Сабийхэр нэхъыбэху, нэхъыбэрэ зопсалъэ

Сыт къуэш е шыпхъу зиIэ сабийр зи закъуэу къэтэджхэм къазэрыщхьэщыкIыр? Адэшхуэ-анэшхуэ зыбгъэдэсхэр сыт нэхъ псэ быдэу къыщIыдэкIуэтейр? ДевгъэдаIуэт а упщIэхэм япон гъэсакIуэ цIэрыIуэ Масару Ибукэ ирит жэуапхэм.

Иджырей Японием хабзэ щыхъуащ зэрышагъащIэхэр адэ-анэми благъэхэми япэIэщIэу щхьэхуэу псэууэ, сабиищ нэхърэ нэхъыби ямыIэу. Псалъэм папщIэ, сэ унагъуэм сыщысабий закъуэт, ауэ а зэманым апхуэдэ унагъуэхэр закъуэтIакъуэххэу щытащ. Къуэшрэ шыпхъурэ зиIэ си ныбжьэгъухэм сехъуапсэрт. Сыт щыгъуи сабийхэр хуабжьу щызэрыгъэкIий, щыджэгу, Iэуэлъауэшхуэ къыздиIукI унагъуэхэм сихьэным сыхуэпабгъэрт. Япэу унагъуэм къихъуэ быныр фIыуэ яхуэгъасэми, ар гъащIэм и фIэщу щыгуфIыкI сабий нэжэгужэ зэрымыхъур гъэщIэгъуэнкъэ? Си ныбжьэгъу зэкъуэшищым я курытыр къимыкIуэту, игурэ и щхьэрэ зэтелъу, уеблэмэ хуэбзаджэу щытт, и къуэшхэм и жагъуэ къащIми, зэи гъыртэкъым. Сэ си закъуэтэкъым апхуэдэхэм гу лъызытэр.

ИтIани сыт зы адэ-анэм къащIэхъуа сабийхэр хьэлрэ зэфIэкIкIэ апхуэдизу щIызэхуэмыдэр? ЕтIуанэри, ещанэри япэрей сабийр зэрагъафIэм хуэдэу ягъафIэркъым адэ-анэм, абы къыхэкIыу абыхэм я щхьэ Iуэху нэхъ зэрахуэжыфу мэхъу.

Сыт хуэдизу сабий нэхъыжьым и къэухьым зебгъэужьыну уемылIалIэми, абы зэи игъуэтынукъым етIуанэмрэ ещанэмрэ къызэралъхуу ягъуэт гъусэхэм хуэдэ. Пэжщ, ахэр сытым дежи нэхъыжьым пеуэн хуей мэхъу, ауэ абы и фIыгъэкIэ къарууфIэу, гъащIэр я щIэщыгъуэу къотэдж. А щытыкIэр нэхъри щынэхъ IупщIщ ещанэ, еплIанэ сабийхэм я деж. Ахэр IэпкълъэпкъкIи жану, псэкIи быдэу къыдэкIуэтеину езы гъащIэм ирехулIэ.

Гу лъатащ, псалъэм пащIэ, сабийр шыкIэпшынэм щрагъасэ дерсхэм кIуэмэ, къуэш е шыпхъу щыдеджэкIэ ар нэхъыфIу зэреджэм. Унагъуэ тхьэмыщкIэхэм къыщыхъуа сабий зэчиифIэхэр ехъулIэныгъэ лъагэхэм лъоIэсыф. Адрей щхьэусыгъуэхэм къадэкIуэу, апхуэдэ сабийм къызэрымыкIуэ Iэзагъ къызыкъуихыныр сабий куэд зэрыс, абы и фIыгъэкIэ дэтхэнэ зыми къыдалъхуа фIым тыншу зыщиужь унагъуэм нэхъ къыщохъулIэ.

Гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ адэшхуэ-анэшхуэхэм сабийм и зыужьыныгъэр зэрырагъэфIакIуэми. Куэдрэ къохъу унагъуэщIэр щхьэхуэу щыпсэум деж, адэшхуэ-анэшхуэхэр гъэсэныгъэ Iуэхуми езы унагъуэм и гъащIэми пэIэщIэу къыщынэ, къащыхэIэбэкIи ар зэраныгъэ къэзышэ Iуэхуу къащыфIэщI. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дызэрыт лъэхъэнэм ар хабзэ щыхъуащ. Иныкъуэхэм къафIощI дадэ-нанэхэм сабийр ягъэфIэIуэурэ IэубыдыпIэншэ ящIу.

Апхуэдэ гупсысэкIэр нэхъ зи хьэлыр зэманым декIуу, щIэуэ къежьэр зыIэщIамыгъэкIыу къызыщыхъуж анэхэращ. Сэ соцIыху Iуэху ящIу я унагъуэшхуэм къыхэкIа, фэтэр цIыкIунитIэм щIэс унагъуэ. Адэшхуэ-анэшхуэхэм ядэпсэумэ, я сабийхэр фIыуэ яхуэмыгъэсэну къащохъу абыхэми.

Iэмалыншэу пIэрэ унагъуэ узыншэ уухуэн папщIэ, ущхьэхуэныр? Сабийхэм я гъэсэныгъэм и гугъу пщIымэ, Iуэхум узэреплъщ. Пэжщ, Японием нобэми уащрохьэлIэ нысэхэм чэнджэщ ират хуэдэурэ я щхьэр щIезыгъэхьэ гуащэхэм, япэрей къуэрылъхур ягъэудафэрэ унагъуэм ис адрей цIыхухэр къафIэмыIуэхуххэу. Апхуэдэ пасэрей хабзэжьхэри кIуэдыжакъым. ИтIани, шэч хэлъкъым ныбжьитI-щы щызэтрихьэ унагъуэхэм зыщIыпIи щумыгъуэтын фIыгъуэ зэрилъым. Дадэ-нанэхэращ хабзэ, Iущыгъэ зыхозыгъэлъхьэфынур, ныбжь зыбжанэм я зэхущытыкIэм цIыху гумащIэ уамыщIынкIэ Iэмал иIэкъым. Сабийр сэхъункIэ зэрыхъунур хокIуэдэж абы игъуэтыну лъагъуныгъэм, таурыхъхэм, хъыбархэм, гукъэкIыжхэм, гъащIэр щIэщыгъуэ зыщI нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым къыздихьыну фIым.

Япон щIэныгъэлI Кайэ Сейджи къеIуэтэж и сабиигъуэм нэхъыбэ дыдэу зижь къыщIихуар адэшхуэ-анэшхуэрауэ зэрыщытыр. Къуажэ тхьэмадэу щыт адэшхуэр апхуэдизкIэ ткIийти, ар зэрыпсчэу сабийм гъын щигъэтырт. Пхъашэт адэшхуэр, ауэ захуэт. Арати, зи гугъу сщIы щIэныгъэлIыр и гур илъу, IэпкълъэпкъкIи къарууфIэу къэтэджащ. И гъащIэ псом цыкIуэкIым бгъэдэса и анэшхуэр бзылъхугъэ Iэсэлъасэт. Ара къыщIэкIынщ щIалэр тэмакъкIыхь, набдзэгубдзаплъэ зыщIар: хадэ ипщIэмэ, зы удзыжь хадэм къимынэжыху игу загъэртэкъым. Психолог Таго Агирэ гу лъитащ Кайэ Сейджи дуней псом щыцIэрыIуэ цIыху щэныфIэ зыщIар и плъапIэм къимыкIуэту хуеIэф хьэл зэтет къызэрыхалъхьам и фIыгъэу.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: