Киномрэ пэжымрэ

Совет цIыху мелуанхэр   етIощIанэ лIэщIыгъуэм зыIэпишэу еплъащ «Пираты ХХ века» кинофильм телъыджэм. Ауэ куэдыр щыгъуазэу къыщIэкIынкъым абы къыщыгъэлъэгъуа псори гъащIэм къызэрыщыхъуам- ахэр я нэгу щIэкIащ ди морякхэм.

Сомалим и тенджыз хъунщIакIуэхэр хамэ къэрал кхъухьхэм теуэн щIадзэным илъэс зыкъом ипэкIэ,  а «IэщIагъэм» дихьэхауэ щытащ дунейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэм щыщхэр.

 Псалъэмакъышхуэ къикIауэ щытащ «Ристна» совет щIэныгъэрылажьэ кхъухьыр I966 гъэм Ганэм зэрыщаубыдам. Абы щыгъуэм СССР-м фIыуэ къыхущыт президент Нкрумэ Квамэ традзри, а къэралыр властыр щызыIэрагъэхьат генералхэм. Жэщ-махуэ зыбжанэм Ганэм кърагъэкIащ ирагъэблэгъауэ абы щылажьэ совет IэщIагъэлIхэр, соцлагерым щыщ нэгъуэщI цIыхухэр. «Ристна» и экипажыр ягъэкъуэншащ властыр зыубыдахэм я бийуэ зыкъэзыIэтахэм Iэщэ яхуишэу жаIэри.

 Ауэ абы щыхьэт техъуэ гуэри щамыгъуэтым, ди морякхэр къаутIыпщыжын хуей хъуащ. Къаугъэр бэIутIэIуншэу зэфIэкIати, Совет Союзым къэхъуар игу  тригъэхуащ. Ауэ ар иужьу къыщIэкIакъым.

 I968 гъэм етIуанэр къэхъеящ. Ганэм и тенджыз гъунапкъэхэм я гъунэгъуу  зыгуэрхэм катер зыбжанэкIэ яубыдащ зыми имей псыхэм тет «Холод», «Ветер» совет траулерхэр. Гъунапкъэхэр къызэпаупщIауэ ягъэкъуаншэри, ахэр Ганэм и кхъухь тедзапIэм яхуащ. ИпэжыпIэкIэ ар властхэр щэхуу арэзы зытехъуа хъунщIэныгъэ Iуэхут. Москварэ Аккрэрэ зэпсэлъэхукIэ совет морякхэр щIыпIэ лъэхъуэщым исащ, цIыхум и фэм  дэмыхуэн гугъуехьхэр яшэчу.

ГъэрыпIэ ихуахэр кърагъэутIыпщыжыну ди къулыкъущIэхэр зэрыхущIэкъуам зыри къикIакъым. Уеблэмэ ди Совет Союзым Ганэм щIыдагъэхэкIхэр хуиутIыпщын зэригъэувыIами, а къэралым и тетхэр игъэгупсысакъым. Апхуэдэу щыхъум, ягъэшынэну мурад ящIащ: Ганэм и лъэныкъуэмкIэ кIуэуэ гъуэгу техьащ ракетэзехьэ кхъухьитI, зы  псыщIагъыркIуэ, ахэр зыхуеинухэмкIэ къызэзыгъэпэщ нэгъуэщI зы.

 Зэман зыбжанэ дэкIри, Iэщэ лъэщхэмкIэ зэщIэузэда эскадрэр Такаради и Iуфэм Iухьэри, къыщыувыIащ. Зэмыджа хьэщIэхэм я теплъэр апхуэдизкIэ шынагъуэти, нэгъуэщI къэралхэм я  кхъухьхэм  исхэм  гужьеяуэ псынщIэ дыдэу щIыпIэр ябгынащ. Совет морякхэм топхэм брезентхэр трахащ, къалэм еуэн хуэдэу фэ зытрагъауэу. Абы къыдэкIуэу щIыпIэ властхэм гурагъэIуащ ди кхъухьхэм ярыт ракетэхэри къагъэсэбэпынкIэ зэрыхъунур.

Апхуэдэ Iуэхухэр Ганэм и тетхэм зэи ящымыгъупщэжыну  гукъинэж ящыхъуащ, капитанитIым нэмыщI (ахэр къаутIыпщыжыным ди къулыкъущIэхэр иджыри щIэбэнын хуей хъуащ) ди моряк псори хуит къащIыжащ.

ГурыIуэгъуэщ совет эскадрэм зэуэн мурад зэримыIар, апхуэдэ унафи къызэрыхуамыщIар. Ауэ капитанхэр къаутIыпщыжын  папщIэ Ганэр нэхъри ягъэшынэн хуей хъуащ. Дипломатие IэмалхэмкIэ тракъузэн  папщIэ ди кхъухьхэр гъунэгъу къэралхэм я кхъухь тедзапIэ зыбжанэм «ныбжьэгъугъэ  хэлъу» Iухьащ, зэуэным зыхуагъэхьэзыр хуэдэуи фэ зытрагъэуащ.

 Абы игъэгузэващ щытыкIэр щымыщIагъуэ мы щIыналъэм зауэщIэ къыщыхъеину хуэмей Нигериемрэ  Гвинеемрэ я унафэщIхэр. Абыхэм я лIыкIуэхэр Ганэм ягъэкIуащ капитанхэр икIэщIыпIэкIэ хуит ящIыжыну хуагъэуву.

 Лъыгъажэ гуэри хэмыту зэфIагъэкIа а Iуэхум и фIыгъэкIэ ди морякхэри траулерхэри къызэрыратыжам имызакъуэу, лъэныкъуэхэр зэгурыIуащ СССР-м и дзэ-тенджыз базэ КъухьэпIэ Африкэм къыщызэIуахыну. Апхуэдэу пIалъэ кIыхькIэ а щIыпIэм зыри щытегушхуэжакъым хъунщIэным.

                 

           

              

                       

Поделиться:

Читать также: