КIыщокъуэр ягъэлъапIэКъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 108-рэ зэрырикъур щагъэлъэпIащ тхакIуэшхуэм и фэеплъыр здэщыт Налшык къалэ администрацэм и IуэхущIапIэм деж. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэзит Юрэ, Шэджэм щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Борсэ Юрэ, Шэджэм щIыналъэм и щIыпIэ самоуправленэм и Советым и тхьэмадэ Уэдыжь Хьэсанш, Налшык къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, усакIуэм и къуажэгъухэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 14:56 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
05.04.2024 - 12:14 →
Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ
05.04.2024 - 10:11 →
Сабий тхылъхэр
25.03.2024 - 16:00 →
Щызэдагъэхъар гъунэншэщ
|