ПщIэрэ нэмысрэ зыхэлъ сэлэт

Къэралым дзэ къулыкъу хуэ­щIэныр икъукIэ жэуаплы­ныгъэш­хуэ зыпылъ къалэнхэм ящыщ зыщ икIи пщIэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Мы махуэхэм ди Хэкум и щIыпIэ куэдым ар щрахьэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и­кIа ди лъэпкъэгъухэм. ТIуа­щIэу гуапэ мэхъу ахэр зыхэхуа гупхэм ­къахэжаныкIыу, пщIэрэ нэмыс­рэ къыщагъэлъагъуэу хъыбар къыщытIэрыхьэм деж.

Ди лъэпкъэгъу Мэш Резуан­ и дзэ къулыкъур щрихьэкI Новго­род Ищхъэрэ дэт частым и уна­фэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ полковник Мамонов Е., 7-нэ тIасхъэщIэх батальоным и Iэтащхьэ Козаченкэ А. сымэ къабгъэдэкIыу фIы­щIэ тхыгъэ иджыблагъэ къыIэрыхьащ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу и анэ Заретэ.
Тхыгъэм къыщыхьащ Резуан цIыху пэжу, гъэсэныгъэ зыхэлъ зауэлIу, дзыхь къыхуащIа Iэщэр Iэрыхуэу къэзыгъэсэбэпу зэрыщытыр, час­тым и жылагъуэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтыр. «Фи щIа­лэм, пщэрылъ къыхуащIа Iуэхугъуэм и IэщIагъэлI нэс хъуащ. Дзэ, физическэ зыгъэсэныгъэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщегъэлъагъуэ, и къалэнхэр нэгъэсауэ егъэзащIэ, - щыжаIэ унафэщIхэм я тхыгъэм. – Командирхэм, къулыкъу къыдэзыщIэ нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми хуэфэщэн гулъытэ яхуещI. Резуан зи пщIэр зыIыгъыж, зыхэт гу­пым щIыхь щызиIэ зауэлIщ. Ищ­хьэ­кIэ щыIэ унафэщIхэми дэри къыдбгъэдэкIыу фIы­­щIэ фхудощI фи къуэм гъэсэныгъэ нэгъэса зэрыбгъэдэфлъхьам папщIэ. Узыншагъэ быдэ, ехъулIэ­ныгъэ фиIэну, фи щIалэм и зэфIэкI лъагэхэм къаруущIэ къыф­хилъхьэну ди гуапэщ».
Мэш Резуан дзэ къулыкъур игъэзэщIэну ираджащ нэгъабэ и дыгъэгъазэм. Унэм абы темыпыIэжу къыщыпоплъэ и щхьэгъусэ Залинэрэ мыгувэу зи ныбжьыр илъэс ирикъуну ипхъу Миленэрэ.

Къэхъун Бэч.
Поделиться: