Бегъымбарымрэ лIыжь цIыкIумрэ

(Ущие зыхэлъ тхыгъэ)
Бегъымбарымрэ зы лIыжь цIыкIурэ гъуэгу зэдытехьащ. Бегъымбарым и къэлътмакъым зы щIакхъуэрэ бдзэжьей цIыкIуитIрэ илът, лIыжь цIыкIум и ейм - щIакхъуитI. «ДетIысэхынщи, зыдгъэпсэхунщ, тIэкIуи дедзэкъэнщ», -  жаIэри къэувыIащ. Бегъымбарыр псыхъуэм дыхьэри, шэджагъуэ нэмэзыр ищIыну тIысащ. ЛIыжь цIыкIум, бегъымбарыр къэтыху, и къэлътмакъым илъыр зригъэщIащ. «Ей-ехь, мыбы зы щIакхъуэщ иIыгъыр, си зы щIакхъуэр лейуэ хэзгъэкIуэдэнкъым», - жиIэри, и щIакхъуитIым языр псынщIэу ишхыжащ.
Щышхэм, бегъымбарым и щIакхъуэмрэ бдзэжьей цIыкIуитIымрэ къытрилъхьэри жиIащ:
- Иджы мы бдзэжьейр щыпшхкIэ, и кхъупщхьэхэр хыфIумыдзэ.
ЛIыжь цIыкIум и щIакхъуэ къэнэжар къытрилъхьэри, шхахэщ.
Абы и шхэкIэмкIэ бегъымбарым къыгурыIуат и ныбэ зэрыизри, еупщIащ:
- ЩIакхъуэ дапщэ пIыгъа?
- Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, зы щIакхъуэ сIыгъауэ арам! – жиIащ лIыжь цIыкIум.
Бегъымбарым зыри пимыдзыжу бдзэжьей къупщхьэхэм ебжри, зэрыщытауи бдзэжьей хъужащ. ЛIыжь цIыкIум ар игъэщIэгъуащ. 
- Иджы, - жиIащ бегъымбарым, - плъэгъуащ Алыхь IэмыркIэ къупщхьэхэр бдзэжьей зэрыхъужар. КъызжеIэт, щIакхъуэ дапщэ пIыгъар?
- Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, бегъымбар, зы щIакхъуэ сIыгъауэ арам! – жиIащ аргуэру лIыжь цIыкIум.
КIуэм-кIуэурэ, губгъуэ бжэн къахуэзащ, чыцI цIыкIу и гъусэу. Бжэныр цIыхум и бзэкIэ къэпсалъэри жиIащ:
- Бегъымбар, мы си чыцI цIыкIур, Тхьэшхуэм къыпхуигъэфэщауэ уи ерыскъыщи, уи хьэлэлщ.
Бегъымбарым чыцI цIыкIур фIигъэжщ, игъажьэри яшхащ, ипэми зэращIам ещхьу, къупщхьэхэр хыфIамыдзэу зэхуахьэсащ. Бегъымбарыр Алыхьым елъэIури, къупщхьэхэр зэрыщытауэ чыцI цIыкIу къэхъужри, и анэм кIэлъысыжащ.
- Уи нэкIэ плъэгъуащ, лIыжь цIыкIу, дыкъэзыгъэщIам и IэмыркIэ чыцI цIыкIур къызэрыхъужар. КъызжеIэт, щIахъуэ дапщэ пIыгъар?
- Уэлэхьи, бегъымбар, зы щIакхъуэ сIыгъауэ арам! 
Пшапэри зэхэуати, мурад ящIащ унагъуэ гуэрым екIуалIэу нэху къыщекIыну.
Бегъымбарыр нэхъ унагъуэ тхьэмыщкIэ дыдэм я деж екIуэлIащ, лIыжь цIыкIури абы гъусэ хуэхъуащ.
Зэрыгъуэлъыжу, лIыжь цIыкIум жей нэпцI зищIащ. И гъусэр зэрыIурихыу, и башыр къидыгъури, къыдэкIуэсыкIыжащ, бегъымбарым и къарур зыхэлъыр ара и гугъэу. «Фи къуажэм нэхъ бей дыдэу дэсыр хэт?» - жиIэу щIэупщIэу къикIухьурэ, пщым и унэр кърагъэлъэгъуащ. КIуэри, пщым и куэбжэм еIуащ. «Ухэт?» - жаIэу къыщеупщIым: «СыIэзэщ, сымыгъэхъужыф уз щыIэкъым», - яжриIащ. Ар пщым щыжраIэжым, псынщIэу къыхуашэну унафэ ищIащ…
А пщым пхъу ныкъуэдыкъуэ иIэт илъэс пщыкIуий хъууэ, къызэралъхурэ пIэм хэлъу.
- Иджы, лIыжь цIыкIу, - жиIащ пщым, - си пхъур бгъэхъужмэ, мылъкуу сиIэм и зэхуэдитIыр уэстынущ. Ауэ пхуэмыгъэхъужрэ – уи щхьэр пезгъэлъэнущ. 
Бегъымбарым и башым къыкъуэгушхукIри, хуэгъэхъужыну жиIащ. 
Сымаджэм и деж щIашэри, зыгуэрхэр къиIущэщурэ, бегъымбарым и башымкIэ щеIусэм, хъыджэбзыр къащтэри и псэр хэкIащ.
Пщэдджыжьым жьыуэ зэрыкъуажэу щызэхуэсащ щхьэпылъапIэм деж. Бегъымбарри псори здэкIуэмкIэ кIуэрэ плъэмэ – щхьэпылъапIэм ирашэлIар и гъуса лIыжь цIыкIурат. 
- Зи щIыхьыр ин, мы зи щхьэ палъэнум си щIыхуэ тIэкIу телъщи, ягъэ кIынкъым, зэ сегъэпсэлъэж, - елъэIуащ ар пщым.
Пщым хуит щищIым, бегъымбарыр лIыжь цIыкIум бгъэдыхьэри жриIащ:
- Уи щхьэр пезгъэлъэнкъым, пэжыр къызжеIи. ЩIакхъуэ дапщэ пIыгъар?
- Уэлэхьи, зы щIакхъуэм сIыгъар, бегъымбар! – жиIащ угъурсызым.
ИтIани бегъымбарым лIыжь цIыкIур фIэгуэныхь хъури, пщым  елъэIуащ:
- Зи щIыхьыр ин! Мыр сэ си гъусэу сыкъежьащи, си гъусэу сыкIуэжын хуейщ. КъысхуэбутIыпщыжтэмэ, уи пхъум и псэр къыIузгъэкIэжынт икIи згъэхъужынт.
- Ар пхузэфIэкIмэ, лIыжь цIыкIур сутIыпщыжым и мызакъуэу, мылъкуу сиIэм и зэхуэдитIыр уэстынт! – жиIащ пщым.
Бегъымбарым Тхьэр къыхуэарэзыти, щIелъэIуар къыхуищIащ.
- Илъэс пщыкIуий хъуауэ сызыщIэхъуэпсар къысхуэпщIащи, - жиIащ пщым, - укъызэрызгъэгугъамкIи сыщIегъуэжыркъым.
- КъеIыдгъэх! КъеIыдгъэх! – жиIэу лIыжь цIыкIур гуIэжа щхьэкIэ, бегъымбарым пщым и тыгъэр къыIихын имыдэу къежьэжахэщ.
КъакIуэуэрэ, гъуэгум дыщэ кIанищ телъу къагъуэтащ. Зы цIыхукIэ къыпхуэмыIэтыну апхуэдэт кIанищри. «Уэ мы дэ къыдэхъулIар, иIэ лъэныкъуэ едгъэгъэз», - жиIащ гуфIэщауэ лIыжь цIыкIум.
- Мы дыщэм зы Iуэхугъуэ гуэр кърикIуэнущи, дегъэплъ, - жиIащ бегъымбарым.
ЛIыжь цIыкIур мыарэзыщэурэ, гъуэгубгъум Iут гъурцым зыкъуагъэпщкIуауэ, лIищ къыкъуэкIащ. Дыщэр къыщалъагъум гуфIащ. 
Апхуэдиз дыщэр плIэкIэ зэрахуэмыхьынур къащыгурыIуэм, унафэ ящIащ: зы лIыр бэзэрым кIуэнщи, шыдищ къищэхунщ, гъуэмылэ тIэкIуи къыздихьынщ, мыдрей тIум апщIондэху дыщэр яхъумэнш. ЗэрыжаIам тету, зы лIыр бэзэрым кIуащ. МыдэкIэ къэна лIитIым щIэпхъаджэ ягу къэкIащ: «Шыдхэр къихумэ, дукIынщи абы и Iыхьэри  зыхуэдгуэшынщ», - жаIащ. АрщхьэкIэ бэзэрым ягъэкIуа лIыри нэхъ бзаджэжу къыщIэкIащ – къищэхуа ерыскъым щхъухь хилъхьащ. Ар къызэрысыжу, яукIащ. Езыхэр шхэну ерыскъым щыхэIэбэм, зэраIухуэу, тIури илIыкIащ.
- Плъэгъуа, - жиIащ бегъымбарым, - дыщэр угъурсызщ, абы зэи насып къыпхуихьынукъым. 
АрщхьэкIэ лIыжь цIыкIур тепыIэртэкъым. 
- ЩIакхъуэ нэхъыбэ зыIыгъаращ дыщэ нэхъыби зылъысынур, - жиIащ бегъымбарым,
- Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, сэ щIакхъуитI сIыгъамэ! – жиIэурэ лIыжь цIыкIум дыщэ кIанэ нэхъ ин дыдэр къиIэтыну щеIэм, дыщэри зэриIыгъыу, мывэу жащ.
Иджыри щыту жаIэ абдеж дыдэм лIыжь цIыкIур, дыщэ кIанэри зэриIыгъыу…
Аращ-тIэ, щхьэхуещэмрэ тхьэгъэпцIымрэ зэи фIы хуэзэнукъым.

 

Зытхыжар Лыхь Людмилэщ
Поделиться: