«Анзорхэ я Къэбэрдейм» и тхыдэм и бзыпхъэхэр

Урысей дэфтэрхэр и лъабжьэу едгъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм наIуэ къызэращIащи, япэу Анзорхэ ятеухуа тхыгъэхэм ущрихьэлIэр I563 гъэрщ, пщы Идар Темрыкъуэ уэлий хъуну мурад ищIауэ, и малъхъэ пащтыхь Иван Грознэм къыхуигъэкIуа дзэр и дэIэпыкъуэгъуу, къэбэрдейхэр псори и Iумэтым иригъэхьэну зауэшхуэ щригъэкIуэкIа зэманырщ. Абы и унафэм щIигъэува унагъуэцIэхэм яхэтщ Анзорхи.
I589 гъэм ящIа архив дэфтэрхэм фIэкIа ухэмыплъэми, ахэр щыхьэт тохъуэ а зэманым Къэбэрдейм и щIыналъэ щIыб Iуэхухэр зэфIэгъэкIа хъуным Анзор Хьэту-I (Хьэту-I – XIX лIэщIыгъуэм псэуа генерал-майор Анзор Хьэту хэмыгъуэщэн папщIэ апхуэдэу къэдгъэлъагъуэу аращ – М.А.) и фIыгъэ куэд зэрыхэлъам. Апхуэдэу абы и Iуэху зехьэкIэрщ Шамхал къэралыгъуэм, Куржым, Кърымым, Урысейм хуаIэ зэпыщIэныгъэр зыухуар. АбыкIэ икъукIэ сэбэпышхуэ хъурт Анзорхэ адрей лъэпкъхэм, къэралхэм я Iэтащхьэхэм хуаIэ ныбжьэгъугъэмрэ благъагъэмрэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Къумыкъум и унафэщI СулътIан-МутI и анэр Анзорхэ япхъут; езы Анзор Хьэту-I ипхъухэм языр кърым хъаным и щхьэгъусэт, адрейр Кахетием и пащтыхь Александр и къуэ Араклин ишат; и къуэшым и пхъур Дагъыстэным я шамхал Чопан и щхьэгъусэт. Урыс дзэзешэхэм я тхыгъэм куэдрэ къыщагъэлъэгъуэжащ Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ яку къыдэхъуэ зэпыщIэныгъэхэм Анзор Хьэту-I и гуащIи и фIыгъи зэрыхэлъыр. 
Пщы щIыналъэхэм щхьэкIэ, псалъэм папщIэ, «Идархэ я Къэбэрдей», «Къазийхэ я Къэбэрдей», «Щолэхъухэ я Къэбэрдей» зэрыжаIэу щытам хуэдэу, XVIII лIэщIыгъуэм икIэ пщIондэ Анзорхэ яIыгъ щIыхэр къыщагъэлъагъуэкIэ куэдрэ урохьэлIэ «Анзорхэ я Къэбэрдей» фIэщыгъэр къагъэсэбэпу. XVI лIэщIыгъуэм икIэхэм Анзорхэ я щIыналъэхэм къызэщIаубыдэрт: къуэкIыпIэмкIэ щегъэжьауэ къухьэпIэмкIэ кIуэуэ – Сунжэ псы Iуфэмрэ иджырей Владикавказ къалэм и щIыпIэ щхьэхуэхэм дежрэ адэкIэ зэпыту Аргудан, Лэскэн, Урыху, Тэрч псыхэм къедзылIа щIыхэр, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ къыщежьэрэ ипщэкIэ дригъэзейуэ – Пришиб станицэм и хэщIапIэм къыщыщIидзэу иджырей Осетие Ищхъэрэ – Аланием хиубыдэ Дигор, Уэлыджыр, Куртатэ ауз дыхьэпIэхэм нэсу.
Урыс-Кавказ зауэр къэхъея нэужь урысхэм адыгэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ дакъузэу щIадзащ, псом хуэмыдэу щIы IуэхухэмкIэ леишхуэ къатехьэрт. Шэч хэмылъу, абы ижь къащIихуащ Анзорхи. Урысей пащтыхьыгъуэм ингушхэмрэ осетинхэмрэ щIыпIэ захуэхэм тригъэтIысхьэнымкIэ иригъэкIуэкI политикэм и зэранкIэ Анзорхэ Мэртазэхэ я жыIэм едаIуэри, Куржым Iэпхъуэну хэтащ, ауэ пащтыхьым и блыгущIэтхэмрэ къэбэрдей пщыхэмрэ я дэчыхыныгъэ гуэрхэм я фIыгъэкIэ щIыналъэм къинащ. Иужьрейхэри хуейтэкъым езыхэм я Iуэхухэр дэкIынымкIэ къагъэсэбэп, лъэпкъым пщIэ зыхуащI икIи зыхуэныкъуэ лIакъуэлIэш лъэрызехьэхэр яфIэкIуэдыну. I8I6 гъэ пщIондэ Анзорхэ къегъэбыдылIа щIыналъэхэм пащтыхьым и дзэхэм пыухыкIауэ зауэшхуэ гуэри щрагъэкIуэкIауэ зы щIыпIэ дежи къыщыгъэлъэгъуакъым. 
Анзорхэ я къуажэхэм щыщ зы Iыхьэр Тэрч псым и сэмэгурабгъу Iуфэм (Борыкъуей), адрейхэр Урыху, Шэчэр, Лэскэн псым етIысэкIахэщ (Елмырзей, Созэрыкъуей). Осетие Ищхъэрэ – Аланием хыхьэ Дур-дур къуажэр иджыпсту здэщыс щIыпIэм деж Анзорхэ я зы жылэ щыIащ, ар ейуэ щытащ генерал цIэрыIуэ хъуа Анзор Хьэту и адэм. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа Iуэхугъухэр къэхъуным ипэкIэ мы къуажэр Дигор аузым и дыхьэпIэм щысащ, щIыналъэр щызэтракъутэм, мы щIыпIэм къэIэпхъуащ, I825 гъэм а жылэм Анзор Хьэту и цIэр фIащ. I822 - I825 гъэхэм Тэрч псым и Iуфэм Iуса къуажэхэр Урыху, Шэчэр, Лэскэн псыхэм къетIысэкIыжащ.
I834 - I835 гъэхэм Анзор Хьэту и жылэр Тэтэртуп пэгъунэгъуу, Тэрч Iуфэ IуигъэтIысхьащ, къуажэдэсхэр и гъусэу Куржы-Зауэ гъуэгур яхъумэну зэгурыIуэныгъэ къращIылIэри.
I846 гъэм, ротмистр Анзор Хьэту лейб-гвардием и Бгырыс-Кавказ эскадрон ныкъуэм и Iэтащхьэу пащтыхьым и деж къулыкъу щыщищIэ лъэхъэнэм, Кавказым пIалъэ кIэщIкIэ къэкIуат Iимам Щамил. Абы щыгъуэм Урысейм къулыкъу зэрыщищIэм къыхэкIыу Анзор Хьэту и къуажэр зэтригъэсхьащ. Пщыхэм, уэркъхэм ящыщ куэд, Анзорхи яхэту, Щамел и лъэныкъуэ хъуауэ щытащ, ауэ щIыналъэр зэрибгынэу къагъэзэжри, Урысейм и телъхьэ хъужащ. Iимамым и гъусэу хэкур ябгынащ уэркъ зыбжанэм, я мэкъумэшыщIэхэри я гъусэу, абыхэм яхэтащ Анзор Хьэту и адэ къуэшым и къуэ Анзор Мыхьэмэтмырзи. ЩIыпIэм унафэр щызезыгъакIуэхэм Анзорхэ Къэбэрдейм и кум Iэпхъуэн хуейуэ унафэ ящIащ.
Анзорхэ яIыгъа щIыхэр зыхуэдам нэхъ и пэжыпIэр къигъэлъэгъуащ полковник Петрусевич:
«…Минарет быдапIэм щыщIэдзауэ ТэрчыпсымкIэ ехыу ДыщэкI и меймрэ Думэныкъуэ псымрэ нэс, УрыхупсымкIэ Дигор ауз гъунапкъэм нэс, апхуэдэуи Лэскэн, Шэчэр псыхэм щегъэжьауэ бгы зэхуакухэм нэс щылъ щIыр Джырандыкъуэ къытепщIыкIыжа Къугъуэлъкъуэхэрэ Анзорхэрэ ейуэ ябж. Джырандыкъуэ дунейм ехыжа нэужь абы и къуэ Къугъуэлъкъуэ Урыхупсрэ Тэрчыпсрэ я зэхуаку дэлъ щIыр иубыдащ, щIалэ нэхъыщIэ Анзор Урыхупсрэ Лэскэныпсрэ яку дэлъыр къылъысащ. ИужькIэ езыхэр нэхъыбэ зэрыхъум, нэхъ лъэщу зэрыщытым къыхэкIыу Къугъуэлъкъуэхэ я щIым щыщи яубыдащ…»
I847 гъэм Анзор Мыхьэмэтмырзэ и къуажэр якъутэжащ. Абы дэсахэм ящыщ гуэрхэр Анзор Хьэту и жылэм Iэпхъуащ, адрейхэр Анзорхэ я къуажэхэм дэтIысхьащ. 
Къуажэр гъэIэпхъуэн Iуэхур къыщыхалъхьэм, полковник цIэр зыхуагъэфэща Анзор Хьэту зыкъригъэутIыпщри, Къэбэрдейм къэкIуэжащ икIи Кавказ линием и центрым и унафэщI, джыназ, генерал-майор Эристовыр и гъусэу щIы псори къаплъыхьри, Урыху псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр къыхихащ.
I920 гъэм къуажэм Старэ Урыху цIэр фIащащ; I927 гъэм щегъэжьауэ I957 гъэ пщIондэ Хьэтуейм къытепщIыкIауэ щыта Къалэжь жылэр Средний Урыхурэ (Осетие Ищхъэрэ – Алание) Старэ Урыхурэ я зэхуакум дэсащ; 2004 гъэм, къуажэдэсхэм я жэрдэмкIэ, Старэ Урыху къуажэм Хьэтуей фIащыжащ, ар зейуэ щыта генерал-майор, пащтыхь Николай I и щхьэхъумэхэм яхэту къулыкъу зэрищIамкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта Анзор Хьэту и фэеплъу.
 

 

Мамхэгъ Астемыр.
Поделиться: