Хъуэжэ и хъарбыз шхыкIэр![]() Еуэри, жеIэ, Хъуэжэ зы джэд закъуэ иIэти, бэзэрым ихьри, ищащ, къыщIэкIамкIэ хъарбыз къуэлэнышхуэ къищэхущ аби, къэкIуэжащ. Ар зылъэгъуа и ныбжьэгъухэри кIэщIкIэ иужь иту къызэхуос. Хъуэжэм ахэр къригъэтIысэкIри, езыр унэкум итIысхьэжщ аби: - Сэ нобэ зы хъарбызыжь къэсщэхуащи, ар хъарбыз зэрашхкIэ умышхыныр гуэныхьщ, - жиIащ. – ФщIэрэ фэ хъарбыз зэрашхыр? - Ахьай тщIэрэ, щхьэ дымыщIэу! – жаIэ и ныбжьэгъухэми. - Дауэ - тIэ? - Дауи щхьэуи хэмылъу: бзыгъэ-бзыгъэу яупщIатэри и кур яшх, и фэр хыфIадзэж. Хъуэжэ къащодыхьэшх: - Ара хэфщIыкIри? - Сыт - тIэ абы нэгъуэщIу хэлъыр? – зоплъыж къызэхуэсахэр. – КъыджеIэт! - Абы нэхърэ фыкъеплъи фигу ивубыдэ, - жери и щхьэгъусэм йоджэ, Iэнэр кърегъэхь. Хъарбыз къуэлэныжьыр Iэнэм къытрелъхьэри, IэдакъэсэкIэ бзыгъэ-бзыгъэу еупщIатэ. - Иджыпсту пщым я хъарбызшхыкIэм фыкъеплъ! – жери хъарбызыку къабзэр щIегъэмэракIуэ. - Иджы уэркъым я хъарбызшхыкIэр фызогъэлъагъу! – жери хъарбыз бзыгъэхэр къригъэжурэ ешх. - Ещанэу, былым хъарбыз шхыкIи щыIэщи, фыкъеплъ! – жери хъарбызыфэхэр ешхыж. - ЕплIанэуи, джэд хъарбыз шхыкIэ щыIэщи фызогъэлъагъу! – жери хъарбыз жылэхэр къищыпурэ ешх. – Хъарбызым шхыкIиплI иIэщи, плIыри зыщывмыгъэгъупщэ! - Уэлэхьи, абы щыгъупщэ имыIэ! – жаIэри, Хъуэжэ и ныбжьэгъухэр йожьэж… -Ауэ щыхъуам деж, цIыхум я хъарбыз шхыкIэри зэвгъащIэ! – якIэлъоджэ абыхэм Хъуэжэ. Гупыр зэщIоувыIыкI: - Ари дауэ? - Къывэмыджауэ хъарбызышхэ фымыкIуэ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2022 - 15:54 →
ТхакIуэ щыпкъэ
17.08.2022 - 14:40 →
УНЭИДЗЫХЬЭ
23.07.2022 - 17:02 →
КIыщокъуэр ягъэлъапIэ
21.07.2022 - 18:45 →
Дохутырщ икIи усакIуэщ
06.07.2022 - 17:20 →
Бажэмрэ дыгъужьымрэ
|