Тхьэгъэлэдж Светланэ и дамэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ нобэ ди псэлъэгъущ.
 Иужьрей зэманым уиIа ехъулIэныгъэхэм, зыIэрыбгъэхьа лъагапIэщIэхэм теухуащ си япэ упщIэр.
- Иужьрей зэманым си щхьэ Iуэхур, эстрадэ лэжьыгъэр згъэмэщIэн хуей хъуащ, псэуныгъэм ехьэлIауэ гъащIэм къытхуигъэув къалэнхэм си закъуэ сеувэлIэну къысхудэхуати. Си щIалитIыр гъащIэм лъэ быдэкIэ зэрыхэзгъэувэным тегъэщIауэ щытащ си къалэнхэр. Утепсэлъыхьынуи лейщ, ауэ унагъуэм, быным нэхъапэ дэтхэнэм и дежкIи, ар эстрадэм и цIыхуу щытми, щыIэкъым. Гъуазджэм сызэрыхэтрэ япэ изгъэщыр си унагъуэрщ, си бынитIырщ. ГъащIэр тхъэгъуэ защIэу зэхэлъкъым, сэри куэдрэ гугъу сехьащ. Си щхьэ щызгъэщхъын хуей щыхъуаи къысхуихуащ, ауэ цIыхугъэ схэлъу сыблэкIащ а гугъуехь псоми. СиIэ псори си къарукIэ зэзгъэпэщыжащ. ДяпэкIэ си псэм фIэфI Iуэхухэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэсщIынущ.
- Уи репертуарым иужьу къыхыхьа уэрэдхэр щIэщыгъуэщ, зэманым докIу. Гу зылъыстаращи, цIыхухэм я деж щIэупщIэ щаIэщ. А уэрэдхэр пхуэзытххэм я гугъу уэзгъэщIынут.
-  Си къару, зэфIэкI къызэрихькIэ си лэжьыгъэм сыпэрытщ. 2013 гъэм дуэт программэ сщIауэ щытащ. Вындыжь Марие, Багъэтыр Нинэ, Сэхъу Хьэсэн, Вэрокъуэ Валерэ сымэ я IэдакъэщIэкIхэр сфIэфIу согъэзащIэ. ПщIэшхуэ зыхуэсщI уэрэдусхэм ящыщщ Лосэн Тимур. Гъэсэныгъэ, хабзэ, цIыху щIыкIэ и лъэныкъуэкIэ, дахагъэу щыIэр Алыхьым абы къыбгъэдилъхьам ярейщ, апхуэдизкIэ цIыху нэгъэсащи. Абы и уэрэдищ тыгъэ къысхуищIауэ жызоIэ. Ахэр си гум, си псэм щыщ хъуащ, си гугъэщ цIыхухэми ягу ирихьу.
- ГъащIэм къару къыщозытыр сыт?
- СимыIэр, сызыщIэхъуэпсыр зэзгъэхъулIэным къару къысхелъхьэ. Си зэфIэкI хэзгъахъуэмэ, си быным ехъулIэныгъэ яIэмэ, схуэдиз схохъуэ. Си щIалитIыр си дамэ зырызщ, сыпсэуху а дамитIыр стетмэ, сынасыпыфIэнущ. Абыхэм я насыпыр куу хъуну, гъащIэ дахэ яIэну сыщIохъуэпс. ТIуми щIэныгъэ нэхъыщхьэ езгъэгъуэтащи, я щхьэ Iуэху дагъэкIыжыф, си дежкIэ ар насыпышхуэщ.
Къару ин къызет цIыхухэм сызэхащIыкIыу, сакъыгурыIуэу щыслъагъукIэ. Сэ сыкъыщыгубжь къэхъуркъым, ауэ бегъымбарри и пIэ къизышыфын жьэмыгъуэ гуэрхэми уащрохьэлIэ гъащIэм. Пхуэмыфащэ къыпхужаIэу, уи щIыбагъкIэ псалъэу, икIагъэ щызэрахьэу. ЦIыхур сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытми цIыхуу къэнэжын хуейщ.
-  Уи мурадхэм я гугъу къытхуэпщIамэ арат.
- Мы дуней дахэм фIыуэ щыслъагъу цIыхухэм сащыгуфIыкIыу иджыри куэдрэ сыпсэуну сыщIохъуэпс. Абы къыкIэлъыкIуэр си псэм фIэфI си лэжьыгъэращи, нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ си Iуэхухэр зесхуэну сыхуейщ.

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: