIэбыхри, псы къабзэм и щIыфэм тоIэбэ, телъыджэу щхьэщолыдыкI. Дыгъэр зыхуэгуэпа псым и уэршэрым зрегъэIэт - жиIэн и куэдщ. ЕIуатэ куэд щIауэ зыщIэдэIу, зэхуихьэс хъыбархэр. КъэувыIэмэ, ахэр зэпыункIэ шынэ нэхъей, тетщ и гъуэгум. Здрехьэх зэгуэр псыхъуэм къызэрыдэхьа щIалэжь цIыкIухэм я дыхьэшх макъи, къыщхьэщылъатэурэ зэ зы уэрэд, зэми нэгъуэщI къыжезыIа бзухэм я бзэрабзи, зи губампIэ и Iуфэм щыдэзыха пщащэм и щэху нэгъунэ. Псыр игъуэжынти, а илъагъу, зэхих псом щыщIамэ. Ирежэх атIэ… къэмыувыIэу, псалъэу, дыгъэм пэлыду! 
 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться:

Читать также: