«Вагъуэ цIыкIум» и илъэсипщI гъуэгуанэ![]() Музыкэ театрым щагъэлъэпIащ Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъытэ «Вагъуэ цIыкIу» и сабий ансамблыр (художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ) къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсипщI зэрырикъур. Къафэр зи псэм хэлъ ныбжьыщIэхэр щагъафIэ концертыр гукъинэжу къызэрагъэпэщащ. Ар иригъэкIуэкIащ режиссёр Гумэ Маринэ. Гупым и концертым кърихьэлIахэр лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэхэмкIэ (адыгэ уэркъ къафэ, къафэ, удж хэш, удж пыху, зэныбжьэгъуищым я къафэ, авар пщащэм и къафэ, сэхэтIэ къафэ, мэлыхъуэ къафэ, убых лъапэрышэ, ислъэмей, удз гъэгъахэм я къафэ, нэгъуэщIхэри) хагъэгъуэзащ адыгэ къафэ гъуазджэм и дахагъэм, и мыхьэнэм. А псом дэщIыгъужт ныбжьыщIэхэм ди лъэпкъым и хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр. Къафэм къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанымкIи зэрымыхуэмыхур умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым. Ар зи фIыщIэр сабийхэм псэемыблэ-жу ядэлажьэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэнрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, бэрэбэнауэ Iэзэ Шэрэдж Алийрэщ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым хэтхэр я фащэкIи зыIыгъыкIэкIи къызыхуэтыншэу зэпэщу утыку зэритым укIэлъыплъыну гухэхъуэт. Концертыр ягъэдэхащ щапхъэу къалъытэ «Ассорти» (Прохладнэ къалэ), «Эльбрус», «Нал цIыкIу», «Каллисто» къэфакIуэ гупхэм.
Поделиться:
Читать также:
19.08.2022 - 11:26 →
Си гур Налшык къыщызогъанэ
18.08.2022 - 17:55 →
Я гуэлхэр щхъуантIэщ, я псыежэххэр уэрщ
18.08.2022 - 16:00 →
СэвкIуий Хьэмид: Лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр IэщIыб ящIу щыслъагъукIэ, сигу хощI
18.08.2022 - 12:28 →
Литературэ фестивалыр зэхуащIыж
16.08.2022 - 19:22 →
ЖЫЛЭ Анатолэ, сурэтыщI:
|