ТхакIуэ щыпкъэ

Прозэм и жанр щхьэхуэхэм къащхьэщыкIыу, рассказым лъабжьэ хуэхъу хабзэр гъащIэм и зы пычыгъуэу, Iуэхугъуэу зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къызэщIэзыубыдэрщ. А жанрыр нэхъ яфIэтыншу абыкIэ зи тхакIуэ гъуэгуанэр къыщIэзыдзэхэм къадэкIуэу повесть, роман хуэдэхэм хуэIэижь, лъэпкъ литературэм и жьантIэр зылъыса тхакIуэшхуэхэми литературэм а и жанр цIыкIумкIэ «щраIуэнтIэкIыж» къохъу. Ар щынэрылъагъущ адыгей литературэм, псом хуэмыдэу лъэпкъым гурыхь щыхъуа и романхэм яужькIэ, новеллэмкIэ, рассказымкIэ «езыIуэнтIэкIыжа» КIэрашэ Тембот и творчествэм.

ТхакIуэ лэжьыгъэм и IэфIри и гуащIэри зыхэзыщIа, къызыхэкIа лъэпкъым къызэринэкIа гъащIэ гъуэгуанэ хьэлъэм ириплъэжыфу абы и къэгъэшыпIэхэмрэ и щыхупIэ задэхэмрэ адыгэхэм щагъуэта ехъулIэныгъэхэм набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъыжыфа икIи блэкIам дерс къызэрыхэхыпхъэр къэкIуэнум хуэзыущииф хъуа тхакIуэ щыпкъэм блэкIа лIэщIыгъуэм и тхущI гъэхэм зрипщытащ лъэпкъ тхыдэр зэфIэзыгъэувэж рассказхэм. Телъыджэщ КIэрашэм и рассказхэм я къежьэкIэр. Абы хузэфIокIыр цIыху щхьэхуэм ехьэлIа Iуэхугъуэ цIыкIуфэкIухэмкIэ, щхьэзакъуэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ, гупсысэкIэхэмкIэ, дуней тетыкIэмкIэ лъэпкъ псом и гупсысэкIэр, хабзэ зехьэкIэр, дуней тетыкIэр, цIыху хэтыкIэр зэфIигъэувэфыныр. Ар тхакIуэм щIыхузэфIэкIыр къигъэщI образхэм я IуэхущIафэ нэхъ цIыкIу дыдэри, абыхэм яригъэч дэтхэнэ лъэбакъуэри къызыхэкIа лъэпкъ уардэм «адыгэ хабзэ» зыфIища пщалъэм хуригъэплъэкI зэпыту, а хабзэм адыгэлIым щиубыд лIыгъэм, фIэлIыкIым, бзылъхугъэм яхуигъэув къабзагъэм, Iущыгъэм, щабагъым зэрыпигъэшачэрщ. Ауэ абы щыгъуэми «адыгэ хабзэм и пщалъэм къитIасэ хьэл-щэн зыхэлъ лIыхъужьыр - фIыщ, абы темыхуэр - бзаджэщ» жиIэкIэ зэфIимыгъэкIыу, тхакIуэм къетIэщIыр а ем е фIым лIыхъужьыр хуэзыгъадэ хьэлым и къуэпсым, лъынтхуэм и къежьапIэр.

ЦIыхур езым и дуней тетыкIэкIэ, и гупсысэкIэ, и гъэсэныгъэкIэ лIыгъэ щIапIэм зэрыхуэхьэзырыр бетэмалу белджылы зэрыхъур икъукIэ IэкIуэлъакIуэу къыщыгъэлъэгъуащ КIэрашэм «ГъащIэм и дерс» зыфIища и рассказым. Хамэм «щIалэфIщ» къыхужаIэурэ, жаIэр зи фIэщ хъужа шы дахэ мыжэ щауэмрэ лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ имыхуауэ зи зэфIэкIымрэ къылъыкъуэкIыну гуащIэмрэ зымыгъэлъагъуэ адыгэлI зэтетымрэ яку къыдэхъуэ Iуэхугъуэм тепсэлъыхь къудейкIэ зэфIимыгъэкIыу, а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм лъабжьэ хуэхъуамрэ щIалэщIэм апхуэдэ къылъыкъуэкIыжын папщIэ имылэжьыпхъэмрэ тхакIуэм тхылъеджэр ирешалIэ. ЩауэщIэр япэ щIыкIэ зэрымыгупсысам къыхухэкIа щIэщхъуми и гъащIэ псокIэ къыщхьэпэжын дерс къыхрегъэх.

КIэрашэ Тембот «Шыхъуэм и лIыгъэ» рассказыр итхын щыщIидзам адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, абы къикIуа гъуэгуанэ хьэлъэм, къызэринэкIа лъэпощхьэпохэм, и гупсысэкIэм фIы дыдэу щыгъуазэххэт. БлэкIа лIэщIыгъуэм и тIощI гъэхэм Адыгейм гъащIэщIэр щыухуэнымкIэ екIуэкIа лэжьыгъэшхуэм жыджэру хэта, гъащIэщIэм и ухуакIуэхэм я образхэр и тхыгъэхэм дэгъуэу щызэфIэзыгъэува КIэрашэм романыр къигъанэу лъэпкъым и блэкIам щыщ Iыхьэ щхьэхуэхэр къыщигъэлъэгъуа рассказхэм зритын хуей щIэхъуам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр щыIэщ. Ауэ, хэт сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ абы къыхуимыгъуэтми, шэч зыхэмылъыжыр зыщ: тхакIуэм и мурадыр зригъэхъулIэфащ.

ГъащIэм нобэ къигъэув Iуэхугъуэшхуэхэр и кIэм нэсу къыбгурыIуэн, ахэр зэфIэбгъэкIыфын папщIэ, блэкIам набдзэгубдзаплъэу упхырыплъыжу абы дерс къыхэпхын, нобэрей махуэр къэзылъхуа дыгъуасэу, иджырей Iуэхухэм я къежьапIэ хъуам хэплъэжын, ар къэхутэн зэрыхуейр фIэщ тщещIыр КIэрашэм и творчествэм. Тембот и рассказхэр а зэманым къыдэкIа нэгъуэщI тхылъхэм езыгъэфIэкIыр КIэрашэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэращ: и тхыгъэхэм зи гугъу щищI Iуэхугъуэхэм хэлъ ери фIыри хэдз щымыIэу гъэщIэрэщIэныгъэ ямылейрэ фIэщщIыгъуей зэхущытыкIэрэ хэмылъу, «цIыхумрэ цIыхугъэмрэ япэ дунейм теткъым» гупсысэр дэтхэнэ Iуэхуми и бгъэдыхьэкIэм лъабжьэ зэрыхуищIырщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ тхакIуэм и рассказхэм телъыджэу щыхузэфIокIыр цIыху щхьэхуэм и гъащIэмкIэ лъэпкъ гъащIэр, лъэпкъ тхыдэр ди пащхьэм кърилъхьэныр. Ар псом хуэмыдэу щынэрылъагъущ «Шыхъуэм и лIыгъэ» рассказым.

КIэрашэр а рассказым яужь щихьар (50 гъэхэм и кIэр - 60 гъэхэм я щIэдзапIэр) художественнэ тхыгъэхэм я купщIэм эстетикэ и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтын щыщIадза зэманырщ. ЦIыхум и псэ къабзагъыр, абы нэрымылъагъуу хэлъ лIыгъэр, цIыхугъэр наIуэ къэщIыным тхакIуэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI щыхъуа а илъэсхэм Тембот зретыр адыгэ лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ къыдэгъуэгурыкIуа нэщэнэ нэхъыфI дыдэхэр къызэщIикъуэжыным икIи ахэр и тхыгъэхэм щызэфIигъэувэурэ образхэм яхипщэным. КIэрашэм къызэрилъытэмкIэ, фIым лъабжьэ хуэхъур сыт хуэдэ дэкъузэныгъэми и бийуэ уувыфынырщ. Абы щыгъуэми тхакIуэм и лIыхъужьыр «къигъэпсалъэркъым» емрэ фIымрэ зэхэгъэкIыным е цIыхум пщIэ хуищIыным теухуауэ. ИкъукIэ IэкIуэлъакIуэу тхакIуэм зэфIегъэувэр и лIыхъужьхэм я образхэр. Абыхэм я хьэлщэнхэр КIэрашэм къеIуатэр псэр зыхуэдэмкIэ, я дуней еплъыкIэмкIэ, я гупсысэкIэмкIэ. ТхакIуэм щIэгъэкъуэн къещIыр щIыуэпсри, лIыхъужьыр къэзыухъуреихь хьэпшыпхэри, нэгъуэщIхэри.

ТхакIуэм и лIыхъужьхэр гугъуехьым пыIуидзыркъым, уеблэмэ ахэр гъащIэм и лъэпощхьэпохэм я курыкупсэм хегъэувэр, ахэр гугъуехьым ипсыхьу цIыхум хэлъын хуей хьэлщэн нэхъыфIхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэщIигъэушэжын папщIэ. «ЦIыхур щхьэ закъуэ акъылкIэ псэуа хъуркъым», «ЦIыхур цIыху щIыжщ» щIыжаIэри аращ. Абы хэлъын хуей хьэл-щэн нэхъыфIхэр къызыпкърыкIыр къэзыухъуреихь цIыхухэращ, къызыхэкIа лъэпкъырщ. А гупсысэрщ КIэрашэм и тхыгъэхэм тегъэщIапIэ хуищIыр. Аращ и рассказхэм хэт лIыхъужьхэм я дуней тетыкIэмрэ я гупсысэкIэмкIэ ахэр къызыхэкIа лъэпкъым и философиер Тембот щIызэпкърихыфыр, ар и тхыгъэ гъуэзэджэхэмкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэми я деж щIынигъэсыфыр.

ШЫКЪ Николай.
Поделиться: