ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэж

Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан (Мысостей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр щаухуар 1970 гъэрщ. Абы лъандэрэ цIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэу, зыузэщIыпIэу щыт унэм зэзыгъэпэщыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэжьыгъэ зыри щекIуэкIакъым.
ЩэнхабзэмкIэ унэм и закъуэщ къуажэдэсхэм щэнхабзэ зэхуэсыпIэрэ лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ гъэсапIэу яIэр. Мыбы махуэ къэс сабий 200-м нэблагъэ къокIуалIэ. Ахэр хуагъасэ лъэпкъ къафэхэм, хурагъаджэ адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэм, хуаущий утыку итыкIэм, зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэм епха джэгу IэщIагъэхэм, хагъэгъуазэ уэрэд жыIэкIэм и щэхухэм.
ЩэнхабзэмкIэ унэм иIэ хъуа щытыкIэ зэкIэлъымыкIуэм къыхэкIыу, сабийхэм драгъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэр къыщызэрагъэпэщыр дунейм и хуабэгъуэрат. ЩIымахуэр къихьамэ, лэжьыгъэри, нэгузегъэужь Iуэхугъуэхэри курыт еджапIэм яхьын хуей хъурт.
Аруан щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зэгъэпэщыжын хуейхэм къызэщIеубыдэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и щхьэм, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ еIэзэщIэжыныр, пэшхэм я лъэгу щар къихауэ щIэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжыныр, кIуэцI блынхэр зехьэныр. Абы къыдэкIуэу ухуакIуэхэм къапэщылъщ ЩэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэ кIуэцIри зыхуей хуэгъэзэныр. Апхуэдэу, абдежым жыгхэр щыхасэнущ, уэздыгъэ пкъохэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ щагъэувыну, къыдыхьэ-дэкIыжым зэрыкIэлъыплъ видеокамерэхэр трагъэувэнущ, мывэкъалэхэр дращIеижынущ.
Лэжьыгъэ псори «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ йокIуэкI.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: