Хабзэм щыщ Iыхьэхэр

Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ.

Ди хабзэм и фащэ нэхъыфIхэм, нэхъапэ дыдэ къежьахэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр имыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.
Адыгэхэм я нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ я лъабжьэр къыщежьэр я нэхъыжьхэм ябгъэдэлъ акъылырщ, Iущагъырщ, гупсысэрщ. Адыгэр япэкIэ кIуэ нэхъыжьым зэи кIэлъыджэркъым. Абы лъэщIохьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, фIэхъус ирахри, итIанэщ зыхуеймкIэ щеупщIыр. Псалъэмакъ екIуэкIыу щытмэ, нэхъыжь и псалъэ зэпаудыркъым. Уеблэмэ, зыгуэр жаIэну хуеймэ, абы хуит зыкърагъэщI.
Нэхъыжь къахыхьамэ, гупыр мэтэдж, дэнэ и дежи, сыт щыгъуи. Ауэ мыбы гу лъытапхъэщ. ГуфIэгъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм нэхъыжь къахыхьамэ, е нэхъыжьым щхьэкIэ Iэнэм пэрысхэр тэджауэ зы бжьэ ефэ нэужькIэ, а Iэнэм и тхьэмадэр къэтэджыртэкъым, е къэтэджын хуей хъуамэ, и пIэкIэ зыгуэр Iэнэм пэрысу къэнэну унафэ хуищIырт. Ерыскъы зытелъ Iэнэм нэхърэ нэхъыжь щыIэкъым, абы пэрымысIауэ къэбгъэнэныр хабзэм къезэгъыркъым.
Зыхуэтэджыр нэхъыжьым и закъуэтэкъым. Къотэджри, нэмыс хуащI хьэщIэми бзылъхугъэми. Гъунэгъути, хамэти - зэхэгъэж щыIэкъым. Я унэ исми, губгъуэм итми зэхуэдэщ. Уеблэмэ, шым тесри тэджу щытащ: абы е уанэгум зриIэтыкIырт, е шым къепсыхыпэрт.
Унэми, Iэнэм пэрытIысхьэми нэхъыжьым езым и тIысыпIэ иIащ. Ар зыхуэзэр жьантIэрщ. Унэм и жьантIэр зэхьэлIар къызэрахутэр жьэгум елъытауэщ. Ар унэм ущыщIыхьэкIэ бжэм и сэмэгурабгъурт. Нэхъыжь щIэс, хьэмэрэ щIэмыс щыIэтэкъым, абы и пIэм зыри итIысхьэртэкъым, зригъэукIуриен дэнэ къэна. Я адэ щыту, е щысу абы и къуэ балигъ, бын унагъуэ хъужахэри тIысыртэкъым, тутын ефэу ирагъэлъагъуртэкъым, фадэ ефауэ, чэфу я адэ бгъэдыхьэн жыхуэпIэр - Iэмал закъуэ зимыIэт.
Нэхъыжьым щыхуэтэджыр ар щалъагъум и закъуэтэкъым. Абы и цIэр зыгуэрым ириIуауэ зэхахми, пщIэ ящIу заIэтырт.
НэхъыщIэхэр зыщIыпIэ кIуэнумэ, нэхъыжьым ирамыгъащIэу ежьэртэкъым. Абы къагъэзэжамэ, япэу зыщIэупщIэр нэхъыжьхэрт. ЦIыху гъэсауэ, адыгагъэ, цIыхугъэ яхэлъу къалъытэрт нэхъыжь лъэрымыхь хъуауэ хэлъхэм я деж щIыхьэурэ абы щIэупщIэхэр, еуэршэрылIэхэр, дуней хъыбар езыгъэдаIуэхэр, ечэнджэщхэр.
Унагъуэм, лъэпкъым я унафэр нэхъыжьхэм яIэщIэлът. Абы я арэзыныгъэ хэмылъу зыри къэхъуртэкъым. Адыгэ унагъуэр чэнджэщкIэ псэурт, зэгурыIуэмрэ зэдэIуэжымрэ абы и лъабжьэт. Дауи, мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым, щыIагъэнщ зыгуэрхэри. ГъащIэ щыхъукIэ апхуэдэхэри къыхэхуэу щытагъэнущ. Ауэ лъэпкъыр лъэпкъ зэгъэпэщамэ, сыт хуэдэ Iуэхури зэтрауIэфIэжырт, Iуэхур пэжыгъэм, хабзэм тету зэIубз ящIырт. ЦIыху зэгурыIуэкIэм, лъэпкъ зэхэтыкIэм, хабзэм хуэунэтIащ адыгэхэм я лIы Iущ, я жыIакIуэу щыта Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэу нобэхэми къыддэгъуэгурыкIуэхэр, бэм я акъылкIэ псыхьа ди адыгэ псалъэжьхэр. Абыхэм куэдым урагъэгупсыс, нэхъыщхьэжыр аращи - хабзэм ухагъасэ, ухуаунэтI, ухуаущий. КъызгурыIуащэрэт, зэхэсщIыкIащэрэт жызыIэм и дежкIэ куэд и уасэщ мы псалъэжьхэр: «Лъэпкъым и напэр зылIми трехыф, лъэпкъым и щIыхьыр зылIми еIэтыф», «ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым». Абыхэм яхуэдэщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэри. Абы зы къуэ закъуэ иIэу арати, мащIэIуэщ, жаIэу цIыхухэр къыщыхуэгузавэм, жэуапу яритащ: «Ар лIы хъумэ, сэ абы срикъунщ, мыхъумэ, зэрылъэпкъыу тхурикъунщ». Сыту фIыт ар дэтхэнэ зы адыгэми, дэтхэнэ зы щIалэми игу илъатэмэ.
Я насыпу плъытэ хъунущ блэкIа зэманыжьым и щIэинщ, жаIэу хабзэ дахэхэм емыбэну, емызауэу, ар ирагъэфIэкIуэфу зыIыгъ, зезыхьэ лъэпкъхэм. ИкIи, шэч хэлъкъым: апхуэдэхэм я зэIузэпэщагъыр, я псэукIэр абы куэдкIэ елъытащ. Хабзэ щIэныгъэр Iуэхушхуэм и мызакъуэу икIи Iуэху инщ. Ар зэи цIыхум зэран хуэхъуакъым. Зэран хъур щIэщыгъуэщIу, дэтхэнэ зыми ядэплъагъур уемыгупсысу уи гъащIэ хэплъхьэну, хыупщэну ущыхэтырщ, уи хабзэ дахэм и пIэкIэ.
Къызыщыхъу щыIэщ хабзэ умыгъэзащIэу узэрыхуейм хуэдэу упсэумэ, нэхъ тыншу, нэхъыфIу. Дауи, узэрыадыгэр пщыгъупщэжауэ, уи ныбэрэ уи фэрэ фIэкIа нэгъуэщI къыпфIэмыIуэхуу щытмэ, упсэуху упсэунущ. Ауэ щхьэхуещагъэмрэ щхьэхуэфIыгъэмрэ псори щIебгъэхъумэмэ, узэрыцIыхум къикIыж щыIэкъым. Зи нэхъыжь зымыгъэнэхъыжьым, зи адэ-анэ елъэстауэм, зи бзэ, зи хабзэ лъэныкъуэ езыгъэзым сыт хуэдэ щIэпхъаджэри къыпхуищIэфыну къалъытэри, апхуэдэхэм адыгэхэм я дзыхь ирагъэзыртэкъым. ЖаIэрт: «Бзаджэр уи цей къуащIэ къытетIысхьамэ, пыупщIи къэгъанэ».

 

МафIэдз Сэрэбий.
Поделиться: