Псэм и лъахэм

Тхыдэм аддэ жыжьэу къыщежьэ я къуэпсыжьхэмкIэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ (азгъэхэмрэ – адыгэхэр абхъазхэм мыпхуэдэуи йоджэ) зэрызэблагъэр гурэ-псэкIэ къозыгъащIэ хуэмэбжьымэхэм «яжь» къыщысщIихуну махуэм сэ куэд щIауэ сыпэплъэрт.
Ар зэзгъэхъулIэн папщIэ, лъэпкъыжьитIым къызэранэкIа тхыдэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэ-бзыпхъэхэмрэ щыгъуазэ захуэсщI къудейкIэ зэрызэфIэмыкIынури сэркIэ нэрылъагъут. Абы къыдэкIуэуи, «Псэм и лъахэ» (аращ къикIыр «Апсны» псалъэм абхъазыбзэкIэ) цIэр зыгъэщыпкъэ щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм я псэкупсэр зыхозыгъащIэ нэщэнэхэм гу лъыптэныр а псом нэхъыщхьэжу щытынкIэ зэрыхъунури къызгурыIуэрт.
Арати, зы гъэ, бжьыхьэпэ мазэм и пэщIэдзэу, Абхъаз щIыналъэм сыкъыщыхутащ. Нэхъри, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, си быным я адэшхуэ Экбэ Январби Сыхъум куэд щIауэ дэсти, ар къыщызэджэм, абы и деж сыкIуащ. Абазэ благъэр къыщысIущIэм къысщыгуфIыкIащ, а пщыхьэщхьэми дызэдыщысащ.
Япэрей махуитIыр уэшх мащIэ къешхыу, жьы тIэкIуи къепщэу екIуэкIащ. Ауэ ещанэ махуэм и пэщIэдзэм уафэгум изэрыгуа пшэхэм зызэкIэщIапхъыжри, дыгъэри гуфIэжу къыкъуэкIыжащ, хы гущIыIум щызэрызехьа сыджхэри ужьыхыжащ. Зыкъом щIауэ я унэхэм къыщIэмыкIыфу щIэзэшыхьа цIыхухэм, Абхъазым и къалащхьэр зэгъэщIылIа, мазэ ныкъуэ къуаншэм хуэдэу къэгъэша псыIу ныджэм зыдагуэшащ. Сэри захэзгъэпшэхъуащ абыхэм.
ЩIыIэ махуэхэр къызэрыблагъэр зыхащIэ нэхъей, ди Iэпкълъэпкъхэм нэхъуеиншэу дыгъэ бзийхэм зыдагъэфIэрт, псы хуабэ шыугъэри я жагъуэтэкъым. Ауэ итIани апхуэдэ зыгъэпсэхукIэр, цIыхухэм дапхуэдизу ягу иримыхьми, сэркIэ ирикъуа хъуртэкъым. ЗэкIэлъыпыту махуищ сыIуса яужь, хы псыIум сыIузэшыхьу щIэздзащ. «Мы си къэкIуэгъуэм къриубыдэу, нэгъуэщI мыхъуми зэ къуршыщхьэхэм сыкъыщыхутарэт!» - жысIэрт сигукIэ.
СыздэкIуэну нэхъ къыхэсхри, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ижькIэрэ я зекIуапIэу щыта, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэрат. Абыхэм ящыщу къызолъытэ Бзыбь (Бзыбэ, Бзып) тIуащIэ абрагъуэм зыдэзыгъэпщкIухьа Псхьу жылэжьым пэмыжыжьэу щыт, адыгэ псоми я пщышхуэу щыта Инал-Нэху здыщIалъхьэжауэ хуагъэфащэ Iуащхьэ телъыджэр, Рицэ хыжьей цIэрыIуэр, абы ищхьэжкIэ щыIэ Ауэдхъарэ (Ауадхара) псы хущхъуэр, Кавказ шытхыжьым гъунэгъубзэу кIэщIэт Мзы хыжьей къэбзащэр, щхъуэкIэплъыкIэрэ гухэхъуэу гъэм и зэблэхъугъэм а щIыпIэхэм щызэщIэгъагъэ къущхьэхъу хъупIэхэр, нэгъуэщI абы хуэдэхэри.
Абхъазым теухуа мы тхыгъэм къыхэщ щIыпIэцIэхэм ящыщу «Бзыбь», «Псхьу» фIэщыгъэхэм кIэщIу сатепсэлъыхьыну сфIэигъуэт.
                                                 Бзыбэ-Бзыпэ
КъухьэпIэ Кавказым и псыежэх нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абхъаз Республикэм и щIыналъэм щожэх. Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Аданге щхьэдэхыпIэм (метр 2300-рэ и лъагагъщ) хы ФIыцIэмкIэ гъэза и джабэ задэхэм къапыткIу псы къуэпсхэмкIэ а щIыпIэм зыкъыщызэщIекъуэри, Пицундэ хытIыгуныкъуэм деж, хуэищхъэрэу, псышхуэм щыхолъэдэж.
Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, километри II0-рэ зи кIыхьагъ псы ежэхым зэреджэ «Бзыбь» псалъэр (абхъазхэм «Бзып» жаIэр) IыхьитIу зэхэухуэнащ. «Бзы» пычыгъуэр убыххэм я бзэм зэрыхэтыр «псы» мыхьэнэ иIэущ. Абы къыкIэлъыкIуэ «пэ» Iыхьэри, зэрынэрылъагъущи, зэхэгъэкIыгъуейкъым – ар адыгэбзэм хэт «пэ» псалъэрщ, мыбдежым къыщрагъэкIри «псым и хэхуэжыпIэ» жыхуиIэрщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гугъу тщIы фIэщыгъэр япэщIыкIэ зытеIукIагъэнур псышхуэм хым и хэлъэдэжыпIэрщ. Зи гугъу тщIы щIэныгъэлIхэм абы щIэдзапIэ, хэхуэжыпIэ, пэщIэдзэ мыхьэнэхэращ кърагъэкIыр. ФIэщыгъэр «бзы»-рэ «бэ»-уэ зэхэухуэнауэ жызыIэхэри щыIэщ, псы ежэхыр и кIыхьагъкIэ уэру икIи псыбэу зэрыщытым къыхэкIыу.
Бзыбэ зыдэт кIейр (къуэладжэр) и кIыхьагъкIэ дахэкIейми, абы и нэхъыбапIэр апхуэдизу зэвщ, шынагъуэщи, цIыху кIуапIэу зэрыщымытыр нэрылъагъущ. И псыхъуащхьэхэм дэс къуажэ цIыкIу зытIущым унэсын папщIэ, тIуащIэм и нэхъ бгъузапIэхэм жыжьэу къапэпкIухьын хуей мэхъу.
Хы Iуфэм къыщегъэжьауэ псышхуэм Iуту бгыщхьэхэмкIэ дэкI автомобиль гъуэгум, Юпшарэ псыр Бзыбэ щыхэлъэдэжым деж лъэныкъуэкIэ зрегъэзэкIри, совет лъэхъэнэ лъандэрэ туристхэм хуабжьу къагъэунэхуа Рицэ хыжьейм, адэкIэ нэхъ лъагэжу щыIэ Ауадхарэ псы итыпIэхэм уахуешэ.
                                            Псхьу фIэщыгъэм ехьэлIауэ
«Псхьу» псалъэр къызгурымыIуэу сыкъыздекIуэкIым, зы гъэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэгъэув IэнатIэм и юбилейр щагъэлъапIэ махуэм, Абхъазым къикIа хьэщIэхэр Налшык къэкIуауэ щытащ. Абыхэм яхэтащ а республикэм и Совет нэхъыщхьэм и депутат, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, и анэдэлъхубзэми фIыуэ хэзыщIыкI Гургулия Даур. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм ипэ къихуэу абырэ дэрэ дызэрихьэлIат. «Псхьу» псалъэр къызэрыгурыIуэм теухуауэ сеупщIати, «Псэм и Iуащхьэр зэрыт щIыпIэ» мыхьэнэр тызогъакIуэ, ауэ “Псэм и псыхъуэ” жыпIэ хъунуи къыщIэкIынщ», - къызитыжат абы жэуап.
I9-нэ лIэщIыгъуэм икухэм, Урыс-Кавказ зауэжьыр здекIуэкIым, Бзыбь псыхъуащхьэм дэса къуажэ гупым «Псхьу жылагъуэкIэ» еджэрт. Ар щытащ урыс пащтыхьыгъуэм и IэмыщIэ зизылъхьэну хуэмей, адыгэ-убых-абазэ хэкулIхэм я яужьрей хэщIапIэхэм ящыщ зыуэ…
«Уэсыр къуршым зэ къытрилъхьа иужь, Бзыбэ къуэладжэм дыхьэгъуейщ. Иджыпсту абы кIуэн машини цIыхуи тхузэхуэшэсыну ди фIэщ хъуркъым», - къыщызжаIат Сыхъум. НэгъуэщI Iэмал щызмыгъуэтыжым, гъуэгугъуазэхэм «я жьэм жьэдэмыкI» Мзы хыжьейр зыгъэпсэхуакIуэхэр бжьыхьэпэхэми здэкIуэ хъу щIыпIэхэм ящыщти, ар здэщыIэ бгыщхьэхэм зи лъэр нэзыхусыну зызыгъэхьэзыра гупым захезгъэтхащ. Нэхъри, сэр дыдэр иужькIэ щыхьэт сызэрытехъуэжамкIэ, мы гъуэгуанэри Инал и Iуащхьэр зыдэт къуэладжэ абрагъуэм зэрыпэжыжьэ щыIэтэкъым…

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: