ПащIэ Бэчмырзэ

Пэжыр зи гъуазэу захуэм щIэбэн

 
  «Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ», – жеIэ псалъэжьым. ПащIэ Бэчмырзэ къыжьэдэкIауэ нобэ лъэпкъ Iущыгъэ хъужа псалъэхэри, тхыдэм ар зэрыхэплъа нэ жанхэм къаубыда сурэтхэри зэи жьы мыхъу, зэманым и жыглыц къызытемыкIэ удзыпцIэ щхъуантIэщ лъэпкъыбзэм и дежкIэ. А хадэм нобэ идогъэблагъэ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэр.
УсакIуэ нэсыр гъэлъэпIэн зэрыхуейр, дауи, езым и IэдакъэщIэкIхэм яхуэфэщэн бзэ шэрыуэкIэщ. ПащIэ Бэчмырзэ къилэжь псалъэ къэбгъуэтын папщIэ, апхуэдэ Iэмалу щыIэхэм я нэхъыфIыр езы джэгуакIуэр зыцIыхуа, зылъэгъуа, абы и къалэм гъэбзэкIэмрэ и дуней тетыкIэмрэ дэплъейурэ къекIуэкIа щIэныгъэлIхэм, усакIуэхэм, благъэхэм, къуажэдэсхэм я гукъэкIыжхэм ухэплъэнырщ. Абыхэм япэ итщ, илъэси I60-рэ ипэкIэ зэхилъхьами, езы Бэчмырзэ и сатырхэр, и чэзу дыдэу дунейм къытехьауэ къыпфIэщIхэр.
 

ХъуэпсапIэхэм я нэхъ иныр

 
И ныбжьыр илъэс пщыкIутI щыхъуам, Бэчмырзэ зы хъуэпсапIэр къехъулIащ – тхылъ зригъэщIэн папщIэ, и хьэблэгъу Лъеиншэ Мысост иратащ. Iустаз хуэхъуа зэщхьэгъусэхэм я деж куэд къыщищIащ щIэныгъэм, еджэным зи нэр къыхуикI, абы хуэпабгъэ щIалэ набдзэгубдзаплъэм. ПащIэ Бэчмырзэ хьэрыпыбзэкIэ къеджэфу, тхэфу езыгъэсар Лъеиншэ Мысост и унэгуащэ Лухъанщ. 
 

Диным зэрыхущытым зихъуэжат?

 
ПащIэ Бэчмырзэ и творчествэм тепсэлъыхьахэм, ар зэпкърызыхахэм яхэтщ зэманым елъытауэ абы и дин еплъыкIэм зихъуэжауэ жызыIэ. Зыгуэрым и псалъэкIэ, и шынагъэкIэ, е зэманым зыдригъэкIункIэ Бэчмырзэ и дин бгъэдыхьэкIэм зихъуэжащ жыпIэныр захуагъэкъым.
ПащIэ Бэчмырзэ муслъымэн аслъыт. Псэуху, Iиманымрэ динымрэ иIыгъащ, зэи IэщIыб ищIакъым. «Алыхьыр уи фIэщ ирихъуну щыIэр мащIэ», – еущиерт ар хэти. И псэлъафэ дыдэт: «Шэмрэ лъымрэ зэщIимыгъакIуэу жэмым и шхуэлым шэ изыгъахъуэ Алыхь зи закъуэм гущIэгъу и куэдщ».
Диным хуэгъэза усыгъэ зыбжанэ къыщIэнащ ПащIэм. УсакIуэм къызэринэкIа гъыбзэ псоми ислъам диным ижь къыщIихуащ.
Гъыбзэ жанрым и лъабжьэр къэхъуа гуIэгъуэщ, цIыхупсэр зыщыщтэщ. Дунейм ехыжам, абы и гъащIэр зэриух щIыкIэм щытеусыхькIэ, IупщI мэхъу ПащIэм диным къигъэувхэр и фIэщ зэрыхъур, зэрыдиIыгъыр. УсакIуэм пхыкIауэ зэригугъэмкIэ, дунеитI щыIэщ: зыр пIалъэкIэ дызытет дуней «хьэхурщ», адрейр цIыхур лIа нэужь псэр зэкIуэлIэжырщ – ахърэтырщ. Дунейр зэрыкъутэжынум, жэнэт, жыхьэнмэ зэрыщыIэм шэч къытрихьэркъым. ПащIэ Бэчмырзэ и усыгъэхэм хьэрып, тырку, къэжэр псалъэхэр, фIэщыгъэхэр къызэрыхыхьэр ислъам диным и фIыгъэщ куэдкIэ. Абы усакIуэм и псалъэ гъэтIылъыгъэр нэхъыбэ ищIащ, и лексиконыр игъэбэтащ.
 

Алыфбей зэрызэхилъхьар

 
Бэчмырзэ и псэ мызагъэр тепыIэртэкъым. Ар хуейт и усыгъэхэр нэхъыбэм зэхахыну, тхылъымпIэм иту илъагъуну. Егупсысырт зэхилъхьэ уэрэдхэр, гъыбзэхэр гъэнэхуа зэрыхъуну щIыкIэм – хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпурэ, алфавит зэхилъхьащ. Зыгуэрхэр зэран зыхуимыгъэхъун мурадкIэ, Бэчмырзэ я хадэкIэм декIуэкI къуэкIийм и бжьэпэм щIыунэ щищIащ, езыр щыпсэуну, щылэжьэну. А щIыунэрщ усакIуэм алфавит щызэхигъэувар, и усыгъэхэм я нэхъыбапIэр щитхар.
Хьэрып тхыбзэр зи лъабжьэ азбукэ щызэхилъхьэм, адыгэ макъ зыбжанэм яхуримыкъу хьэрфхэр Бэчмырзэ езым къигупсысащ, хьэрып хьэрфхэм диакритическэ дамыгъэ гуэрхэр щIигъуурэ.
ПащIэм и алфавитыр хьэрф 39-рэ мэхъу. Бэчмырзэ хьэрып алфавит къигъэсэбэпурэ итха усыгъэм къеджэф щыIа дэнэ къэна, атIэ ахэр зэзыдзэкIыф къыкъуэкIащ. Апхуэдэт куржы щIэныгъэлI Джанашиа Симон, ди ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ.
 

ИстамбылакIуэр къызэригъэувыIар

 
Хамэ къэралхэм, Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм я Iуэху зэрыщыт зригъэщIэну Бэчмырзэ пщэрылъ зыщещIыж. Бэчмырзэ Тыркум зэрыкIуар абы и ныбжьэгъу Чэлимэт Хьэжумар мыпхуэдэу къиIуэтэжащ: «ИстамбылакIуэм и зэмант. Жылэр зэрызехьэрт Истамбыл кIуэну. Къуажэ сходым къоувэри, Бэчмырзэ мыр къепсэлъ: «ФымыпIейтей, фи пIэм фис, сэ къэсщIэнщ Тыркум щыIэ псэукIэр зыхуэдэр». УсакIуэр Тыркум щилъэгъуамкIэ арэзы мыхъуу, СириемкIэ иунэтIащ, ар псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм яшх, я дуней, я натIэм къритха зэхихуну. Бэчмырзэ гъусэ иIэу, Сирием щыIэ адыгэ къуажэхэр къызэхекIухь, къызэхеплъыхь. Псалъэм папщIэ, ПащIэр щыIащ Хъышней, КъунейтIрэ, Хьэнзиуан, Барикъэ жылэхэм.
Бэчмырзэ щалъхуа щIыпIэм къигъэзэжа нэужь, къуажэ-къуажэхэр къикIухьурэ и нэгу щIэкIахэр, илъэгъуахэр иIуэтэжащ. Бэчмырзэ и усэ зыбжанэ гукIэ зыхъума Чэлимэт Хьэжумар щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «адыгэхэр Тыркум кIуэныр Бэчмырзэ и фIыгъэкIэ нэхъ мащIэ хъуащ, ауэрэ щагъэтыпащ». Ар зэманкIэ зыхуэзэу зыхуагъэфащэр I892 – I893 гъэхэрщ, езы ПащIэр илъэс 35-м иту. 
 

Жэпуэгъуэ революцэмрэ Бэчмырзэрэ

 
  ПсэукIэщIэм и джакIуэ ПащIэм къуажэхэр къызэхикIухьырт, псори и нэкIэ зригъэлъагъумэ фIэфIт: ар я хьэщIэ лъапIэт гъэмахуэри щIымахуэри зэлъэзыгъэIэсу губгъуэм ит Iэщыхъуэхэм, щIым телэжьыхьхэм, ухуакIуэхэм, егъэджакIуэхэм.
Жэмыхьэтым, жылэхэм, хэкум щыIэ унафэхэр цIыхубэм яхэгъэIуэныр пщэрылъ зыщызыщIыжа, ар IэнатIэ зыхуэхъуа Бэчмырзэ гуапэу дэни щрагъэблагъэрт. Зеикъуэ дэсхэм усакIуэм хуащI щIыхьым, къилэжьа пщIэм и дамыгъэу, I930 гъэм ПащIэм къратыгъащ жып сыхьэт.
Зи Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ псэукIэщIэм хэлэжьыхьа Бэчмырзэ гулъытэншэ хъуакъым – I93I гъэм щытхъу тхылъкIэ и цIэ къраIуащ.
ПащIэ Бэчмырзэ IуэрыIуатэр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. IуэрыIуатэ теплъэгъуэхэм ящыщу нэхъыфIу илъагъур уэрэдымрэ псалъэжьхэмрэт. Архивым къыхэдгъуэтэжа тхыгъэм итщ: «Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэр щIолъэIу ПащIэ Бэчмырзэ Машэ и къуэм, мы справкэр зэттым (псысэхэр, таурыхъхэр, Iэрытххэр зэхуэзыхьэсыжым), иригъэкIуэкI лэжьыгъэмкIэ дэIэпыкъуэгъу фыкъыхуэхъуну, абы Къэбэрдейм, Балъкъэрым я псэукIэу щытам теухуа тхыдэ материалхэр зэрызэхуихьэсыжым папщIэ». А тхылъыр ПащIэ Бэчмырзэ къыщратар I928 гъэрщ.
 

«Дыщэ пхъуантэмрэ» лIэныгъэмрэ

 
Гугъэ дахэхэр зиIа Бэчмырзэ и «Дыщэ пхъуантэр» зэтрихын хунэмысауэ, I936 гъэм мазаем и 20-м дунейм ехыжащ.
Бэчмырзэ лIэри илъэсих дэкIа нэужь, абы и усыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи щIэх-щIэхыурэ газетхэм къытрадзэ, тхылъ щхьэхуэуи къыдэкI хъуащ.
 
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид, ПЩЫБИЙ Инал.
Поделиться: