Кавказымрэ абы исахэмрэ

Пасэрей алыджхэм я псысэхэми къыхощыж дыщэ кIадэр – къулеигъэм, насыпым я хэкIыпIэр – къэзылъыхъуэу щыта аргонавтхэр Кавказым къэкIуауэ зэрыщытар. Абыхэм яхэтащ Геракл лIыхъужьыр – Зевс къызэригъэпцIам щхьэкIэ Iуащхьэмахуэ кIэраIулIауэ щыта Прометей хуит къэзыщIыжар. КъызэраIуэтэжымкIэ, Прометей мафIэ лъапIэр къидыгъужри, цIыхухэр кIуэдыпIэм къришыжащ.
Хьисэ къалъхуным и пэкIэ еплIанэ лIэщIыгъуэм Кавказ Курыхыр, иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр здэщыIэр, къызэхикIухьауэ щытащ пасэрей алыджхэм я еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Аристотель. «КъуэкIыпIэм хуэкIуэу зызыукъуэдий къуршыжь псоми нэхърэ Кавказыбгхэр нэхъ хьэлэмэтщ я инагъкIи, я лъагагъкIи», - итхыгъащ абы.
Пэж дыдэу, иныжь абрагъуэхэм зэтралъхьа фIэкI умыщIэну, Кавказыбгхэм километр I500-кIэ заукъуэдий, тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Хъэзэр тенджызым нэсу. Хъэзэрым и картэ тэрэз япэ дыдэу зыщIари Петр Езанэм и дэIэпыкъуэгъуу щыта, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа адыгэлI цIэрыIуэ Черкасскэ Бэч и къуэ Александрщ.
Къазбэч (метр 5033), Дыхь-То (5203), Щхьэрэ (5063), Къуштэн-То (5I5I), Жангъы-То (5049) Iуащхьэхэм я щхьэ тхъуахэр уафэ къащхъуэм хуаIэт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ уардэр метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ щхьэ дыкъуакъуэрщ – бгыхэм, мэзхэм, уэсхэм я «пщыгъэр» зыIэщIэлъырщ.
Зи щхьэр къетхъуха Iуащхьэмахуэ-дадэм фIыуэ ещIэж илъэс мин бжыгъэкIэ бгырысхэр зауэм хэзымыгъэкIахэр – кимерийхэр, боспорхэр, скифхэр, щэрмэтхэр, хъэзэрхэр, гуннхэр, аланхэр, къэжэрхэр, монголхэр, тыркухэр, тэтэрхэр. ЕщIэж Кавказым щыпсэухэр я бжьым щIагъэувэн мурадкIэ лъы куэд иракIутами, ахэр къызэрамыгъэшыфар. А къэзэуатщIакIуэхэм ящыщ куэдыр ижь-ижьыж лъандэрэ мы щIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжри, езы бгырысхэм ящыщ хъужащ нобэ.
Кавказым и лъэпкъ мащIэхэр я нэхъ бий бзаджэми бгыхэм щахъумэрт, абыхэм удын ирадзын папщIэ ахэр сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу хъурт.
Къэжэр тхыдэтх Шериф-ад-Дин Йезди и «ТекIуэныгъэ тхылъым» узбек дзэзешэ Темырлан щытепсэлъыхькIэ, мыпхуэдэу етх: «Урысхэмрэ къыпчакъхэмрэ ятеухуауэ эмирым игу зэгъа нэужь, и дзэм щIыгъуу абы IуащхьэмахуэкIэ иунэтIащ»… Ауэ тепщэ лъэбышэ ябгэм мыбдеж и пхъэр къыщикIакъым – бгырыс хъыжьэхэм я сэшхуэр нэхъ гуащIэу къыщIэкIащ. А бгырысхэр тенджыз ФIыцIэм и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм, Псыжь Iуфэ къиIэпхъукIри мыбы къэкIуат – ахэр синдхэм, мэуэтхэм, зихьхэм икIи керкетхэм я лIэужьт.
Кавказым щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм я гъащIэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ куэд ятхащ алыдж тхакIуэхэу Геродот, Птолемей, къэхутакIуэхэу тырку Челеби, хьэрып Масуди, Генуе щыщ Интериано, Венецием къикIа Барбаро сымэ…
Iуащхьэмахуэ ещIэж адыгэхэм япэ дыдэ яухуа къэралыгъуэр – Синдикэр, Кавказым и Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Анапэ, Тамань, ЦIэмэз щIыпIэхэр зыIыгъар. Ди эрэм и пэкIэ еплIанэ-ещанэ лIэщIыгъуэхэм мыбы мэкъумэш щIэным зыщиужьат. Синдхэм я щIыналъэр къулейт, нэхъыбэу зэлэжьыр хьэцэпэцэрт, псом хуэмыдэу гуэдзырт. Къэралым щыпсэухэр зрикъун къалэжьыж къудейм къыщымынэу, Синдикэм гъавэкIэ сату дищIырт Алыджым. Абы щыхьэт тохъуэ мывэ блынхэм къытена сурэтхэр, пасэрей тхакIуэхэм я тхыгъэхэр, псом хуэмыдэу Демосфен и IэдакъэщIэкIхэр. Хьэцэпэцэхэм нэмыщI, мыбы щелэжьырт пхъэщхьэмыщхьэм, санэм. Абы теухуауэ тхыгъэ къигъэнащ алыдж географ цIэрыIуэ Страбон.
ИужькIэ Боспор къэралыгъуэм и IэмыщIэм ихуа Синдикэм Iэщ гъэхъунми зыщиубгъуат. Синдхэм зэрахуэрт жэм, хыв, мэл, бжэн. Зыужьыныгъэшхуэ игъуэтат IэпщIэлъапщIэнми. Хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр ятIагъуэм къыхащIыкIырт, гъущIым, гъуаплъэм, жэзым елэжьырт. Iэщэ щIынми зыщиубгъуат Синдикэм. Адыгэ сэшхуэр, къамэр щIыпIэ куэдым щыцIэрыIуэт.
Ахъшэ жьгъей къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ хэхауэ ябжырт. Синдхэмрэ мэуэтхэмрэ я кхъащхьэхэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэр дыщэхэкIт къызыхэщIыкIар икIи ахэр IэщIагъэшхуэ зиIэхэм зэраIэдакъэщIэкIыр нэрылъагъут.
Iуащхьэмахуэ ещIэж кIэсэгухэм я пелуан Ридадэрэ тмутэрэкъаныпщ Мстиславрэ утыкушхуэм къарукIэ зэрыщызэрыгъэунэхуар. А зэман жыжьэм лъандэрэ, епщIанэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ, урысхэмрэ адыгэхэмрэ я шыгъупIастэ зэIулъщ; Чернигов тмутэрэкъаныпщхэм я дзэм адыгэхэм къулыкъу щащIэрт, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэхэм лIыгъэ щызэрахьэрт.
Езыхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу, урысхэм ящIыгъуу адыгэхэр хамэщI къикIахэм мызэ-мытIэу ебэнащ. Абы и щыхьэтщ 964, 966 гъэхэр. А илъэсхэм урыс, шэрджэс шууейхэр зэщIыгъуу хъэзэрхэм езэуащ. Зэгъусэу ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэхэм ахэр нэхъри зэгъунэгъу ищIащ я гупсысэкIэ, мурадкIэ; лъыкIэ яIэ зэпыщIэныгъэхэри нэхъ куу хъуащ.
XVI лIэщIыгъуэм къэбэрдеипщхэм Урысейм къулыкъу щащIэу щIадзэ икIи псоми цIэ лъапIэхэр, Черкес унэцIэхэр къыфIащ. «Черкесыпщхэр, Кавказ Iэлым къикIахэр, зэман зэхуэмыдэхэм Урысейм Iэпхъуащ: урысыпщхэм, боярхэм япхъухэр щхьэгъусэ ящIкIэрэ, абыхэм я диным ихьэрт, бояр дамыгъэхэр, нэгъуэщI цIэ лъапIэхэр зэрахьэу къулыкъу ящIэрт, щытхъурэ щIыхькIэ зыщIагъанэрт, я цIэхэм урыс тхыдэм увыпIэшхуэхэр щрагъэубыдырт…», - I84I гъэм апхуэдэу щитхыгъащ Долгоруков П.В. и «Урысей лъэпкъ тхылъым».
I557 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм Идар Темрыкъуэпщым ипхъу Гуащэнэ, чыристан диным щихьэм Марие цIэуэ зыфIащыжар, Урысей пащтыхь Иван ЕплIанэм докIуэ. А Iуэхум нэхъри игъэбыдащ адыгэхэмрэ урысхэмрэ куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ я зэныбжьэгъугъэр.
ХVIII лIэщIыгъуэм и 20 - 30-нэ гъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ IэджэкIэ гъэнщIат. I720 гъэм и гъатхэм кърым хъан СэIэдэт-Джэрий цIыху мин плIыщIым щIигъу хъу и дзэм Къэбэрдейм и гъунапкъэхэр къиувыхьащ икIи псалъэмакъ къыхамыгъэкIыу Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и унафэм щIэтыну, I708 гъэм Къэнжалыщхьэ деж хьэбэсабэу щызэхакъута Къаплъэн-Джэрий хъаным ираха лейм папщIэ щIалэ, пщащэ миниплI ятын хуейуэ унафэ ещI. Шу мин I5 – 20 нэхъыбэ зымыгъэшэсыфыну лъэпкъым и дежкIэ ар къалэн хьэлъэт. Лъэпкъым и къуэ нэхъ Iущхэм ящыщ зым – Къэзанокъуэ Жэбагъы – и чэнджэщкIэ Къэбэрдейр шынагъуэм къыIэщIэкIащ.
Кърым хъанхэм я бийуэ бэнэныгъэ езыгъэкIуэкIа, адыгэхэм я Iэтащхьэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ Къэзанокъуэм и псалъэ Iущхэр Iэщэ жану зыгъэбзар. ЗауэлI мин бжыгъэхэр хигъэкIуадэри, СэIэдэт-Джэрий щIэпхъуэжащ.
Къэбэрдейм кърым хъанхэр, тыркухэр аргуэру къытемыуэн папщIэ, I722 гъэм фокIадэ мазэм и 3-м, Хъэзэр тенджызым и Iуфэхэр урыс пащтыхьым къыщызэхикIухьам, Къетыкъуэпщыр езым и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэр щIыгъуу Петр Езанэм Дагъыстаным, Сулак деж, щыхуэзащ. ЗэрызэгурыIуам и щыхьэту, къэбэрдей шу гупыр щежьэж махуэм, фокIадэм и 23-м, Аслъэнбэчыпщым къратащ Урысейр Къэбэрдейм къызэрыщхьэщыжынур игъэбыдэу щыхьэт тхылъитI.
КъыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм зыхъумэжакIуэхэр ирихулIат I723 гъэм и гъатхэпэ мазэм Петр Езанэм деж Бытырбыху лIыкIуэ ягъэкIуэну. Ежьахэм яхэтт Къэзанокъуэ Жэбагъы, Тамбий Жанмэмэт, Къундет Кургъуокъуэ сымэ. Абыхэм я пщэм къалэнышхуэ дэлът: зэхагъэкIын хуейт Сулак щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм Урысейр зэрыхуэпэжыр, къатеуэIамэ, ар къазэрыщхьэщыжыну щIыкIэр. ЛIыкIуэхэм хъыбарыфI къахьащ. АбыкIэ фIыщIэ лей зыбгъэдэлъар Къэзанокъуэ Жэбагъыт.

Поделиться:

Читать также: