Тхыдэ уэрэдыжьхэр я щыхьэтщ

ЦIыхубзым и пщIэр хъумэныр нэхъыщхьэ дыдэт адыгэ лIыхъужьхэм я дежкIэ. «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ» псалъэжьми къегъэлъагъуэ адыгэ бзылъхугъэм пщIэшхуэ зэриIар. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжщи, абы къигъэувыIэфынут лъыгъажэ ящIыну зэпэува цIыхухъуитIыр.         

Къыхэгъэщыпхъэщ, адыгэхэр щызауэм, уэркъ хабзэмкIэ, цIыхубзхэм, сабийхэмрэ лIыжь-фызыжьхэмрэ лей къытрамыгъэхьэу зэрыщытар. «Адыгэр хахуэщ икIи шыщхьэмыгъазэщ, ауэ абы фIэикIэщ хьэдэм теджэгухьыныр, Iэщэ зыIэщIэмылъым, цIыхубзым пэщIэувэныр», - итхырт польскэ офицер Лапинский Теофил. Зауэр екIуэкIыу гъэр къащIа а зауэлIхэм щытыкIэ хэха хуаIэт. ЛIы пхам лIы еуэркъым, - жыIэгъуэр абы щыхьэт тохъуэ. Апхуэдэуи гулъытэ щхьэхуэ хуащIырт гъэрхэм цIыхубз яхэтмэ – ахэр лъэсу яхуртэкъым, шым трагъэтIысхьэрт.

Адыгэхэм я тхыдэ-лIыхъужь уэрэдхэм Iэщэ къэзыщта бзылъхугъэхэм ущрихьэлIэркъым. Ауэ IуэрыIуатэм закъуэтIакъуэрэ ущыхуозэ зауэм пыщIауэ щыта языныкъуэ бзылъхугъэхэм я цIэхэм. Абы и щапхъэщ Лашын -  къалмыкъ хъаным и бэнакIуэхэм ящыщ зы хэзыгъэщIа цIыхубз-пелуаныр.

Къалмыкъ пелуанымрэ Лашынрэ щызэбэнауэ ягъэхъыбарыр Тохъутэмыщей (Лашынкъей) къуажапщэм дежщ. КъызэраIуэтэжымкIэ, Тохъутэмыщей къуажапщэм узыщрuхьэлIэ фэху лъагэм ЛашынкъейкIэ еджэ хъуащ абы лъандэрэ. Тохъутэмыщейми а цIэр фIащыжащ иужькIэ - ди лъэхъэнэм.

КъищынэмыщIауэ, Борэ Iумахуэ теухуа «Къалмыкъыдзэ» хъыбарым цIыхубз зыбгъупщI къыхощыж, «Къардэнхэ я фыз кIыхь» цIэ лейр зыфIаща бзылъхугъэр я пашэу, зэхэуэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэу: «Къардэнхэ я нысэу зы фыз кIыхь гуэрым цIыхубз зыбгъупщI къызэщIигъэуIуэри, «ФынакIуэ, хьэдэIус хъун, дилIхэр мэзауэ, дэ мыбдеж ауэ дызэхэсын?! НэгъуэщI мыхъуми, къалмыкъ удэрэщхъуа къэдгъуэтмэ, бжэгъукIэ дукIынщ», - жиIэри, бжэгъу зырыз къащтэри здришэжьат. АдэкIэ хъыбарым гушыIэ хэлъу къеIуатэ жыгыщхьэм тесу къалмыкъыдзэм иращIэкI зауэм кIэлъыплъурэ уэрэд зэхэзылъхьэ джэгуакIуэр Къардэнхэ я фыз «кIыхьым» бжыкIэ къызэрыриудыхыр, «Iуэхуншэу» щыса нэхърэ зауэм хэтам зэрынэхъыфIыр ириIуэкI хуэдэу. ЩIым кърагъэхуэха джэгуакIуэм зэпимыгъэууэ адэкIи зэхелъхьэ: «Къардэнхэ фи нысэ кIыхь мыгъуэр сосрыкъуэбжкIэ къыскIэщIопыджэ». Пэжыр жыпIэмэ, тхыдэр зи лъабжьэ хъыбархэм апхуэдэ гушыIэкIэхэр, Къардэнхэ я нысэм и теплъэр къызэригъэлъагъуэ щIыкIэр, къыщыкIуэ хабзэкъым, ауэ абы къигъэлъагъуэу къыщIэкIынщ адыгэ бзылъхугъэр зауэм хэтыну кърамыгъэзэгъыу зэрыщытар.

Шапсыгъ цIыхубзхэм зауэм пыщIэныгъэ гуэр  зэрыхуаIам теухуа Iыхьэ гуэрхэм хэтщ совет тхыдэдж  Чистяковэ Еленэ «Шапсыгъ бзылъхугъэхэм динымрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ щаубыд увыпIэр» и тхыгъэм.

«…Шапсыгъхэм, - къыхегъэщ абы, - зауэлI цIыхубз зыбжанэ зэраIар я тхыдэм щыхъумащ. Мызэ-мытIэу зэхэтхащ Къазий Хьэнифэрэ Iэишэт хахуэмрэ я хъыбархэр. Иужьрейм теухуауэ жаIэ и дэлъхуищыр щызауэм ар емызэшыжу абыхэм зэрадэIэпыкъуар (Iэщэхэр яхуиузэду). Абы и цIэр фIащащ Кировым и къуажэм пэгъунэгъу бгым икIи «Айшетдаг»-кIэ йоджэ. Апхуэдэуи Щхьэбэ Хьэтэх къыджиIэжащ и къуажэм къыщыхъуа цIыхубз цIэрыIуэ Нэгъучэм теухуа хъыбарыр. Хэлэмэтрати, шы хужьым тесу цIыху I5 зыхэт и гупым я пашэу, ар къикIуэт имыIэу зауэрт».

Адыгэ IуэрыIуатэм мыпхуэдэ хъыбархэу мащIэщ хэтыр. Къапщтэмэ, ар щыхьэт техъуэу  арагъэнщ адыгэхэр цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ щхьэж игъэзэщIэн хуей къалэным нэхъ ткIийуэ тету зэрыщытам.

Тхыдэ уэрэдыжьхэм щагъэIуу щытар лIыхъужьым и хахуагъэрт. Гъыбзэхэр зэхалъхьэрт икIи жаIэрт бзылъхугъэхэми.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: