ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил, композитор: Усэмрэ макъамэмрэ

Сызэрысабий лъандэрэ усэ сотх, жьы сыхъуху дунейм къытезмыгъэхьа щхьэкIэ. Зэи музыкант сыхъуну си гугъакъым, ауэ зэриухам сыфIэкIакъым. 1959 гъэм Музыкэ училищэм сашэри сыщIагъэтIысхьащ, абы и ещанэ курсым сыщеджэу Тхьэгъэзит Зубер и псалъэхэр зыщIэлъ «Си гъатхэ» япэ си уэрэдыр стхащ. Абдежым къыщызгурыIуащ композитор сызэрыхъунур. Си гъащIи гуащIи абы теухуауэ нобэр къыздэсым сопсэу, композитор къысхэкIамэ, си насыпщ.

Дамэ къыстезыгъакIэр
Зы дахэ гуэр, зы фIы гуэр къысIэщIэтхыхьамэ, ар сабийхэм яхуэгъэзащ. Сэ уэрэд хыщIым щIигъу сиIэщ сабийхэм яхуэстхауэ, «сабий композитор гъуэзэджэ ХьэIупэ ДжэбрэIил» къыщысхужаIэкIэ, дамэ къыстокIэ, абы нэхърэ нэхъ сигу ирихь зы щIыхьыцIи къысфIащакъым. Сабиигъуэ зиIэм и гъащIэр вагъуэ зэщIэпщIыпщIэм хуэдэу дахэу Тхьэм иригъэхь!

ЩIэх балигъ мыхъуну сахуохъуахъуэ
Сабиигъуэм нэхъ IэфIрэ нэхъ дахэрэ зыри щыIэкъым. Иджыпстурей сабийхэм сыщеплъкIэ согуфIэ, сахуохъуапсэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ сэ сабиигъуэ сиIакъым. Си ныбжьхэр зауэм и гуащIэгъуэм дыхалъхуати, тшхын дымыгъуэту дыкъэхъуащ. Сабийр бгъэгуфIэн, бгъэгушхуэн, бгъэфIэн хуейщ, дэ апхуэдэ диIакъым.
Сабиигъуэ зимыIар щIэх балигъ мэхъури, иджыпсту щыIэ сабийхэр псынщIэу балигъ мыхъуну сахуохъуахъуэ. Сабиигъуэмрэ псысэмрэ нэхъ зэпха дунейм теткъыми, а псысэр яфIэдахэу, гъащIэ-псысэр яфIэмыкIуэду балигъыпIэм нэсыну Тхьэм жиIэ!

Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: