Зи нурыр дыгъэпсым хуэдэ

ЦIыху щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым КIэхумахуэ ФатIимэ зымыцIыху. Дауи ямыцIыхунрэ - теплъэкIэ зэкIужщ, зэчий дахэ зыбгъэдэлъщ, къуалэбзуубзэу мэпсалъэ, и жыIэри гум дохьэ. ФатIимэ куэд щIауэ соцIыху. ЗэманкIэ бгъэзэжмэ, сфIэтелъыджэу сызэплъа фильмым къыщысцIыхуащ артисткэр. «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым щигъэзэщIа ролым иужькIэ КIэхумахуэр псоми къацIыху хъуащ.

НобэкIэ ар дызэрыгушхуэ артистщ, куэдым я дежкIэ щапхъэщ. Къэбэрдей театрым ФатIимэ щымылажьэу, абы утыкум зыкъыщимыгъэлъагъуэу си нэгу къыщIэзгъэхьэфыркъым, пэжым ухуеймэ, къыщIэзгъэхьэнуи сыхэткъым. Артист цIыхубзым бгъэдэлъ зэчийр дахэщ, екIущ, удэзыхьэхщ. Сыт хуэдэ Iыхьэ игъэзащIэми, езым и псэм щыщ хелъхьэ, къыхих ролхэри йокIупс. Дауэ-тIэ ФатIимэ удимыхьэхынрэ: ар Балъкъыпс ефащ, Дзэлыкъуэ губгъуэм къыщызыущыхь жьы къабзэкIэ бэуащ, дадэ-нанэ сымэ ягъэIу таурыхъ-хъыбархэмкIэ гъэсащ. Зыпэрыувэ, игъэлъагъуэ, утыку ирихьэ, илэжь дэтхэнэри зэпэщу щытщ. ЗэIусэм етIуанэ Iэпэ хуейкъым. Арагъэнущ абы КъБР-м и Правительствэм, Парламентым, министерствэхэм къабгъэдэкIыу щытхъу тхылъхэр къыщIыхуагъэфащэр.

ЦIыхубэм хуабжьу фIыуэ ялъагъу ар. ФатIимэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэщ». Мы цIэ лъапIэр абы зэрыхуэфащэм щыхьэти-тегъуати хуейкъым. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист нэхъыфI дыдэхэм яхэтщ. Махуэшхуэхэр, концертхэр зи макъ дахэкIэ тхуезыгъэкIуэкI, зи гушыIэ фалъэр нэщI зэи мыхъу ФатIимэ зыкъыфIэщIыжыркъым. Ар псоми яхуэбзэIэфIщ, дапщэрэ зыхуэзмыгъэзами, жэуап нэс сытым щыгъуи къызетыж.

Аращ-тIэ, цIыхум и цIэр езым зыфIещыж. КIэхумахуэ ФатIими зыфIищыжащ цIэ. Зы псалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, «Псэгъэпсэху».

Сыхуейщ ФатIимэ и дахагъэр зэи мыкIуэщIу щытыну. Къэбэрдей вагъуэхэр куэд хъуми, нэхъ зэщIэблэ, зи нурыр дыгъэпсым хуэдэ, зэчий ин зыбгъэдэлъхэм уащыщщи, курыкупсэр тIысыпIэ пхузощI, щыIэри, щыIари, щыIэнури зи IэмыщIэ илъ Алыхьым узыхуей гъащIэ, насып, узыншагъэ, лэжьыгъэ, гукъыдэж къыббгъэдилъхьэ. Согушхуэ уэркIэ!

 

 

 

 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: