«И псэращ ещхьыр»

«Ещхьщ Iунэ, ауэ дэндейра ещхьыр? И нитIыра? Хьэмэрэ и Iупэра? Е и пэрауэ пIэрэ? - Ефэндым къыхуэубыдыркъым пхъэ гуащэр Iунэ зэрещхь щIыкIэр. - Дауэ мыр? И пэр ещхькъым, и нэр ещхькъым, и Iупэ-жьэпкъыпэри ещхьыщэу жыпIэнкъым. ИтIани, ещхьщ.
- Ей, тхьэмыщкIэ, - къопсалъэ ар, зылъыхъуэр къыщыхуэмыгъуэткIэ, - ей, тхьэмыщкIэ, мыр Iунэ ещхьи-тIэ!
- Уэи, къэпщIам! - жи Хьэбалэ, ныкъуэгуфIэ-ныкъуэдыхьэшхыу.
-Тхьэр согъэпэж, ещхьыркъабзэкIэ! Ауэ ещхьыр дэндейми къысхуэгъуэтыркъым.
- И псэращ ещхьыр, - жи Хьэбалэ, зэрихабзэжьу псалъэхэр зэпишу».

Нало Заур и «Хьэбалэ и пхъэ гуащэ» новеллэм щыщ мы Iыхьэр щхьэхуимыту уигу къокIыж КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Тэрч къалэ щIыхь зиIэ и цIыху Гъыдэ Валерэ и IэдакъэщIэкIхэм уащеплъкIэ. 
- ЦIыху сурэт щIыныр сыт щыгъуи нэхъ сфIэфIу щытащ, уеблэмэ си диплом лэжьыгъэу щытари аращ, - къыддогуашэ Гъыдэр.
КъежьапIэ хуэхъуам теухуауэ абы жеIэ и нэхъыжьхэм сурэтыщI зэрахэмытар, и къуэш- шыпхъухэм школым кIуэн щIадза иужькIэ абыхэм якIэлъыплъурэ езыр-езыру тхэкIэ-еджэкIэ зэрызригъэщIар. Ар щеджа школым и блын газетхэр зыщIыр Валерэт, уеблэмэ ныбжьыщIэ зэпеуэм хыхьэри, ахъшэ саугъэтхэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. А ахъшэмкIэ лэч зэмыфэгъухэр къищэхуауэ зэрыщытари игу къегъэкIыж ди псэлъэгъум.
Курыт еджапIэр къиуха иужь, къуажэ клубым щагъэлъэгъуэну кинофильмхэм я афишэхэр ищIурэ щIакхъуэ Iыхьэ къэлэжьын щIэзыдза Гъыдэ Валерэ иджы къэрал къулыкъущIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэр ирагъэщIыну дзыхь зыхуащI зырызхэм ящыщ хъуащ. Абы жеIэ афишэхэр къызэрыгуэкIыу итхын щIидзами, иужькIэ а фильмхэм щыщ теплъэгъуэ цIыкIухэри абыхэм трищIыхьурэ цIыху нэхъыбэ еплъыну кърашалIэ хъуауэ зэрыщытар.
Сурэт щIыным и щэхухэр абы игъэунэхун щыщIидзар художник цIэрыIуэ Ткаченкэ Андрей и дежщ. Абы Пионерхэм я унэм щигъэлажьэ студием зэман гуэркIэ екIуэлIащ Валерэ икIи жеIэ и Iэзагъэм лъабжьэ хуэхъуар а студием щызригъэгъуэта щIэныгъэр зэрыарар.
СурэтыщI IэщIагъэр Гъыдэм армэми къыщыхуэсэбэпащ. 1964 гъэм къулыкъу ищIэну дашри, Германиеращ илъэсищри щрихьэкIар. Абы ирагъэщIырт плакатхэр, стендхэр, цIыху щхьэхуэхэм я сурэтхэр. Армэ нэужьым Налшык дэт Автотранспорт комбинатым мазих хуэдизкIэ щылэжьауэ, тегушхуэри, Дагъыстэным щыIэ художественнэ училищэм и документхэр иригъэхьащ. Апхуэдэ къэмыхъуауэ, ар занщIэу етIуанэ курсым щIагъэтIысхьауэ щытащ. Училищэ нэужьым университет зыбжанэм щеджэну Iэмал иIами, унагъуэм я нэхъыщIэ Валерэ унэм къежьэу щIэс и анэр къигъэнэн хулъэкIакъым. Арагъэнщ гъуэгу щIигъуэтари. Тэрч къалэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм зы пэш щыхухахри, лэжьэн щыщIидзащ. Псом хуэмыдэу и лэжьыгъэр хуиунэтIащ а зэманым Тэрч щIыналъэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Максим и фIыгъэкIэ къызэрагъэпэща музейм. Нарт эпосым къыхэбэкъукIауэ къыпщыхъу сурэт телъыджэхэмкIэ музейм и блынхэр екIуу игъэщIэрэщIащ Валерэ. Нэрылъагъущ ар пасэрей хьэпшыпхэр щызэхуэхьэса унэ къызэрыгуэкI мыхъуу, ди лъэпкъым и Iэужь бейм пщIэ щыхуащI хэщIапIэу зэрыщытыр. Тэрч щIыналъэмрэ къалэмрэ я гербхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар Гъыдэращ, Тэрч къалэ узэрыдыхьэр къозыгъащIэ дамыгъэ екIур зейри аращ. Уи гур хагъахъуэ Тэрч къалэ ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и етIуанэ къатым и блынхэм тещIыхьа теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэм. Инарыкъуей щызэхэта колхоз цIэрыIуэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зэрихьэу я къуажэ къыщызэIуаха музейри Дей къуажэ дэт курыт еджапIэм хэту къызэрагъэпэща музейри екIуу зыгъэщIэрэщIар Валерэщ.
Иджыпсту Гъыдэр ЩэнхабзэмкIэ управленэм щолажьэ, ауэ нобэми и лъэщапIэр здэщыIэр музейращ. ЩIыпIэ куэдым къыщацIыхуа сурэтыщIыр зи щхьэ хуэткIииж зырызхэм ящыщщ.
«Сурэт нэхъыфIыр иджыри сымыщIауэ къысщохъу. Сэ сызэреплъымкIэ, уи лэжьыгъэр ебгъэфIэкIуэну ухуеймэ, упсэухукIэ уи зэфIэкIым зебгъэужьын, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн хуейщ. Сурэт щIыным и нэхъ гугъухэм ящыщу къалъытэ портретыр. Ауэ щыхъукIи, сэ аращ нэхъ сфIэгъэщIэгъуэнри. Къалэн нэхъыщхьэр сурэтыр зытепщIыкIым ещхь пщIынырщ, ауэ щыхъукIи, Iэмал имыIэу и хьэлыр, и зэхэщIыкIыр, и дуней тетыкIэр къызытещ нагъыщэ гуэр хэлъын хуейщ. ЦIыхум и нэхэм куэд къаIуатэ, аращ абы сурэтыщIхэр нэхъыбэу щIелэжьри. Сурэт зытепщIыкIынур фIыуэ зэбгъэцIыхун хуейщ, итIанэ уи щхьэм абы и сурэтыр щыбощI, уи нэгу къыщIыбогъэхьэ. Уи щхьэм илъымрэ уи Iэм ищIымрэ зэтемыхуэмэ, гугъу урегъэхь, а тIур зэщхь хъумэ - сурэтыр, шэч хэмылъу, къохъулIэнущ», - жеIэ Гъыдэм.
Гъыдэм и IэдакъэщIэкIхэм уеплъа иужькIэ, ар зэрыпсэун къызэрилэжь IэщIагъэ къудейуэ къызэримылъытэр нэрылъагъущ. Арагъэнщ абы зыгъэпсэхугъуэ махуэхэри и лъэщапIэм щIыщигъакIуэр.
Валерэ къыхегъэщ сурэт щIыным и фIыгъэкIэ цIыхухэр тыншу къицIыхуф зэрыхъуар - я зыхуэпэкIэкIэ, зыщIыкIэкIэ абыхэм я дуней тетыкIэр, жаIэм и пэжагъыр, я гум илъыр къызэрищIэфыр.
Творчествэрэ унагъуэрэ я лъэныкъуэкIэ цIыху насыпыфIэщ Гъыдэ Валерэ. Абы и щхьэгъусэ Щад Риммэрэ езымрэ хъыджэбзищрэ зы щIалэрэ зэдапIащ, плIыри унагъуэ дахэу ягъэтIысыжащ. Быным я быныжу цIыкIуибгъу я куэщIым ирапIыкI дадэ, нанэ Iумахуэхэм. Валерэ хуэдэу и бынхэм сурэтыщI къахэмыкIами, и хъыджэбз курытым - Борэ (Гъыдэ) Иринэ - сурэт дахэу ещI. 
ЦIыхур зыгъэинри зыгъэлъапIэри и IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэщ. Тхьэм зэфIэкI къыббгъэдилъхьэныр насыпщ, ауэ насып тIуащIэщ Гъыдэ Валерэ хуэдэу ар зэхэпщIыкIыу къыпхуэгъэсэбэпыныр.
Ди лъэпкъэгъу сурэтыщIым и IэрыкI дахэхэмкIэ дуней псом къыщацIыхуну, творческэ дэрэжэгъуэ щымыщIэу иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым хуэлэжьэну дохъуэхъу.

 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: